Календарь событий

21 марта 2024

ГъэшхэкIым щIэупщIэ иIэщ

«Россельхознадзор»-м Кавказ Ищхъэрэм щиIэ управленэм и пресс-IуэхущIапIэм иджыблагъэ къызэритамкIэ, 2024 гъэм и щIышылэ - мазаехэм къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым гъэшхэкIыу нэгъуэщI щIыналъэхэм яхуригъэшар тонни 170,2-рэ мэхъу. Ар хуэди 4,7-кIэ нэхъыбэщ нэгъабэ и иджы хуэдэ зэманым щыIа бжыгъэхэм нэхърэ.

Я нэIэм щIэтщ

Уэсыр текIыну хунэмысауэ япэ гъатхэ гъэгъахэр къипч зэрымыхъунум ехьэлIауэ гъэ кIуам унафэ къащтащ. Псоми фIыуэ яцIыху, уэсыр темыкI щIыкIэ къэщхьэлъэ ажэгъуэмэхэр, крокусхэр, примулэ зэмыфэгъухэр, пролескэ щIыхухэр, нэгъуэщIхэри.

Аруан щIыналъэр нэхъри ирагъэфIакIуэ

«ПсэупIэмрэ къалэ щыIэкIэмрэ» лъэпкъ пэхуэщIэм хыхьэу лажьэ «Къалэхэм псэукIэ зэIузэпэщ къыщызэгъэпэщын» пэхуэщIэр КъБР-м и Аруан щIыналъэм хъарзынэу щагъэзащIэ. Псалъэм къыдэкIуэу, 2018-2023 гъэхэм къриубыдэу, фэтэр куэду зэхэт унэхэм я пщIантIэу 64-рэ къагъэщIэрэщIэжащ. Апхуэдэу, цIыху куэд щызэхуэс щIыпIэу 10 зыхуей хуагъэзащ – абы хохьэ къалэ утыкушхуэу 3, цIыху зыгъэпсэхупIэу 3, къалэ жыг хадэ цIыкIуу 2, фэеплъу 1, цIыху куэдым зэуэ зыщагъэпсэху щIыпIэу 1.

Гъуэгу лэжьыгъэхэм пащэ

«Уафэ къабзэ» лъэпкъ пэхуэщIэм хиубыдэу Налшык и Балъкъэр уэрамым лэжьыгъэ щхьэхуэхэр щрагъэкIуэкI. Мы зэманым ирихьэлIэу гъуэгум и IуфитIым щIытI лэжьыгъэхэр щызэфIагъэкIри, гъуэгурыкIуэхэм зэран яхуэмыхъун хуэдэу, кIэнауэхэр пагъэщхьэхукIащ. ПэхуэщIэм ипкъ иткIэ троллейбус кIапсэхэр зрикIуэ пкъохэмрэ абы екIуалIэ кIапсэхэмрэ зыхуей хуагъэзэнущ, гъуэгу лэжьыгъэхэм къадэкIуэу, лъакъуэрыгъажэ къэжыхьыпIэхэри яухуэнущ.

ЗыгъэпсэхуакIуэхэм ядэлэжьэнухэр ягъэхьэзыр

«Туризмэмрэ хьэщIагъэм ехьэлIа Iуэхугъуэхэмрэ» лъэпкъ пэхуэщIэм хыхьэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыпIэ дахэхэм щыгъуазэ зыщIу дунеяплъэхэр, зыгъэпсэхуакIуэхэр къезышэкI экскурсоводхэмрэ тэрмэшхэмрэ, псори зэхэту цIыху 50-м, я IэнатIэм зэрыхуэфащэм ехьэлIа къэпщытэныгъэхэр дызэрыт илъэсым ирагъэкIуэкIынущ.

Бгъэдэлъ фIыщIэм уасэ иIэкъым

Уэхъутэ Анзор Жамбот и къуэр 1915 гъэм щIышылэм и 10-м Хьэбэз районым хыхьэ Беслъэней къуажэм къыщалъхуащ.

Къуажэ еджапIэр къиуха нэужь, Черкесск къалэм дэт педучилищэм щеджащ.
1933 - 1935 гъэхэм Беслъэней къуажэм щыIэ пэщIэдзэ еджапIэм щылэжьащ.
1935 - 1937 гъэхэм, илъэситIым къриубыдэу, Анзор щеджащ Къэбэрдей-Балъкъэрым егъэджакIуэхэр щагъэхьэзыр и институтым. Ар къиуха нэужь, щIэныгъэ нэхъыщхьэ зэзыгъэгъуэта IэщIагъэлI ныбжьыщIэр Куэш-Хьэблэ къуажэм дэт пэщIэдзэ еджапIэм и унафэщIу, ягъакIуэ.

Нэхъри зеужь

Республикэ клиникэ сымаджэщым щекIуэкIащ IуэхущIапIэр блэкIа илъэсым зэрылэжьар къыщапщытэж зэIущIэ. Абы и лэжьыгъэм хэтащ КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Къалэбатэ Рустам, КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и къуэдзэ Къардэн Мурат, ФIэкIыпIэ зимыIэ медицинэ страхованэмкIэ щIыналъэ къудамэм и унафэщI Къуэжей Рустам сымэ.

Хахуагъэм гъунэ иIэкъым

Тхыдэм зи цIэр къыхэна ди лъэпкъэгъу лIы щыпкъэхэм ящыщщ ЛIуп Нурхьэлий къытхуитха мы хъыбарыр зытеухуа ЛIуп Жыраслъэн. Ар щеджащ Налшык дэт Ленин еджапIэ къалэ цIыкIум, иужькIэ совпартшколым щIэтIысхьэри, ари фIы дыдэу къиухащ. ИтIанэ комсомолым и обкомым инструктору щылэжьэну ягъакIуэ. А зэманым абы республикэм и къуажэхэм лэжьыгъэшхуэ щрегъэкIуэкI, комсомол ячейкэхэр, организацэхэр къызэгъэпэщыным ехьэлIауэ.

Ахъмэт и фо изщ

(Къэхъуа)

Адыгэхэм куэд щIауэ къадокIуэкI апхуэдэ псалъэжь.

Ахъмэтыбг и гъуанэхэм бжьэ ист, фор бгы гъуанэм къитIэтIурэ, Ахъмэтыбг и лъабжьэм щIэж псым хэкIуасэрт, цIыхуми бжьэхэми я сэбэп хэмылъу…

ЩакIуэ Iэзэхэу, зэхэзекIуэ зиIэурэ зи гъащIэр къэзыхьа зэныбжьэгъу гупым таучэл ящI Ахъмэтыбг фоухьэ кIуэну: Къэсейхьэблэ щыщу Даурхэ Нухьрэ Андемыррэ, Кхъуэхъу Нухь, Локъуажэ ЦIыкIу щыщу КIуж Мыхьэмэт, Жу Хьэжумар сымэ.

Гъатхэ паркым

Гъатхэпэм и уэтIпсытIми и пшагъуэ гуэрэн Iувми емылъытауэ, Налшык и Дэшхуей хадэм цIыхур щопэкIу. Псом нэхърэ нэхъ узыщыгуфIыкIыр абыхэм ныбжь зиIэ куэд зэрахэтырщ. Абыхэм, тIурытI-щырыщу зэгъусэу, ихъуреягъыр къызэхакIухь. Сабий зи гъусэ нанэхэр нэхъыбэу щызэхуэсыр сабий джэгупIэм дежщ. ЩIымахуэ псом унэм щIэса цIыкIухэр, иджыри гъущыну хунэмыса хъыринэхэм итIысхьауэ йощIэ, пкIэлъейхэм докIуей, Iуащхьэхэм къожэх - псори я щIэщыгъуэщ.

МакъамэкIэ дунейр зыгъэдэха

ЩIэныгъэлIхэм зэрыхуагъэфащэмкIэ, япэ макъамэхэм нэгъуэщI макъ гуэрхэр - Iэгуауэ е лъэ макъ хуэдэхэр - щIагъэувэу щытащ.

Махуи жэщи щызэтехуэ

«ЩIым и махуэ» зыфIаща Iуэхухэр къэрал нэхъыбэм щрагъэкIуэкIыр гъатхэпэм и 20 - 21-хэращ. Гъэ екIуэкIым елъытауэ, а махуитIым язым дыгъэм и нэхури жэщым и кIыфIри я кIыхьагъкIэ зэхуэдэ мэхъу. 2024 гъэм а Iуэхугъуэр зытехуэр гъатхэпэм и 20-рщ. Гу зэрылъатауи, а махуэ бжыгъэм къриубыдэу щIыуэпсым и щытыкIэм хэпщIыкIыу зехъуэж. Астрономие щIэныгъэм зэрыжиIэуи, абдежырщ гъатхэм ипэжыпIэкIэ щыщIидзауэ къэтлъытэ хъунур.

НОБЭ

Гъатхэпэм   и 21, махуэку

♦Лъэпкъ зэхэгъэж зэращIым ебэныным и дунейпсо махуэщ

♦Усыгъэм и дунейпсо махуэщ

♦Гуащэ зыщIым и дунейпсо махуэщ

♦Даун узыфэр зыпкърытхэм я дунейпсо махуэщ

♦Мэзхэм я дунейпсо махуэщ

♦Гуащэ театрым и дунейпсо махуэщ

♦Гъэрэ щIырэ щызэхэкI махуэщ

♦1918 гъэм Къэбэрдеймрэ Балъкъэрымрэ совет властыр щагъэуващ.