Адыгэшым и щхьэр къеIэтыж

 «Умылъэгъуауэ уи фIэщ хъунукъым», - жаIэ Налшык шыгъэжапIэм фIыкIэ зэрызихъуэжам тепсэлъыхьхэм. Нэр зыгъэгуфIэ зэхъуэкIыныгъэхэм я Iэпэгъущ гур хэзыгъахъуэ Iуэху бгъэдыхьэкIэр, унафэ щIыкIэр, лэжьэкIэр. Зи гугъу тщIыр накъыгъэм и 27-м Налшык ипподромым лъэпкъым и Щыгъуэ-щIэж махуэр зэригъэлъэпIарщ. 
 Ди шыгъэжапIэр зыхуей зэрыхуэмызэм зэман-зэманкIэрэ дытепсэлъыхьурэ екIуэкIащ. Я къалэн ягъэзащIэ пэтми, къэралым ипподрому итыр зы IэмыщIэм зэрыралъхьэрэ, щIыналъэ щхьэхуэхэм я шыгъэжапIэхэм унафэ щызэблэмыкIыу, шыхъуэхэм абыкIэ ягу мызагъэу щытащ. Iуэхум зэуэ зихъуэжын щIидзащ КИФЩI-мрэ Урысей Ипщэмрэ щыIэ шыгъэжапIэхэр, Налшык дэтри хиубыдэу, Урысейм фIыуэ къыщацIыху шыхъуэ Сэкрэк Заур зэрыIэрыхьэрэ. ЗэхъуэкIыныгъэхэм нэхъ нэгъэсауэ щыгъуазэ зызыщIыну хуейр еплъыфынущ «Конный мир» каналым игъэхьэзыра, «Налшык шыгъэжапIэ. КъэщIэрэщIэжыгъуэ» нэтыным. 
 Накъыгъэм и 27-м къэдгъэзэжынщи, а махуэм зэхэтыну шыгъажэм и хъыбар зэбгрытыкIэ нэгъунэ къызэрымыкIуэт: «Накъыгъэм и 27-м Налшык ипподромым щызэхэтынущ Адыгэхэм я щыгъуэ- щIэж махуэм и цIэкIэ ягъэува саугъэтыр щагъэджэгу шыгъажэ. Шыхэр илъэси 3 ирикъуауэ щытын хуейщ. Шухэм адыгэ цей ящымыгъыу хъунукъым». 
 Дубай щекIуэкI шыгъажэм хэту, и шы цIэрыIуэ Зегрет Коллекшн утыку къыщришэм, Сэкрэк Заур зэ ди нэпсхэр къыщIихуауэ щытащ, цей хужькIэ дуней хъурейм и курыкупсэм къиувэри. ТекIуэни хуейтэкъым а шы махуэр, апхуэдизкIэ лъэпкъ фащэм и теплъэм хуэзэша дэ гупым Заур и шыфэлIыфэм дигу хигъахъуэрти. Иджы а теплъэгъуэ дыдэр накъыгъэм и 27-м Налшык ди нэгу щыщIэкIащ. Шыгъажэм щытекIуа Борсэ Сэлими адыгэ цей щыгът, абы и саугъэтыр езыта «шыхъуэ къулыкъущIэри» фащэкIэ хуэпат (сурэтым). 
 Адыгэхэм я щыгъуэ-щIэж махуэм илъэситI хъуауэ шыхэр хэтыну хуит ящIыркъым, ди жагъуэ зэрыхъущи. Зэманым къиша зэхъуэкIыныгъэм мыпхуэдэу губзыгъэу пэджэжыфа Iуэху IэбэкIэ гъуэтыгъуейщ. Саугъэт мылъкур езым и шыхъуэ заводым ейм къызэрыхихари Заур адыгэгу зэрыхэлъым и щыхьэтщ. 
 Нартандэсхэм зыщIагъэщIэгъуэн яIэщ: шыгъажэ кIыхьхэр къыдэзыхыжа Сибэч Артури иджы Налшык шыгъэжапIэм псэ къыхэзыгъэхьэж Сэкрэк Заури зыщыщыр Къылышбийхьэблэщ. Зэрытлъагъущи, цIыху хэтыкIэрэ лэжьэкIэрэ зыщIэм зыри зэран къыхуэхъуркъым. Къэбэрдей-Балъкъэрыр шы спортым и щхьэ къэIэтыпIэ хуэм-хуэмурэ зэрыхъум гу лъумытэнуи гугъущ. Хэку хуейм - иIэщ. Ядэтэкъыми, хъунутэкъыми, къинэмыщIти жамыIэу, зэIусэм псэ халъхьэу Iэбэ ди шыхъуэхэмрэ шухэмрэ тIэкIу жыжьэIуэу дакIэлъыплъми, ящIэр гум зэрынэсыр жытIэныр тфIэигъуэщ. «ШыгъэжапIэр къэтIэтыжащ, адыгэшми зыкъедгъэужьыжынщ», - зэхыдох Налшык ипподромымкIэ къиIукIыу. 

 

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться:

Читать также: