НыбжьыщIэхэм я зэхьэзэхуэКаратэ Налшык щекIуэкIащ Араши каратэ лIэужьыгъуэмкIэ щIыналъэхэм я турнир зэIуха. А зэпеуэм илъэси 6 - 7, 8 - 9, 10 - 11, 12 - 13, 14 - 15 и 16 - 17 зи ныбжьхэр саугъэт 29-м нэблагъэм щIэбэнащ. ТекIуэныгъэр а зэхьэзэхуэм къыщихьащ Абгарян Дэвид. Гуп-гупурэ зэпеуахэм ящыщу увыпIэ нэхъыщхьищыр яубыдащ Arashi_Team, Predator, Sparta гупхэм. Спортсменхэр зэрагъэхьэзырам, апхуэдэуи я гъэсэнхэм каратэмкIэ ехъулIэныгъэхэр Урысейм, дунейпсо зэхьэзэхуэхэм къызэрыщахьам папщIэ КъБР-м СпортымкIэ и министерствэм и щIыхь тхылъхэр хуагъэфэщащ тренерхэу: Шахмурзаев Шахмурзэ, Майрамуков Казбек, ДыщэкI Мухьэмэд, КIэш Даут, Мэкъуауэ Алан сымэ.
Поделиться:
Читать также:
10.05.2024 - 16:04 →
Медаль 59-рэ къахь!
08.05.2024 - 17:33 →
ТекIуэныгъэм и щIыхькIэ
08.05.2024 - 17:00 →
ТекIуэныгъэм хуэпабгъэу
08.05.2024 - 16:28 →
Тай боксым дихьэххэм къахохъуэ
08.05.2024 - 16:00 →
Шабзауэхэм я зэфIэкIыр
|