Урысейпсо зэхьэзэхуэр къапоплъэ

СпортымкIэ мастер, дунейпсо класс зиIэ, КъШР-м и депутату, дунейм самбэмкIэ и чемпиону щыта Къуныжь Мухьэмэд и фэеплъ урысейпсо зэпеуэ Черкесск къалэ щекIуэ­кIащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и спортсменхэм а зэхьэзэхуэм медалитху къыщахьащ. 
«Юбилейный» спорткомплексым щекIуэкIа VII къэралпсо зэпеуэм саугъэту бгъум щыщIэбэнащ абы хэтахэр, текIуахэр ахъшэкIэ ягъэпэжащ. КъищынэмыщIауэ, нэхъыфIхэм Iэмал ягъуэтащ Армавир къалэм самбэмкIэ щекIуэкIыну урысейпсо зэхьэзэхуэм хэтыну. Апхуэдэ пщIэр зылъысахэм ящыщщ Бжьэдыгъу Аскэррэ (кг 64-рэ) Мамий Астемыррэ (кг 88-рэ).
ЕтIуанэ увыпIэр яубыдащ ЖьэкIэмыхъу Ренатрэ (кг 88-рэ) Борэнрэ Инал­рэ (кг 64-рэ).
Домбеякъыр къихьащ зи хьэлъагъыр килограмм 46-м нэблагъэхэм я деж щыбэна Узденов Муслим.
Спортсмен ныбжьыщIэхэр зэхьэзэхуэм хуа­гъэхьэзыращ Ким Руслан, Махуэ Олег, ПшынащIэ Мурат, ГъущIапщэ Самир сымэ.

НАФIЭДЗ Мухьэмэд.
Поделиться: