Адыгэлъ щIэтт адмиралым

Америкэр къызэIузыхауэ щыта Колумб Христофор дунейм зэрехыжрэ илъэс 500 щрикъуам щыгъуэ Дунейпсо щIэныгъэ конференц зэхэтауэ щытащ.
ЩIэныгъэлI куэд кърихьэлIат абы, адмирал цIэрыIуэм и гъащIэмрэ и IуэхущIафэхэмрэ теухуауэ дэфтэр гъэщIэгъуэнхэри утыку къралъхьат. Псом нэхърэ нэхъ гъэщIэгъуэн къащыхъуащ Гранадэ университетым и профессор Хосе Антонио Льоренте жиIар… Абы къызэрихутамкIэ, Колумб къызыхэкIар кавказ лъэпкъщ, нэхъ тэмэму жыпIэмэ, адыгэщ - аращ щыхьэт зытехъуэр адмиралым и хьэдэ къупщхьэм и ДНК-р. Колумб и къуэшхэм я ДНК-ри къихутащ профессор Льоренте, ари щыхьэт тохъуэ ахэри шэрджэсхэм къазэрыхэкIам.
Колумб 1451 гъэм къыщалъхуащ Генуе (Италие). Курыт лIэщIыгъуэхэм къаруушхуэ бгъэдэлъащ Генуе республикэм, абы щыщ сатуущIэхэр XII-нэ лIэщIыгъуэм нэсауэ щытащ Кърымми, абы къедза щIыналъэхэми, илъэс 200 дэкIри, генуез сатуущIэхэм Кърымым пщыгъуэ лъэрызехьэ къыщызэрагъэпэщын яхузэфIэкIащ. А зэманым абыхэм нэхъ я гъунэгъу дыдэр адыгэхэрат - ахэр щыкуэдт Кърымым (Таврием). Генуезхэмрэ шэрджэсхэмрэ щIэх дыдэ благъэ зэхуэхъуащ, сату зэдащIурэ, зауэ къалъыкъуэкIмэ, дзейуэ зэувалIэурэ. Абы и закъуэкъым: адыгэ лIакъуэлIэшхэм ящыщ куэд чыристан диным ихьащ, генуез бзылъхугъэ щхьэгъусэ ящI хъуащ, Италием (Генуе) Iэпхъуари мащIэкъым. Езы генуез лIакъуэлIэшхэми сатуущIэхэми щхьэгъусэ ящI хабзэр адыгэ бзылъхугъэт. Колумб и адэра хьэмэ и анэра адыгэр - ар къэхутэгъуейщ, ауэ профессор Льеоренте шэч къызытримыхьэр абы адыгэлъ зэрыщIэтырщ.
Генуезхэр Кърымым къыщысам щыгъуэ абы адыгэ куэдщыпсэут. Джэнуез - аращ адыгэхэр Таврием (Кърымым) къитIысхьа генуезхэм зэреджэу щытар. Джэнуезхэм Кърымми абы къедза щIыналъэхэми къалэ-быдапIэ (сату щIыпIэ) зыбжанэ щаIащ, я къалащхьэр Къафэт (иджы Феодосие). Джэнуезхэм апхуэдэ сату щIыпIэ щаIащ Кавказми - шэрджэс хы Iуфэм (Анапэ, Тэман).
Пэжу, нобэ Кърыму тцIыху щIыналъэм VIII-нэ лIэщIыгъуэм къыщызэрагъэпэщауэ щытащ Константинополь патриархатым и зы къудамэу Гъуэт епархиер. Феодорэ зыфIаща щIыналъэм и члисэ лэжьакIуэхэм яIурылъыр пасэрей герман лъэпкъыжьхэр зэрыпсалъэу щыта бзэрт. ИужьыIуэкIэ, IX-нэ лIэщIыгъуэхэм алыджыбзэр къызэдащтащ. ХытIыгум лъэпкъ куэд щызэхэст, сондэджэр бжыгъэншэхэр къекIуалIэрт, ауэ щыхъукIи зэгурыIуэну зы бзэ яIапхъэти, гъуэтыбзэр къыхахауэ, псоми яIурылът. 
XV-нэ лIэщIыгъуэм ирихьэлIэу хытIыгур щIыналъэ 26-уэ гуэшауэ, я дзэ яIэжу, мывэ къалэхэмрэ чэщанэ лъагэхэмкIэ къызэгъэпэщауэ щIыпIэ телъыджэ къызэрыгъэхъуащ. Абы и Iуфэм щызэхэзекIуэрт пасэрей хьэрычэтыщIэхэмрэ сондэджэрхэмрэ. 1475 гъэм хытIыгум тест цIыху мин 200-м щIигъу. 
Кърымыжьым теса лъэпкъхэм яхэтащ адыгэхэри, икIи абы сытым дежи щыIуащ адыгэбзэр. Уеблэмэ хытIыгум и щIыналъэ 26-м языр (Керч хы тIуащIэм нэхъ игъунэгъуу) адыгэ уэркъ Миллен ейуэ щытащ. Феодорэ и нэхъ зыужьыгъуэм дзэ-политикэ зэгурыIуэныгъуэхэр иращIылIащ хы мыдрыщI къыщыс, Адыгэ хэкум (Черкесие) ис адыгэхэм. Апхуэдэу хытIыгум Iэпхъуащ ди лъэпкъэгъухэри, къущхьэхэри (аланхэр), ермэлыхэри, нэгъуэщI куэди. 
Адыгэр дэнэкIэ щымыIами и Iэщэ-фащэкIэ, хабзэкIэ, хьэлкIэ кърипцIыхужыну псоми къахощхьэхукI. Кърымыжьым и тхыдэми къыхощыж адыгэлI хъыжьэхэр. Шэрджэсхэр зауэлI хахуэу зэрыщытым къыхэкIкIэ, ахэр хъумакIуэу къащтэрт генуэз сондэджэр къулеижьхэмрэ иужькIэ хытIыгур зыубыда монгол бейхэмрэ. КъищынэмыщIауэ, Къафэ адыгэ хьэблэ иIэт, Къарэсубэзэр пэмыжыжьэу, бгылъэмкIэ – Бахъсэн къуажэр щыст. 
Кърымым къыщызэтенащ абы адыгэ зэрисам щыхьэт техъуэ щIыпIэцIэ, псыцIэ, бгыцIэ куэд; иджы Альмэ зи цIэ псым КъэбэрдейкIэ еджэу щытащ зэгуэр (Къэбэрдеипс, Къэбэрдей псыхъуэ).
Тэтэрхэм Кърымыр яубыда нэужь (1443 гъэм), джэнуезхэр зэхэзехуэн ящIри, а щIыналъэр ябгынэн хуей хъуауэ щытащ, адыгэхэри я хэкум, Кавказым, къэIэпхъуэжащ. 1453 гъэм тыркухэм Константинополь (иджы Истамбыл) яубыдащ, Босфор абы щегъэжьауэ зэхуащIри, джэнуезхэмрэ адыгэхэмрэ зэрызэкIэлъыкIуэжа щыIэкъым, сатуи зэдащIыжакъым.

 

Тамбий Гуащэмахуэ.
Поделиться: