Адыгэшыр Куржым

Куржым и пщыжьхэм ящIэрт Кавказ къуршхэм я ищхъэрэ лъапэм щIэс адыгэхэр бгъэблагъэмэ зэрынэхъыфIыр. Абы къыхэкIкIэ, а лъэпкъитIыр зэрыIыгът, зауэ-политикэ зэгурыIуэныгъэхэр нэчыхькIэ ягъэбыдэжу. Апхуэдэ зэхущытыкIэхэр нэхъ наIуэу къыхощыж 16-18-нэ лIэщIыгъуэхэм. КъищынэмыщIауэ, адыгэхэмрэ куржыхэмрэ я зэхуаку дэлът сату-экономикэ зэгурыIуэныгъэхэри. Псалъэм папщIэ, Куржым щIэупщIэшхуэрэ пщIэ лейрэ щиIэу щытащ дуней псом щыцIэрыIуэ адыгэшым.

1820 - 1824 гъэхэм Кавказым щыIащ франджы зыплъыхьакIуэ Гамбэ Жак Франсуа. «Путешествие в Закавказье» тхылъым абы щитхыжащ мыпхуэдэу: «Адыгэшым щIэупщIэшхуэ иIэщ: ахэр лъакъуэ быдэщ, дахэщ, екIущ, жэрщ, еш жыхуаIэр ящIэркъым. Абыхэм я щхьэр къуаргъыпэ къэгъэршам хуэдэщ, я зыIыгъыкIэкIэ инджылыз шы лъэпкъхэм тохьэ. Адыгэхэр хуабжьу йолIалIэ яшхэм, ахэр лъы къабзэу къызэтенэным. Кърымым адыгэшым щиуасэщ пиастр 200-м нэс, языныкъуэхэр къахъуэж щхьэхуимыти 8-кIэ!». 
Дауи, а псоми фIыуэ щыгъуазэт куржыхэри, увыIэгъуэ ямыIэу ящэхурт. 
Адыгэхэм я бынхэм зекIуэн зэрыщIадзэу ягъэшэсырти, зауэ IэнатIэм хуагъэхьэзырт. ИкIи адыгэ шуудзэр зэрыхьу бийм щыпежьэкIэ, я нэхъ дзэшхуэ дыдэри пикIуэтырт, куэдкIэ нэхъыбэми. Абы фIыуэ щыгъуазэ куржы пщышхуэхэр зауэ щыхэтым деж адыгэхэм къелъэIурт, я шуудзэр иратыну. Псалъэм папщIэ, пщыгъуэр илъэс 54-кIэ зезыхьа Ираклий ЕтIуанэм пщIэ щIитурэ зауэлIхэр пIалъэкIэ къищэхурт, кавказ лъпкъхэр зэрыщыту зэхишэрт, ауэ нэхъ лейуэ зыщIэупщIэри ахъшэшхуэ зищIитри адыгэхэрат. Тхыдэтххэм зэрыжаIэмкIэ, ар езым и анэшхуэр адыгэу зэрыщытам щхьэкIэ адыгэхэми дзыхь нэхъ яхуищIу арат – абы и анэм и анэ Русудан, Карти Вахтанг 6-нэм и щхьэгъусэр, джылэхъстэнеипщым ипхъут.
Ираклий ЕтIуанэмрэ абы и адэ Теймураз ЕтIуанэмрэ адыгэ шуудзэм къызэрыщIэлъэIуам и хъыбар къыхощыж тхыдэм. Абыхэм ящыщщ 1752 гъэм фокIадэм и 1-м Азербайджаным и Iэхэлъахэм деж куржы-адыгэ шуудзэр Аджи-Челеби Шеки и дзэм зэрезэуауэ щытар. А зэхэуэм текIуэныгъэр зыхьа адыгэхэм я зэуэкIэр илъэгъуа нэужь Ираклий ЕтIуанэм унафэ ищIат дяпэкIэ адыгэхэм деж шы къыщащэхуну, Дарьял къуэмкIэ дашурэ, Куржым яшэну. 
Адыгэхэми пщIэ хуащIырт Ираклий ЕтIуанэми, абы и щIэблэми. Псом хуэмыдэу абыхэм ягъэныбжьэгъурт Георгий ХII-р (1798-1800 гъ.гъ.). Мыбдеж къыхэгъэщыпхъэщ и щIалэгъуэм ар адыгэ пщащэ гуэрым къылъыхъуауэ зэрыщытар. Ауэ я натIэ къритхатэкъым ныбжьыщIэхэр зэрышэну – пщащэр дунейм ехыжащ и нэчыхьытхыр къэмыс щIыкIэ. Георгий ХII-м и гъащIэ биограф Иоселиани Платон зэритхыжамкIэ, «куржыпщыр лъагэт, зыIэщIэлът, ауэ и ныбжьыр илъэс 40-м щхьэдэха нэужь пшэр хъуати, хуиту щым шэсыжыфыртэкъым. Абы щыгъуэ, Георгий и къуэш Александр и щыкъу щIалэ Уц куржыпщым къыхуригъэшащ лъагэрэ Iэчлъэч хъужауэ адыгэш зыбжанэ. Абыхэм яхэтащ пщIэгъуалитI. Георгий ЕтIуанэм и адыгэ благъэм къыхуищIа тыгъэр апхуэдизкIэ и гуапэ хъуати, абы пэкIуэж дуней хъугъуфIыгъуэхэмкIэ хуэупсащ и ныбжьэгъум: щIалэм и анэм, и щхьэгъусэм, ипхъухэм папщIэ мыщIэ плъыжь ярысу IэлъыниплI, налкъут щыгъэ зырыз яхуригъэхьат. Езым иритащ дыщэрэ дыжьынкIэ гъэщIэрэщIа фалъэрэ инджылыз фочрэ. Абы и закъуэкъым, шихыр къыхуэзыхуа щIалэхэри щыгъыныфIкIэ ихуэпащ, хуэфэщэн Iэщэрэ фочрэ якIэрилъхьащ, икIи Адыгэ хэкум нэс игъэкIуэтэжащ лIыкIуэхэр». 
КъищынэмыщIауэ, куржыпщхэм я дамыгъэхэм традзэр адыгэшым и сурэтт. Уеблэмэ Урысей пащтыхьыгъуэм Куржыр къизэуа нэужьи адыгэшыр зэпымычу ящэхурт къуршым и ипщэ джабэм тесхэм. Абы щыхьэт тохъуэ 1837 гъэм Куржым щыхьэщIа инджылыз зыплъыхьакIуэ Уильбрахам Ричард. «Куржым адыгэ уэркъ щIалэ срихьэлIат адыгэш екIум тесу. Бгыщхьэм кIуэцIрыкI гъуэгу нашэкъашэм ар зыкIэ псынщIэу, Iэзэу ирижэрт, епкIэ-елъэу щызэхэзекIуэрти, сымыгъэщIэгъуэн слъэкIыртэкъым. Апхуэдэшрэ шуррэ нэхъапэIуэкIэ зэи зыщIыпIи щыслъэгъуакъым», - итхыжащ абы. 
Пщы-уэркъ лIакъуэхэм я закъуэ мыхъуу, къызэрыгуэкI цIыхухэри щIэхъуэпсырт адыгэшым. Ар къыхощыж куржы IуэрыIуатэм нобэм къихьэса «ХъуэпсапIэ» усэм. «Си хъуэпсапIэ закъуэр къызэхъулIащэрэт – Мухран уэркъыр си пщылIу, Амилахвари уэркъыр си унэIуту, я адыгэшым сытесу къуакIэбгыкIэр зэхэскIухьу, Къэжэрым сыкIуэрэ тын къаIысхыу…», - къыхощ абы.

 

 

Фырэ Анфисэ.
Поделиться: