Нэхъ пасэу пенсэ ягъакIуэ

Урысейм, иужьрей илъэситхум къызэрагъэлъэгъуамкIэ, анэ быныфIэхэм ящыщу зи пенсэ кIуэгъуэр къэмысауэ, пенсэ хуагъэуву я унэ щIэтIысхьэжахэм я бжыгъэм хуэди 8-кIэ хэхъуащ, бынищ, быниплI, нэхъыбэж зиIэхэм щхьэкIэ щыIэ льготэхэм къызэрыдыщIагъуам къыхэкIыу. Псалъэм къыдэкIуэу, 2019 гъэм апхуэдэ щIыкIэкIэ нэхъ пасэу пенсэ кIуахэм я бжыгъэр мини 6,8-рэ хъууэ щытамэ, 2023 гъэм мин 55-м нэблэгъащ.

Дызэрыт илъэсым зэрыщIидзэрэ нэхъ пасэу пенсэ ягъэкIуа цIыхубзхэр къэралым мини 7,8-м щыщIегъу. ЩыIэ хабзэм къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, апхуэдэ хуитыныгъэхэр абыхэм яIэщ.

         2024 гъэм зэрыщIидзэрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ анэ быныфIэу 110-рэ нэхъ пасэу пенсэм ягъэкIуащ, хабзэкIэ яIэ хуитыныгъэхэр къагъэсэбэпри. Абыхэм ящыщу 8-м бынитхурэ нэхъыбэрэ, 23-м – быниплI, 79-м бынищ яIэщ.

         Фигу къэдгъэкIыжынщи, бынищ зиIэ анэр пенсэм тIысыж хъунущ и ныбжьыр илъэс 57-рэ ирикъуа нэужь, быниплI зиIэр – 56-м, бынитху е нэхъыбэ зиIэхэр – илъэс 50 зэрыхъуу.

         УФ-м и Социальнэ фондым и къудамэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэм апхуэдэ анэхэм я дэфтэрхэр ипэIуэкIэ игъэхьэзырын щIедзэ. Пенсэу хуагъэувынур зыхуэдизым е нэгъуэщI Iуэхугъуэхэм ехьэлIауэ цIыхубзхэм упщIэ яIэмэ, IуэхущIапIэм зыкъыхуагъазэ хъунущ. Языныкъуэхэм деж Социальнэ фондыр щыщIэупщIэ къохъу унэм щахъумэ дэфтэрхэм ящыщхэм. Сабийм ехьэлIауэ суд унафэ гуэр щыIэу, анэм апхуэдэ пенсэ хуагъэувынукъым.

         «2024 гъэм пенсэ кIуэну зызыгъэхьэзыра анэм, абы ирихьэлIэу, страховой стажу илъэс 15 зиIэм, щхьэзакъуэ пенсэ коэффициентыр 28,2-рэ нэхърэ мынэхъ мащIэу щытын хуейщ», - жиIащ УФ-м и Социальнэ фондым и къудамэу КъБР-м щыIэм и унафэщI Бакъ Николай.

         Къэралым щыщхэр пенсэ щагъакIуэ ныбжьым зэхъуэкIыныгъэхэр зэригъуэтам къыхэкIыу, быниплI зиIэхэм щхьэкIэ льготэхэм лэжьэн щыщIадзар 2021 гъэрщ, бынищ зиIэхэм – 2023 гъэрщ. Абы ипэкIэ цIыхубзхэр псори зэхуэдэу зы ныбжьым пенсэм кIуэуэ щытащ.

         А псом къадэкIуэу, 2023 гъэм УФ-м и Социальнэ фондым анэ сертификату мелуани 2,2-рэ итащ, дызэрыт илъэсым зэрыщIидзэрэ 326,3-рэ. Апхуэдэуи, мы гъэм уэндэгъуу тIысыжахэмрэ анэ хъуахэмрэ сертификати 106,8-рэ иратащ, зыуэ ят ахъшэ пособиер сабий мелуани 3,6-м я адэ-анэм, уэндэгъу хъуа цIыхубз мин 70-м хуагъэуващ.

                                               ТАМОКЪУЭ Санэ.

 

 

 

Поделиться: