Тхьэм къыхуигъэфэща насыпым лъэIэсыныр гуращэу зыхуэзыгъэувыж, абы ерыщу хуэкIуэныр пщэрылъ зыщызыщIыж цIыхур тIуащIэу насыпыфIэщ. Ар, япэрауэ, и псэуныгъэр зыгъэдахэ щхьэусыгъуэр ищIэу, абы къыпыкI фIыгъуэхэр зыхищIэу мэпсэу, етIуанэрауэ, а щхьэусыгъуэм кърит гузэхэщIэм и IэфIыр езым и мызакъуэу, и хъуреягъэкIэ къыщытхэми ялъегъэIэс, абыкIэ зэрыгуашэм и гур хигъахъуэу дунейм тетщ.