Разиуанрэ Маликрэ я текIуэныгъэМы гъэм гъатхэпэм и 3 - 10-хэм Уфа къалэм щызэхэтащ Урысей МВД-м боксымкIэ и чемпионат. Башкортостаным и щыхьэрым щекIуэкIа зэхьэзэхуэм щызэрихьэлIащ къэралым и щIыналъэхэм я хабзэхъумэ органхэмрэ еджапIэ 15-м, апхуэдэуи Центральнэ, Приволжскэ федеральнэ щIыналъэхэм транспортымкIэ я управленэхэм я командэхэр. Абы хэтащ КъБР-м щыIэ МВД-м и гупыр икIи етIуанэ увыпIэр къихьащ. Щхьэзакъуэ зэпеуэхэми ди лъахэгъухэм екIуу зыкъыщагъэлъэгъуащ. Зи хьэлъагъыр килограмм 86-м нэблагъэхэм я зэхьэзэхуэм бжьыпэр щиубыдащ Урысей МВД-м и «Бахъсэн» къудамэм и лэжьакIуэ, полицэм и лейтенант нэхъыжь Мэзыхьэ Разиуан. Урысей МВД-м и къудамэу Iуащхьэмахуэ районым щыIэм и плъыр-пост IэнатIэм къулыкъур щызыщIэ, полицэм и сержант нэхъыжь Алиев Малик кг 67-м нэблагъэхэр зыхэта гупым жэз медалыр къыщихьащ.
Поделиться:
Читать также:
25.04.2024 - 17:30 →
Олимп чемпионыр ящыгъупщэркъым
25.04.2024 - 17:00 →
Кубокыр къыздашэ
23.04.2024 - 17:06 →
Гуп зэпеуэм япэ щыхъуащ
23.04.2024 - 15:26 →
Урысейм щынэхъ лъэщхэр
17.04.2024 - 12:56 →
Къапэлъэщын къахэкIакъым
|