Календарь событий

15 марта 2024

Шэшэным зэрыкIуэнум зыхуагъэхьэзыр

 

Кавказ Ищхъэрэм дзюдомкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ Шэшэным и къалащхьэ Грознэм щекIуэкIыну зэхьэзэхуэм хэтынухэр къызэрыхах зэпеуэу щытащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и чемпионату Налшык къалэм и «Спартак» стадионым иджыблагъэ щызэхашар.

Абы щызэпеуащ балигъхэр икIи я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм япэ увыпIэхэр къыщахьащ КъуэщIысокъуэ Идар, Замбат Къантемыр, Ало Мухьэмэд, Уянаев Мухьэмэд, Абазэ Астемыр, Апхуд Сулеймэн, Быф Идар сымэ.

Пщэдджыжьыр сыхьэти 8-м...

Къэралым и щIыпIэ псоми хуэдэу, Налшык къалэм и хэхыпIэ №105-м (сабий гъэсапIэ №8-м къы­щызэ­ра­гъэпэщам) и бжэхэр нобэ сыхьэти 8-м къызэIуихащ. Урысей Федерацэм и президент хэхыныгъэхэм папщIэ Iэ яIэтыныр я гупыжу, цIыхухэр пщэд­джыжьым щегъэжьауэ жыджэру абы екIуэлIэн щIадзащ. 

«Адыгэ» рассказыр

Сватоплук Чех (1846 - 1908 гъгъ.) чех тхакIуэм адыгэ дунейр къыхэщыжу и къалэмым къыщIэкIа «Адыгэ» рассказым папщIэ пщIэ лей хуэтщIыпхъэщ. 1874 гъэм, и ныбжьыр илъэс 28-м иту, Сватоплук Кавказым къакIуэри зэригъэлъэгъуащ Урыс-Кавказ зауэм и Iэужьыр зыхуэдэр. Шынагъуэт, гукъутэгъуэт абы илъэгъуахэр. А псор и нэгу щIэту зыгъэзэжа тхакIуэм «Адыгэ» рассказыр итхащ адыгэм ди шыфэлIыфэм хуэфащэ дыдэу. Тхыгъэр къыхахыжауэ щытащ Истамбыл щыIэ Шэрджэс фIыщIэ Хасэм и тхылъ хъумапIэм.

Мэзкуу яхуэугъурлащ

                 Къэбэрдей-Балъкъэрым СпортымкIэ и министерствэм и телеграм-каналым къызэритамкIэ, Мэзкуу и «Олимпийская деревня-80» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ ди къэралым и къалащхьэм бэнэкIэ хуитымкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ. Абы щызэпеуэщ зы ныбжьыр илъэс 21-рэ иримыкъуа щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ.

Жыджэру Iэ яIэт

Урысей Федерацэм и Президент хэхыныгъэхэр ирагъэкIуэкIын  папщIэ, гъатхэпэм и I5-м Тэрч районым хэхыпIэу 25-рэ къыщызэIуахащ.

Ахэр зыхуей IэмэпсымэхэмкIэ псори къызэрагъэпэщащ, IэIэтыр тыншу,  шынагъуэншэу зэрекIуэкIыну Iэмалхэри абыхэм къыщалъытащ.

Нэхущ Мухьэмэд и «Адыгэ нэпсхэр»

ТхакIуэ, усакIуэ, журналист Нэхущ Мухьэмэд 1944 гъэм фокIадэм и 20-м Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм щыщ Алий-Бэрдыкъуэ къуажэм къыщалъхуащ. И ныбжьыр зы илъэс фIэкIа иримыкъуауэ Мухьэмэд и адэр зауэм хэкIуэдащ. Анэмрэ и шыпхъу нэхъыжьхэмрэ япIащ щIалэр. Адэ зыщхьэщымытыж унагъуэм лIыуэ къинар а сабийрати, и ныбжьым емылъытауэ, унагъуэм и тхьэмадэу ялъытэрт, абы къыхэкIкIэ, зэрыцIыкIу лъандэрэ лъэбакъуэу ичым и жэуап ихьыжыфу, унагъуэм цIыхухъу пщэрылъхэр щигъэзэщIэным хущIэкъуу къэхъуащ.

Къэралыр зыгъэбыдэр

Иужьрей илъэсхэм УФ-м и Президентым гулъытэ ин хуищI хъуащ цIыху къалъхум и бжыгъэм хэгъэхъуэным, унагъуэ лъапIэныгъэхэр хъумэным епха Iуэхухэм.

Таурыхъым хуокIуэж

Абы дегъэпIейтей

ЩIыуэпсым зэраныгъэ къыхуэзыхь пкъыгъуэхэр гъэмэщIэным е  абыхэм я къыщIэгъэкIыныр зэпыгъэуным теухуауэ дуней псом щекIуэкI псалъэмакъхэр нэхъ кIащхъэ хъуркъым, нэхъ гъэщIэгъуэныжыращи, зы хэкIыпIэ пыухыкIам къыщызэтеувыIауэ тети зэкIэ къахэкIыркъым.

Къэрал 70-м нэблагъэм пластикым къыхэщIыкIа пакетхэр къыщыщIагъэкIыжыркъым. АтIэ сыт абы и пIэм къиувэну дызыпагъаплъэр?

Нэхъ пасэу пенсэ ягъакIуэ

Урысейм, иужьрей илъэситхум къызэрагъэлъэгъуамкIэ, анэ быныфIэхэм ящыщу зи пенсэ кIуэгъуэр къэмысауэ, пенсэ хуагъэуву я унэ щIэтIысхьэжахэм я бжыгъэм хуэди 8-кIэ хэхъуащ, бынищ, быниплI, нэхъыбэж зиIэхэм щхьэкIэ щыIэ льготэхэм къызэрыдыщIагъуам къыхэкIыу. Псалъэм къыдэкIуэу, 2019 гъэм апхуэдэ щIыкIэкIэ нэхъ пасэу пенсэ кIуахэм я бжыгъэр мини 6,8-рэ хъууэ щытамэ, 2023 гъэм мин 55-м нэблэгъащ.

Дызэрыт илъэсым зэрыщIидзэрэ нэхъ пасэу пенсэ ягъэкIуа цIыхубзхэр къэралым мини 7,8-м щыщIегъу. ЩыIэ хабзэм къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, апхуэдэ хуитыныгъэхэр абыхэм яIэщ.

ЩIыгъэпшэрымкIэ бэлэрыгъкъым

Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэкъумэшыщIэхэм щIым халъхьэ щIыгъэпшэрхэм я куэдагъым илъэс къэс къыхагъахъуэ зэпытщ. Нэгъабэ гектар къэс хуэзэу килограмми 155,42-рэ хъуащ, 2022 гъэм щыIа бжыгъэхэм нэхърэ нэхъыбэщ ар.

Сыт щыгъуи сэбэп IэщIагъэхэм щыхурагъаджэ

Сыт хуэдэ зэманми дахуэныкъуэщ ухуакIуэ IэпщIэлъапщIэхэм, электрикхэм, гъущI зэпызыгъавэхэм, пхъащIэхэм, нэгъуэщIхэми. Илъэс 40 хъуауэ апхуэдэ IэщIагъэлIхэр зыгъэхьэзыр «Строитель» колледжым унафэщIу трагъэуващ Къурмэн Мурат.

Хэди къыхэх, ауэ…

Дэ псоми дощIэ лэжьыгъэр дунейм фIыгъуэу щыIэм я къыхэкIыпIэу зэрыщытыр. Арынашауэ зыри къохъулIэнукъым. Хэбгъэзыхьмэ, щIым щIэлъ дыщэр къыпIэрыхьэн папщIэ ар къыщIэпхын хуейщ-адрей псоми я гугъу умыщIыхэ. Пэжу, абы къикIыркъым и бгыр щIэкъузауэ дэтхэнэми и дамэхэм бжьыр къытехьэлъэу щытыну:ди гъащIэр апхуэдэщи, языныкъуэхэм гугуехьхэр къатощIэ, адрейхэр абыхэм я гуащIэм хотхъыкI. А зэхуэмыдэныгъэр зэи яхуэгъэкIуэдыркъым, яхуэгъэкIуэдынуи къыщIэкIынукъым. АрщхьэкIэ лэжьыгъэр сыт щыгъуи къонэж къежьапIэ нэхъыщхьэу. Абы къыхэкIыу гурыIуэгъуэщ ар цIыхур зыIууэ шынагъуэхэми зэрыпыщIар.

Дзыхь зыхуэфщIыр къыхэфх!

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек республикэм исхэр къыхуреджэ мы махуэхэм Урысейм и Президентыр хэхын Iуэхум хэтыну:

Кавказ Ищхъэрэм и тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ - ВДНХ-м

«Урысей» международнэ гъэлъэгъуэныгъэм хыхьэу, Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ университетым и тхьэмахуэр гъатхэпэм и 5-м щыщIэдзауэ гъатхэпэм и 10 пщIондэ щекIуэкIащ Москва.

Къэпщтэныгъэ зэрырагъэкIуэкIынумкIэ хъыбарегъащIэ тхылъ

Урысейхэр къэралым и нэгузыгъэужь щIыпIэхэм зэрыкIуэр къапщытэ АСИ-мрэ Б1 IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэмрэ. Iуэхур къызэгъэпэщынымкIэ щIэгъэкъуэн мэхъу ГеографиемкIэ Урысей зэгухьэныгъэр, «Пэрытхэм я зэщIэхъееныгъэ», урысейпсо щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэр, «Уи кIуэгъуэщ» урысейпсо студент проектым хэтхэр, къищынэмыщIауэ, УФ-м спортымкIэ и министерствэмрэ УФ-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэмрэ.

БзэщIэныгъэр удэзыхьэхщ

Абхъазым щыщ тхыдэдж-этнолог, журналист Дасание Давид езым и анэдэлъхубзэри фIыуэ зылъагъу, кIахэ адыгэбзэми щыгъуазэ щIалэщ. Интернетым къыщызэIуиха «Кавказ - наш общий дом» утыкум абы къыщигъэлъэгъуа и щапхъэхэм ящыщ зыбжанэм мыбдежым я гугъу щытщIынщ, япэр абхъазыбзэу - етIуанэр адыгэбзэу:

Сэ, сэра - сэ, сэрэ.

Уэ, уэра - уэ, уэра.

Йэра - ар.

Апхъа, эпхьа - пхъу.

Ашьа́, эща - шы, къуэш.

Аншьа, анщэ - анэш.

Айахьущэ, ахьущэ, шыпхъэ - дэлъху, шыпхъу.

НОБЭ

Гъатхэпэм и 15, мэрем

♦ЩэхуакIуэхэм я хуитыныгъэр хъумэным и дунейпсо махуэщ

♦Социальнэ лэжьыгъэ егъэкIуэкIыным и дунейпсо махуэщ

♦1917 гъэм ПIалъэкIэ щыIэ Правительствэм и орган Тэрч къыщызэрагъэпэщащ.

♦1880 гъэм къалъхуащ адыгэхэм я цIыхубэ лIыхъужь Къылыш СулътIан-Джэрий.

♦1913 гъэм къалъхуащ адыгей драматург, актрисэ Натхъуэ Долэтхъан.