ЩIыгъэпшэрымкIэ бэлэрыгъкъым

Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэкъумэшыщIэхэм щIым халъхьэ щIыгъэпшэрхэм я куэдагъым илъэс къэс къыхагъахъуэ зэпытщ. Нэгъабэ гектар къэс хуэзэу килограмми 155,42-рэ хъуащ, 2022 гъэм щыIа бжыгъэхэм нэхърэ нэхъыбэщ ар.

Республикэр абыкIэ къэралым и щIыналъэ нэхъыфIитхум хохьэ икIи щIым халъхьэ щIыгъэпшэрым и куэдагъымкIэ урысейм ику иту щыщыIэ бжыгъэхэм хуэдитIкIэ щхьэщокI.

ЩIыгъэпшэрхэр ирикъуу икIи и чэзум щIым хыумылъхьэу щытмэ, гъавэ бэвкIэ ущIэгугъэн щыIэкъым. ЗэкIэлъыкIуэу гъавэ зытращIэ щIыр тIэщIа мэхъури, къытекIми кIэрыхунущ. Республикэм и мэкъумэшыщIэхэм ар къагурыIуэу, а Iуэхум теплъэкъукIыркъым икIи къащэхум и куэдагъым хагъахъуэ зэпытщ. Абы и фIыгъэкIи, нэгъабэ гъавэ бэв къайхъулIащ, нартыхуу, кIэртIофу, хадэхэкIыу кърахьэлIэжам и куэдагъми фIыуэ хагъэхъуащ.

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться: