Къэралыр зыгъэбыдэр

Иужьрей илъэсхэм УФ-м и Президентым гулъытэ ин хуищI хъуащ цIыху къалъхум и бжыгъэм хэгъэхъуэным, унагъуэ лъапIэныгъэхэр хъумэным епха Iуэхухэм.

2024 гъэр Унагъуэм и илъэсу щIагъэувами и зы щхьэусыгъуэр  къэралым бынунагъуэхэм зэрызащIигъакъуэ Iэмалхэр ирагъэфIэкIуэнырщ. Къэбгъэлъагъуэмэ, унагъуэращ зэлъытар къэралым и шынагъуэншагъэр хъума хъунри и экономикэм зиужьынри. Къэрал унафэщIхэр щогугъ мы илъэсым яубзыхуа лэжьыгъэхэм я фIыгъэкIэ унагъуэм иIэ мыхьэнэмрэ пщIэмрэ къэIэтыжа хъуну, цIыхухэм я гупсысэр абы и лъэныкъуэкIэ яузэщIыну. Иджыри къэс къэралым ахъшэкIэ унагъуэхэм защIигъэкъуамэ, 2024 гъэм яубзыхуа лэжьыгъэхэм я нэхъыбэр зыхуэунэтIар унагъуэм, адэ-анэм яIэ пщIэр къэIэтыжынырщ, ахэр зэрагъэгушхуэнырщ.

Иджыблагъэ Сочэ къалэм ЩIалэгъуалэм я дунейпсо фестиваль щекIуэкIам и иужьрей махуэм УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Голиковэ Татьянэ абы хэтахэм яхутепсэлъыхьащ къэралыр унагъуэм щIэгъэкъуэн зэрыхуэхъум, ди цIыху бжыгъэм хэхъуэн, сабийхэр гъэсауэ къэхъун папщIэ зэфIигъэкIым. Абы щIалэгъуалэм къагуригъэIуащ унагъуэм апхуэдэ лъапIэныгъэ иIэу щIыщытыр. Ар тепсэлъыхьащ зи щIалэгъуэхэм сабий къалъхуныр щIызэрагъэтIылъэкIым и щхьэусыгъуэхэм. Псом я щхьэр хэхъуэрэ унэ щыпсэунрэ зэрамыIэрщ, дауи. Апхуэдэ гугъуехьхэр къызэранэкIыфын щхьэкIэ, Урысейм игъэбелджылауэ дэIэпыкъуныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэр зэригъэзэщIэнум и ужь итщ. Голиковэ Татьянэ жиIащ анэм ахъшэ иратын зэрыщIадзэрэ, сабий етIуанэ зэзыгъэгъуэтхэм процент 68-кIэ зэрыхэхъуар, бынунагъуэшхуэхэр, сабиищрэ нэхъыбэрэ зиIэхэр, иужьрей илъэситхум хуэдищкIэ нэхъыбэ зэрыхъуар.

- Къэралым и еджапIэ нэхъыщхьэхэм щIэс ди щIалэгъуалэм мы зэманым сабий мин 28-рэ яIэщ. Ар бжыгъэфIу къызолъытэ. Абы къикIращи, «зэкIэ ди щхьэм дыхуэпсэужыну дыхуейщ», - жызымыIэхэри диIэщ. Абы къегъэлъагъуэ унагъуэри щIэныгъэ зэгъэгъуэтынри зэрыпхузэдэхьыр», - жиIащ къэпсэлъам.

Голиковэм щIалэгъуалэр щигъэгъуэзащ «Унагъуэ» лъэпкъ проектыщIэ Правительствэм зэригъэхьэзырым, абы къыщыгъэлъэгъуахэр гъэзэщIэным 2025 гъэм и щIышылэм зэрыщIадзэнум. Апхуэдэуи къыхэгъэщыпхъэщ УФ-м и Президентым и унафэкIэ, анэм ахъшэ зэрырат программэр 2030 гъэ пщIондэ щыIэну зэрагъэIэпхъуар.

- Ди къэралыр сыт щыгъуи и цIыхухэм ирыригушхуэу щытащ икIи ди зэманым мыхьэнэшхуэ иIэщ нэхъыбэж дыхъуным. Зыщывмыгъэгъупщэ: сабийм нэхъ лъапIэ щыIэкъым, ахэращ нэхъ фи гъунэгъу дыдэу, фIыуэ фызылъагъуу, къыфхуэсакъыу щытыжынур. Адрей IуэхухэмкIэ къэралым зыкъыфщIигъэкъуэнущ. Иджыпсту жыджэру дадолажьэ унагъуэщIхэм. ДяпэкIи а Iуэхум пытщэнущ, - дыщIигъуащ цIыхубзым.

ЩIалэгъуалэм зэхахыр зэрафIэгъэщIэгъуэныр ядэплъагъуу едэIуащ Голиковэ Татьянэ яжриIахэм. Къыхэгъэщыпхъэщ, Унагъуэм и илъэсым абы ехьэлIауэ Iуэхугъуи 100-м щIигъу зэрекIуэкIынур. Абыхэм ящыщщ, псалъэм папщIэ, «Ар ди унагъуэ хабзэщ», «Унагъуэм и илъэс» зэхьэзэхуэхэр, бынунагъуэшхуэхэм я зэхыхьэр, «Унагъуэр узыншэмэ, Урысейр лъэрызехьэщ», «Урысейм и лъэпкъ шхыныгъуэхэр» урысейпсо фестивалхэр, «Унагъуэ туризмэр - къуажэхэм» Iуэхур, нэгъуэщIхэри.

         Дыщогугъ Унагъуэм и илъэсым яубзыхуа лэжьыгъэфIхэр зрагъэхъулIэфыну, цIыхухэм ящхьэпэну.

БАГЪЭТЫР Луизэ.

 

Поделиться: