Псы хущхъуэхэмрэ ахэр къызэрызэIуахамрэ

Урысхэм  «Железная» зыфIаща   бгым  пэгъунэгъу  псы  хущхъуэхэм  я  гугъу  урысхэм   япэу  яхуэзыщIар  нэ  дохутыр  цIэрыIуэ  Гааз  Фридрихщ.  Езым и  пэ  абыхэм  ятетхыхьа  Паллас  Пётр  зытепсэлъыхьа   псыхэр  къилъыхъуэу,  офицерхэми  дохутырхэми япкърыупщIыхьыурэ  къекIуэкIащ  Гааз  зыкъомрэ.  Щэнейрэ  Шотландием къикIа  чыристан  духьэшыхэм    я  псэупIэ  Каррас къыщежьэурэ,  Бещто  лъэныкъуэкIэ  щылъыхъуащ, ауэ  игъуэтакъым. 

«Псы  хущхъуэхэр  япэу  къэзыгъуэтар   Гаазщ»  псалъэухам  мащIэу ди  дыхьэшхын  къегъакIуэ,  пэжым фыхуеймэ.  Ар ещхьщ  «Колумб Америкэр  къызэIуихащ»  жыхуаIэм.  Америкэр  абдежым  щымытамэ, Колумби  абы  кIуэнтэкъым, пэжкъэ? Апхуэдэ   дыдэу, кавказ псы хущхъуэхэр  Гааз  дунейм  къытехьэн  ипэкIи  щIыналъэм  щыIащ.  Индеецхэм  Америкэр  сытыт  къыщIалъыхъуэнур?  Гаази  зи  хъыбар и тхьэкIумэм  иIуа    псы  хущхъуэхэм  ящIэупщIэрэ  пэт, урысыдзэм  хэт  ХьэтIохъущокъуэ  Исмэхьил  хуэзэри, гъусэрэ  гъуазэрэ  къритащ.  Абы иужькIэщ  Гааз, Колумб  ещхьу, «псы хущхъуэхэр къыщызэIуихар».  Апхуэдэ  дыдэу, Хьэшыр Чылар и гъуса генерал Эммануэли  «Iуащхьэмахуэр  къызэIуихащ» хужыпIэфынущ.  Урысыбзэм и географ псалъалъэм  щIэуэ  къыхэува  щIыпIэм, бгым, псыежэхым  я цIэхэр  тхылъхэм  иратхэным  щхьэусыгъуэ  хуэхъуа   IэщIагъэлIхэрщ   иужькIэ  «къызэIухакIуэ»  зыфIащыжар.  Аращи, Гааз  фIыщIэ щIыхуэтщIыр абы  зэрытетхыхьыжаращ, нэгъуэщIкъым.

 «Геттинген  щыщ  си  ныбжьэгъу профессор Блуменмах  (Блуменбах Иоганн  (1752-1840) - нэмыцэ анатомщ, медицинэмкIэ профессорщ, Гааз щеджа Геттинген университетым щылэжьащ.  Блуменбахщ цIыху цIыкIур Кавказым къыщыхъуауэ теорие утыку къизыхьар, цIыху хужьым «кавказ расэ» фIэзыщар)  зи гугъу къысхуищIа  Георгиевск, шэрджэсхэм  я щIыналъэм,  сыщыIащ», -  щетх   Гааз   1811  гъэм  Мэзкуу   франджыбзэкIэ  къыщыдигъэкIа   «Александр  и  псы  хущхъуэхэм  сызэрыкIуар»  тхылъым.   - Абы  и  гугъэкIыжхэм  мы  щIыпIэхэм  срагъэхъуапсэрт  икIи  сыщагъэшынэрт.   Уэсым щIигъэна къурш  сатырым  ущриплъэкIэ, щхьэхуимыту  пщIэ  яхубощI  абыхэм.   Дунейр  зэрыуэфI  зэпытым  щIым и нэгъуэщI кIапэ  укъыщыхутауэ  къыпщегъэхъу.  Куэд щIауэ слъагъуну  сызыщIэхъуэпс псы хущхъуэхэм  япэгъунэгъу сыхъуащ.  Александровск  сыщыIэу, Георгий зи цIэ  къэзакъ гуэрым къызжиIауэ щытат  ахэр  Къэбэрдейм, Константиногорск (иджы - Псыхуабэ) деж  зэрыщыIэр.  Паллас  и  закъуэщ  Къэбэрдейм и  псы хущхъуэхэм  я  гугъу къытхуэзыщIар. Абы лъандэрэ  илъэс 17 дэкIащ. Ауэ  Гюльденштедт  и нэкIэ илъэгъуащ  мы псыхэр уз  куэдым зэрахуэщхьэпэр.  Кавказым  нэхъ  узыхуэсакъыпхъэу  ис  шэрджэсхэм  яIэщIэкIуэдэн  шынагъуэ  зэрыщыIэм хуэдэу, къунакъ  жыхуаIэ  бысымхэр  къагъуэтурэ, тыгъэ  гуэрхэр абыхэм   къыхузэдащтэурэ, загъэхъужыну  кIуэн  хьэлыр  иджыри  цIыхухэм зыханакъым».

1810  гъэм   дохутырыр   Лермонтов  и  «Измаил-бей» поэмэмкIэ тцIыху  ХьэтIохъущокъуэ  Исмэхьил   хуэзащ.  Езы  Гааз  ар  мыпхуэдэу  къеIуэтэж:  

 «Псори  зытепсэлъыхь, ауэ  зыми  имылъэгъуа а псы хущхъуэхэр къэзгъуэтыным  гугъэ  хэсхыжат. Пщым  (ХьэтIохъущокъуэ Исмэхьил – Ч. М.)   и  щIыхуэшхуэ  къыстехуащ  икIи  хэт  а  псы  хущхъуэхэр  къигъэщхьэпэми,  ардыдэр зыхищIапхъэщ, абы  гъуси  къысхуигъуэту  езы  гъуэгуанэри  къызэрызигъэхъулIам  папщIэ.  Псынэр Iуащхьэ  лъахъшэ  цIыкIум деж  къыщыщIэжырт. Псыр  къабзабзэщ, узэпхроплъ, мэи  фэи иIэкъым, жьэ кIуэцIми лъатэм  дежкIи гуакIуэщ, мащIэу  шыугъэщ,  гъущI зыхэлъ псы  псоми  ещхьу, Iур  мащIэу  егъэгъущI».

Гааз  псынэм  «Константиновский»  фIища  щхьэкIэ, цIэр абы кIэрыпщIакъым.  Зыкъомрэ  «Псынэ щхьэхынэкIэ»  еджахэщ. ИтIанэ езы  псынэми  бгыми  «Железный/ая»  фIащащ.  Абы и щхьэусыгъуэр  псыр  плъыжь улъияифэу  зэрыщытырт.

1823   гъэм  а  бгы дыдэм и лъапэм деж  профессор  Нелюбин А. П. иджыри   псынибл  къыщигъуэтауэ щытащ.  Иджыпстуи  Железнэ бгым  и лъапэм  деж щылъ  псы хущхъуэ  къыщIэжыпIитIым   Нелюбиным  и цIэр зэрехьэ.  1964 гъэм  Лермонтовыр  илъэси  150-рэ щрикъум  епха  дауэдапщэхэр щекIэкIым,  япэ  псынэм  усакIуэм и цIэр  фIащауэ  щытащ.

 

 

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: