МахуэщIым ирихьэлIэу къызэщIагъэблэнущ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр илъэси 100 щрикъум ирихьэлIэу зэрагъэпэщыжа телечэщанэ цIэрыIуэр щIышылэм и 25-м, Урысейм и студент щIалэгъуалэм я махуэм, нурыбэу къызэщIагъэблэнущ, идз нэхум хэлъыну тхыпхъэхэр макъамэрэ уэздыгъэ джэгуу зэхэтынущ.

Сыхьэт 17.00-м щегъэжьауэ 21.00-м нэсыху телечэщанэ нурым «Студент щIалэгъуалэм я махуэмкIэ дынывохъуэхъу!» хъуэхъубзэр къызэпхидзу техникэм и лэжьыгъэри яутIыпщынущ. КъызэгъэпэщакIуэхэм зэрыжаIэмкIэ, нурым идзыну уджым пиксель мини 10340-рэ хъу уэздыгъэ цIыкIухэмрэ нурыдз уэздыгъэшхуэхэмрэ (прожекторхэмрэ) къатещынущ. Абы Iэмал къитынущ нэхум зызыхъуэж плъыфэбэхэр джэгуурэ зэблигъэкIынымкIэ, и пIэм имыкI теплъэгъуэхэмрэ къэзыуфэрэзыхь сурэтхэмрэ зыр зым иужь иту уэгум къридзэнымкIэ. Уэздыгъэ цIыкIухэри уэздыгъэдзхэри дунейм и щытыкIэ зызыхъуэжхэм хуэщIащ, псыIагъым щыхъумащ, уэздыгъэ къаруушхуи имышхын хуэдэу гъэпсащ.
МахуэщI телечэщанэ джэгур зэрыкъэралу щыпагъэнэнущ. Назрань, Новгород Ищхъэрэм, Тамбов, Тулэ, Челябинск, Ярославль къалэхэм дэт телечэщанэхэм хъуэхъубзэхэр хэту нэхур ирагъэдзынущ, Белгород, Саранс, Грознэ, Тэн Iус Ростов къалэхэм я телечэщанэхэм теплъэгъуэбэу зэхэт гуфIэгъуэ гъэлъэгъуэныгъэхэр къызыхэщ нур джэгухэр зэхашэнущ.
Мэзкуу дэт «Останкино» концерт гъэлъэгъуапIэм и телечэщанэм нэхъапэкIэ къэмыхъуауэ «Телечэщанэ бэрэIущхэр» зи фIэщыгъэ акъыл джэгухэр щекIуэкIынущ. Абы щызэхьэрхуэрынущ щыхьэрым дэт, щIэныгъэ нэхъыщхьэ щрагъэгъуэт IуэхущIапIэхэмрэ еджапIэхэмрэ щеджэ студент гупхэр.
Студент щIалэгъуалэм я махуэр Урысейм 1755 гъэ лъандэрэ щагъэмахуэщI. «Мэзкуу къалэ университет къыщызэгъэпэщыным и IуэхукIэ» и фIэщыгъэу пащтыхь гуащэ Елизаветэ къищта унафэм ипкъ иткIэ, щIэныгъэрэ IэщIагъэрэ зэзыгъэгъуэт щIалэгъуалэр гъэгушхуэн хуейт. Иджырей Урысейм еджапIэ нэхъыщхьэхэм щIэс щIалэгъуалэм я махуэр 2005 гъэ лъандэрэ щагъэлъапIэ. УФ-м и Президентым «Урысейм и студент щIалэгъуалэм я махуэм теухуауэ» зи фIэщыгъэ и унафэр къэрал махуэгъэпсым махуэщIу къыщыхэгъэщащ.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, Къэбэрдей-Балъкъэрым и телечэщанэшхуэм метри 180-рэ и лъагагъщ. Абы и лэжьыгъэр щIэрыщIэу яутIыпщыжат щIыналъэм и махуэщIым ирихьэлIэу. Телечэщанэр щаухуар 1968 гъэращ. Кавказ Ищхъэрэм ит апхуэдэ ухуэныгъэхэм ящыщу мыращ нурыбэ зэщIэблэ япэу зиIэ хъуар. Абы и къэщIэрэщIэжыным къыдэкIуащ телечэщанэм игъэзащIэ къалэнхэр нэхъыбэ зэрыхъуар, и лъэщагъми хэпщIыкIыу къызэрыхэхъуар. ДяпэкIи абы и зэщIэблэкIэм, идз тхыпхъэхэм зыпхуегъэхъуэжынущ, программэ щхьэхуэ иIэу мэлажьэри, щIэхэр хэбгъэхьэ хъунущ. Архитектурэ и лъэныкъуэкIэ, сурэтрэ тхыпхъэу къищIыкIхэм я IуэхукIэ уеплъмэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и телечэщанэми хуэдэ щыIэкъым. Ухуэныгъэр ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэм и гъунэгъуу, щыхьэр уэрамышхуэм и ублапIэм зэрыщытым къыхэкIыу, ар малъхъэдис къарукIэ еузэд, уардэу къалэм къызэрыщхьэщытым ар къэгъуэтыгъуафIэ ещI. ЖыпIэнуращи, иужьрей лъэхъэнэм телечэщанэр ди щIыналъэм и дамыгъэ дахэхэм ящыщ хъуащ.

 

ШУРДЫМ Динэ.
Поделиться: