|
Календарь событий
08 марта 2024
8 марта, 2024 - 14:00
Илъэс 80 ирокъу балъкъэрхэм политикэ щхьэусыгъуэкIэ я хэкур зэрырагъэбгынэрэ. 1944 гъэм гъатхэпэм и 8-м ахэр я щIыналъэм залымыгъэкIэ ирахуауэ щытащ. СССР-м ЗыхъумэжыныгъэмкIэ и къэрал комитетым ищIа унафэм ипкъ иткIэ, Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ цIыхубэ комиссариатым а лъэпкъым ящыщ цIыху 37713-рэ ирашат ди республикэм. Ахэр Ку-рыт Азиемрэ Къэзахъстанымрэ я щIыпIи 120-м хагуэшат.
8 марта, 2024 - 12:58
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек республикэм исхэм зэрызахуигъазэр
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и цIыхухэу пщIэ зыхуэсщIхэ!
Си лъахэгъу лъапIэхэ!
Гъатхэпэм и 8-р Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и тхыдэм къыщыхъуа гузэвэгъуэ нэхъ ин дыдэхэм ящыщщ. Илъэс 80 ипэкIэ а махуэм балъкъэр лъэпкъыр залымыгъэкIэ я хэкум ирагъэкIащ, гугъуехь куэдым пхыкIащ, щыщIэныгъэшхуэхэр ягъуэтащ.
8 марта, 2024 - 12:05
Си пащхьэм ис Ульбашевэ Маржан «куэд зылъэгъуа цIыху» жыхуаIэхэм зэращыщыр узэрыIуплъэу уолъагъу. И анэм и кIагуэ щIыхур, орденхэмрэ медалхэмкIэ гъэщIэрэщIар, музейм ехьри гъуэгу тетщ балъкъэр бзылъхугъэр.
8 марта, 2024 - 10:00
Балъкъэр лъэпкъым политикэ IуэхукIэ лей къытехьэу хэкум зэрырашрэ илъэс 80 ирокъу.
|