Пщащэхэр зэпоуэ![]() КъБКъУ-м, Сокуров Александр и киноконцерт залым, щекIуэкIащ «Мисс КБГУ» зэпеуэр. Студент нэхъ дахэр, акъылыфIэр, зэфIэкI зиIэр къыщыхах зэхьэзэхуэм я зэфIэкI щеплъыжащ пщащибл. КъБКъУ-м щIалэгъуалэ политикэмрэ гъэсэныгъэ лэжьыгъэхэмкIэ и управленэм зэпеуэм и программэр щIэщыгъуэу къызэригъэпэщащ. КъэпщытакIуэ гупым хэтащ «PodiumNalchik» модельнэ агентствэм и унафэщI Мэкъуауэ ФатIимэ, КъБР-м и Музыкэ театрым и уэрэджыIакIуэ, актёр Теунэ Джэмал, видеограф Майрамуков Джамиль, блогер Тэрчокъуэ Аслъэн, КъБКъУ-м щеджэхэм я япэ профсоюз IуэхущIапIэм и унафэщI Бозий Ислъам. Зэпеуэм хэтахэу КъБКъУ-м и педколледжым и студент Мамбэт Рузанэ, ДизайнымкIэ колледжым щIэс Бичекуловэ Миленэ, социально-гуманитарнэ институтым щеджэ Абдуллаевэ Замирэ, бжыгъэ технологиехэмкIэ институтым щIэс Мэт Саният, экономикэмрэ финансхэмкIэ институтым щIэс Хьэжнэгъуей Фаинэ, педагогикэмкIэ, психологиемрэ физкультурно-спорт егъэджэныгъэмкIэ институтым щеджэ Жангуразовэ Лейлэ, социльно-гуманитарнэ институтым щIэс Шурышкинэ Теодорэ сымэ къафэм, уэрэд жыIэным, пщафIэм, тхыдэм щаIэ зэфIэкIхэр къагъэнэIуащ. КъищынэмыщIауэ, я акъыл жанагъыр къыщагъэлъэгъуащ цIыху цIэрыIуэхэм, макъамэм, нэгъуэщIхэм теухуа упщIэ-жэуап щIыкIэм тет джэгум. Зэхьэзэхуэм зыкърезыгъэхьэлIахэм Iэ яIэтащ ягу нэхъ дыхьа студентым папщIэ. «Мистер КБГУ 2022» зэпеуэм хэтахэм я гъусэу, хъыджэбзхэр къэфащ. IэIэтым кърикIуахэр зэхалъхьэжа нэужь, «Мисс КБГУ» зэпеуэм щытекIуауэ къалъытащ Шурышкинэ Теодорэ. Вице-мисс хъуар Хьэжнэгъуей Фаинэщ. Къызэхуэсахэм нэхъ ягу дыхьар Абдуллаевэ Замирэщ. Зэпеуэ нэужьым хъыджэбзхэм утыкум щагъэлъэгъуащ «Nalmen» тыкуэным и фэилъхьэгъуэхэр.
Поделиться:
Читать также:
22.09.2023 - 11:53 →
И анэдэлъхубзэм и шэрыуагъыр я гум дохьэ
18.09.2023 - 14:24 →
Хьэрш жыжьэм
13.07.2023 - 17:51 →
Шынагъуэншагъэм и дерсхэр
09.07.2023 - 13:35 →
ПщафIэ Iэзэ Куэцэ Инал
30.06.2023 - 17:00 →
Узыпхрыплъу къабзэ
|