Павлов Василий текIуахэм яхуозэ2023 гъэм и гъатхэпэм и 3-м къыщыщIэдзауэ и 10 пщIондэ Башкирием и къалащхьэ Уфа щекIуэкIащ МВД-м боксымкIэ и урысейпсо зэхьэзэхуэ. ЩIыналъэ зэхуэмыдэхэм къикIа организацэ I5-м я гупхэр зыхэта зэхьэзэхуэм КъБР-м и командэм етIуанэ увыпIэр къыщихьащ. А зэпеуэм ехъулIэныгъэ къыщигъэлъэгъуащ килограмм 86-рэ зи хьэлъагъхэм я деж щызэуа, УФ-м и МВД-м и къудамэу Бахъсэн щIыналъэм щыIэм и лэжьакIуэ, полицэм и лейтенант нэхъыжь Мэзыхьэ Разиуан. Ди щIалэр зэзэуа псоми ятекIуащ икIи япэ увыпIэр къафIихьащ. УФ-м и МВД-м и къудамэу Iуащхьэмахуэ щIыналъэм щыIэм и плъыр - кIэлъыплъыныгъэ IэнатIэм и лэжьакIуэ, полицэм и сержант нэхъыщIэ Алиев Малик килограмм 67-рэ зи хьэлъагъхэм я деж домбеякъыр къыщихьащ. КъБР-м щыIэ МВД-м и унафэщI Павлов Василий Урысейм и МВД-м и чемпионатым щытекIуахэмрэ къыщыхэжаныкIахэмрэ ехъуэхъуащ дяпэкIи ехъулIэныгъэщIэхэр яIэну, я мурадхэр къехъулIэну.
Поделиться:
Читать также:
25.04.2024 - 17:30 →
Олимп чемпионыр ящыгъупщэркъым
25.04.2024 - 17:00 →
Кубокыр къыздашэ
23.04.2024 - 17:06 →
Гуп зэпеуэм япэ щыхъуащ
23.04.2024 - 15:26 →
Урысейм щынэхъ лъэщхэр
17.04.2024 - 12:56 →
Къапэлъэщын къахэкIакъым
|