Псэущхьэ гъэщIэгъуэн

Сабий усэхэм, таурыхъхэм тхьэкIумэкIыхьыр шынэкъэрабгъэу куэдрэ щыжаIэ. Ар уи фIэщ пщIы хъунукъым. Абы щыхьэт тохъуэ Коммодов Геннадий а псэущхьэ цIыкIум триухуа тхыгъэр.

ТхьэкIумэкIыхьхэр къызэрымыкIуэу губзыгъэщ икIи Iущщ. Ахэр нэхъыбэу щыпсэур мэзымрэ губгъуэмрэщ. А псэущхьэхэм бий я куэдщ. Бажэм, дыгъужьым, жьындум, мыщэм тхьэкIумэкIыхьылыр я жагъуэкъым. ЦIыхухэри йощэ абы. Ауэ ахэм ар къащыIэрыхьэр зэзэмызэххэщ.

Бажэмрэ дыгъужьымрэ тхьэкIумэкIыхьыр тыншу яIэщIокI. Ахэр абы лъэщIыхьэркъым, уэсым къыхина и лъакъуапIэмкIи ар къэбгъуэтыну гугъущ. И лъэужьыр игъэкIуэдынымкIэ тхьэкIумэкIыхьыр икъукIэ Iэзэщ. И лъагъуэм уздрикIуэм, здэкIуари здэжари къыпхуэмыщIэу, лъакъуапIэр пфIобзэх. Дэнэ ар здэкIуар, лъэтауэ ара? Хьэуэ, метр-метритI хуэдэкIэ пкIэри, зигъэпщкIуауэ аращ. УлIмэ, къэлъыхъуэ иджы абы и лъэужьыр. Апхуэдэуи хуабжьу жыжьэу пкIэуэ и лъагъуэр пфIигъэкIуэдынкIэ хъунущ.

Гъэмахуэм щхъуафэу зехъуэж, удзым, пабжьэм къыхэгъуэтэгъуей зещI. ЩIымахуэм абы уещэкIуэнуи нэхъ гугъужщ: и фэр уэсым нэхърэ нэхъ хужьыжу зэрехъуэкIыф.

КIуапIи-жапIи къримыту зыгуэр къытеуамэ, тхьэкIумэкIыхьым иIэжщ езым и Iэмал: и бийм псынщIэу щхьэпролъри йожьэж. Къэхъуар адрейм къыгурыIуэху, псэущхьэ дахэ цIыкIур макIуэ-мэлъей. ТхьэкIумэкIыхьым ещIэ шынагъуэм укъызэригъэпщIантIэр икIи пщIэнтIэпсымэм укъызэрыщIигъэщыр. Абы зэи зыкъыщIимыгъэпщIантIэр къызэрамыгъуэтынур ещIэри аращ.

Жьындухэм а псэущхьэхэр гугъу ирагъэхь. Жэщым тхьэкIумэкIыхьым и шхэгъуэм ирихьэлIэущ абыхэм щэкIуэн щыщIадзэр. Жьындур, Iэуэлъауэ лъэпкъ иримыгъэщIу, мэлъатэ, гу лъумытэххэу абы и лъэбжьанэхэм уфIэнэныр бетэмалщ. Пэжщ, апхуэдэ щытыкIэхэм дежи тхьэкIумэкIыхь Iэмалшыр жьындум къыщыIэщIэкIыф, и гъащIэр щихъумэжыф куэдрэ къохъу.

Ауэ ар щакIуэхьэхэм щаIэщIэмыкIыфыр нэхъыбэщ, хьэр абы занщIэу лъэщIэмыхьэ пэтми. ТхьэкIумэкIыхьым псынщIэ дыдэу зреч, иныкъуэхэм деж сыхьэтым хуэзэу километр блыщIым нэс еж. Ауэ апхуэдэу куэдрэ жэфыркъым.

Ди мэзхэм, губгъуэхэм тхьэкIумэкIыхьым щишхын гъунэжу щегъуэт. Гъатхэм, гъэмахуэм, бжьыхьэм удзыр, пхъэщхьэмыщхьэхэр пэрыхьэтщ. ЩIымахуэм банэ Iувхэм я лъабжьэм удз гъуахэр, кхъужьей, мыIэрысейхэм я щIагъым пхъэщхьэмыщхьэ ныкъуэфхэри щымащIэкъым. Абы хуабжьу фIэфIщ уэс щIагъым ажэгъуэмэр, нэгъуэщI удзхэр къыщIищыпыкIыу ишхын.

Гъатхэ пасэм деж тхьэкIумэкIыхьым пабжьэ нэхъ Iувхэм лъхуэн-пIэн щыщIедзэ. Абы къелъху ику иту шыри 10 - 12 хуэдиз. Ахэр хэлъщ я анэм ипхъа цы щабэм. Абыхэм я анэм и шэр къызэрымыкIуэу Iувщ, къэуатщи, а цIыкIухэр псынщIэу хегъахъуэ. Удзхэр щIым къызэрыхэпщу, абыхэм къэжыхьын щIадзэри зэбгрыжурэ щIыпIэ-щIыпIэхэм зыщагъэпщкIу. ТхьэкIумэкIыхь анэм ахэр къегъуэтыж, езым имеи гъусэ къахуэхъуами, Iумпэм имыщIу, ари егъашхэ.

ТхьэкIумэкIыхьыхъухэр уэрэджыIакIуэ-джэгуакIуэхэм ещхьщ: щызэшхэм деж я плIэ лъакъуэхэр ягъэджэгуу къотIыс. КъыжыIэн хуейщ тхьэкIумэкIыхьхэр ди лъахэм и псэущхьэ нэхъ дахэ дыдэхэм зэращыщыр, ахэр хъума хъуным, бэгъуэным дыхуэсакъыпхъэщ дыкъэзыухъуреихь дунейр фIыуэ зылъагъу псори.

Поделиться:

Читать также: