Зэрызэкъуэтыр нэрылъагъуу

ГукъэкIыжхэр

«Шагъдий вагъуэбэ» зыфIаща шу зекIуэхэм ящыщ зыт Адыгэ Республикэм 2018 гъэм накъыгъэм и 3-м къыщегъэжьауэ и 8-м нэсыху щекIуэкIар. Бысымхэм къищынэмыщIа, абы хэтащ адыгэхэр щыпсэу хэгъэгухэу Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Краснодар крайм икIа щIалэхэри.

Мы тхыгъэр зей сэ зы махуэ гуэрым, пщыхьэщхьэхуегъэзэкIыу, си жып телефоныр къеуащ. Къулъкъужын къуажэм щыщ нэхъыжьыфI, зэрыцIыкIурэ шы гъэхъуным пыщIа Бабыгуей Сосрыкъуэ (Мухьэмэд) къэпсэлъащ, «Аслъэн, пщэдей ди гъусэу нежьэ, Адыгейм щызэхэтшэну шу зекIуэм укъыддыхэтын, хуей хъуми, утетхыхьыжын хуэдэу» жиIэри.

Зи гугъу ищI щIыналъэр фIыуэ зэрыслъагъум къыхэкIыу, сыкъызэфIэнащ: «Ар дауэ? СщIэххакъым апхуэдэ гъуэгуанэ фытехьэуи, сыхуэхьэзыркъым». «Уэлэхьи, ущыгъуазэ си гугъамэ». «СынэкIуэнт сфIэфIу, лэжьапIэмкIи си щхьэ IуэхукIи зэрыхъунуращ сымыщIэр, армыхъуамэ». «Иджыпсту укъыддемыжьэфми, махуэ зыбжанэ дэкIауи уныткIэлъыкIуэ хъунущ. Зы щIыпIэ гуэрым деж укъыщыткIэлъысыжынщ», - сигъэIущащ ныбжьэгъум.

Бабыгуейм сызыхидза гупсысэр си щхьэм щыкIэрахъуэ зэпыту махуитI згъэкIуауэ, сыщылажьэ «Адыгэ псалъэ» газетым и редакцэм щызэхызох «Шагъдий вагъуэбэ» зыфIаща шу зекIуэр, махуэ зыбжанэ дэкIмэ, зи гугъу тщIы хэгъэгум и Тохъутэмыкъуей къуажэм зэрыщызэхуащIыжынур, а Iуэхум ехьэлIауи абдежым къыщызэрагъэпэщыну гуфIэгъуэ дауэдапщэхэм журналистхэм щыщ гуэрхэри зэрырагъэблэгъам теухуа хъыбарыр…

КъыкIэлъыкIуэ щIопщ уэгъуэр арагъэнти, а пщыхьэщхьэм Бабыгуейм деж сыпсэлъащ икIи сеупщIащ: «Дапщэщ зынисч хъуну?» - жысIэри. «Зумылъэфыхьмэ, нэхъыфIщ. Пщэдей фIумыгъэкIыу къежьэ, Аслъэн». ГъэщIэгъуэныракъэ, апхуэдэу дахэу си Iуэхур зэхуэхъуа пэтми, псынщIэрыежьэм сызэрыхуэмыхьэзырыр «щхьэусыгъуэфIтэкъэ», сыгузавэрт, сызэрытемыгушхуэм къыхэкIыу. АрщхьэкIэ, унэм сызэрынэсыжу зыхуэзгъэхьэзыру щIэздзащ къыкIэлъыкIуэ махуэм гъуэгу сызэрытехьэнум.

Си закъуэщ

СыздэкIуэм щIагъуэу сызэрыщымыгъуазэм, сызыхуэзэнухэм сакъызэрыщыхъунур зэрызмыщIэм сропIейтей… Япэ жэщ-жэщитIыр щисхынури гурыIуэгъуэкъым. СызылъэщIыхьэну щIалэхэм шым сышэсын хуейуэ къысхуагъэувыну хьэмэрэ ядэщIыгъу машинэ гуэрым срагъэтIысхьэну? Абыи хэсщIыкI щыIэкъым. А псом къадэкIуэуи, шу зекIуэр пщэдей хуэдэм къыщыщIидзыну щIыпIэм сынэсыным гъуэгупщIэу текIуэдэнур зыхуэдизми, нэгъуэщIхэми сызэрыщымыгъуазэм иджырей си ежьэгъуэм Iэнкунагъэ къыхалъхьэрт.

Абы къыхэкIыуи мурад сщIащ, япэщIыкIэ Мейкъуапэ сынэсу, абы дэс си цIыхугъэ, хьэщIэкIэ фIы, Тыркум къызэриIэпхъукIыжрэ куэд щIа Бэрзэдж Убых деж а жэщым сыщыIэу, етIуанэ махуэм Краснодар (Бжьэдыгъукъалэ) здэщыIэ лъэныкъуэкIэ есIуэнтIэкIыну.

Бэрзэджым гъуэгу сытехьэн ипэ телефонкIэ зыпысщIати, сызэрыщыгугъауэ къысхущIэкIащ. Уеблэмэ, автобусым ситIысхьауэ сыздэкIуэм, езыр къысхуэгузавэу къэпсэлъэжащ, «сыдэмысу укъэсмэ, пщIантIэм узэрыдыхьэнури, унэм узэрыщIыхьэнури къыбгурызогъаIуэ», - жиIэу.

… А пщыхьэщхьэм Бэрзэдж Убых и унэ сисащ. Езыри Iуэху гуэр иIэу дэкIати, мыгувэу къигъэзэжащ. Тхылъ сымыцIыхухэр, адыгэхэм ятеухуауэ дэнэ лъэныкъуэкIи къыщыдагъэкIахэр и гъэтIылъыпIэ-дапхъэхэм хуэфIу зэрыщегъэтIылъэкIам сыщыгуфIыкIащ. Сызэхъуапсэ псори къызэгуэсхыну зэманыр къызэрызэмэщIэкIым нэхъ гукъеуэ симыIэу, нэху сыкъыщекIащ Бэрзэдж Убых и унэм.

Бэрзэдж Убых

Къыщыхъуа Тыркур абы 1981 гъэм ибгынэн хуей хъуащ. Апхуэдэу къыщыщIидзым, зыхущIэкъу Германием зэуэзэпсэу зэрамыгъэкIуэнур ищIэрти, Бэрзэджым япэщIыкIэ ИорданиемкIэ иунэтIащ. Ар дэтIысхьащ Амман пэгъунэгъуу щыс Хьэнэсир адыгэ къуажэм икIи «Нартхэм я макъ» фIэщыгъэр иIэу Тыркум къыщыдигъэкIыу щыта и журналым, анэдэлъхубзэкIэ, тыркубзэкIэ, нэмыцэбзэкIэ ягъэхьэзыра тхыгъэхэр щызэхуэхьэсам, елэжьын щIидзэжащ.

Бэрзэджым и журналыр, и жагъуэгъухэм ящихъумэн мурадкIэ, и цIэр «Щыблэ» жиIэу зэхъуэкIауэ иджы Германием щытрыригъадзэрт. Ар Тыркум ис и лъэпкъэгъухэм япэхэми хуэдэу яIэригъэхьэрт, а къэрал жыжьэм кIуэ-къэкIуэж автомашинэ хьэлъэзешэхэм я гублащхьэдэсхэр къигъэсэбэпкIэрэ.

КъызэрыщIэкIымкIэ, Убых а лэжьыгъэ щхьэпэмкIэ икIи мытыншымкIэ Тыркум къыщыдэIэпыкъуахэм ящыщщ а къэралым илъэс куэд ипэкIэ къиIэпхъукIыжауэ щыта, налшыкдэсми, хы ФIыцIэ Iуфэм Iус шапсыгъхэм я дежи щIэх-щIэхыурэ къыщыхутэ, си цIыхугъэ щIагъуэ Бидэнокъуэ Нихьэт. А Iуэхум езы Убых иджы япэу къысхутепсэлъыхьыжу арати, згъэщIэгъуащ алъандэрэ и гугъу зэримыщIар. Дауи, нэхъапэхэми сэ зэхэсхат Бидэнокъуэ Нихьэт, адыгэхэм я тхыдэр, щэнхабзэр джыным, я бзэр хъумэным хуэгъэзауэ Тыркум щригъэкIуэкIа и лэжьыгъэр къыхуамыдэу, а къэралым гугъу зэрыщрагъэхьам теухуа хъыбарыр. ИкIи, Убых къызэрысхуиIуэтэжамкIэ, Бидэнокъуэ Нихьэт а лъэхъэнэм Тыркум щагъэтIысынкIэ хъуну щытащ. Бэрзэджыр, езым зэрыжиIэжымкIэ, а къэралым мазэ 11-кIэ хьэпсым щисащ…

Ди зэпсэлъэныгъэм сызыхуиша гупсысэщ, укъызыхэкIа лъэпкъым, зихъумэжын папщIэ, удэIэпыкъуныр зэрыIуэху гугъур, дэнэ къэрал щыпсэу адыгэхэри (Хэкужьым исхэри абыхэм яхэту) дыкъэзыухъуреихь лъэпкъышхуэхэм тIэкIу-тIэкIуурэ дазэрыхэшыпсыхьыжым и гукъеуэр нэгъэсауэ зыхэзыщIэхэм Бэрзэдж Убыхи, Бидэнокъуэ Нихьэти зэращыщыр.

Гъуэгуанэм пызощэ

КъызгурыIуэрт, сызылъыхъуэ шууейхэм сащыхуэзэфынур Псыжь мыдрыщIкIэ къыщылърэ Краснодар къалэми декIуэкIыу хы IуфэмкIэ гъэза Адыгэ Республикэм и «шыпхэтIыгур» зэрыарар. Бэрзэдж Убых, сыкъызэригъэгугъам тету, абыхэм салъыщIигъэхьэжын мурадкIэ, Мейкъуапэ дэт автовокзалым къыкIэлъыкIуэ махуэм и пщэдджыжьыпэм сынигъэсащ. Абдежым Краснодар кIуэ микроавтобусым ситIысхьащ.

Дыздэжэм, согъэщIагъуэ, алъандэрэ дызыпхыкIар мыадыгэщI хуэдэ, «Адыгея» фIэщыгъэр ину тету гъуэгугъэлъагъуэ нагъыщэ зы щIыпIэ гуэрым деж аргуэру дызэрыщрихьэлIэжар. Гъэбэкъуей зи фIэщыгъэ къуажэм дыщыблэкIым сыгушхуащ, «мыбдежыращ къыщыщIадзар ди шууейхэм я зекIуэр» жысIэри…

Тхыгъэри сурэтри КЪУМАХУЭ Аслъэн ейщ.
Поделиться: