БлэкIар тщымыгъупщэу, къэкIуэнум дытолажьэ

Балъкъэр лъэпкъым политикэ IуэхукIэ лей къытехьэу хэкум зэ­рырашрэ илъэс 80 ирокъу.

Гъатхэпэм и 8-р гуауэш­хуэу къыхэнащ балъкъэр ­лъэп­къым и тхыдэм. Абы лъандэрэ илъэс 80 дэкIыжами, ­уIэгъэ мыкIыжщ ар. Лъэп-къым гукъэкIыж хьэ­лъэу игу къинащ а махуэр: дэ зыри ду­кIа­тэкъым, зыми я ­унэ-лъапсэ дгъэсатэкъым ап­хуэдэу лей къыттехьэн, хэкум драшын хуэдэу. 
Лъэпкъыр зэрыщыту хэкум зэ­рырашар Сталиным иригъэ­кIуэкIа хьэщхьэрыIуагъэм и Iэужьщ. Балъкъэрхэм я бжыгъэм фIыуэ зэрыкIэрыхуам къи­щы­нэмыщIа, дэ тфIэкIуэдащ лIэ­щIыгъуэкIэрэ зэтедухуа щэнхабзэр, фэеплъхэр, щыIэкIэ-псэу­кIэр.
Балъкъэр лъэпкъым къыхэжаныкIа и бын пажэхэр щы­щIалъ­хьэжа хамэщIым щытхьащ хьэ­лъэрэ гуауэкIэ гъэн­щIауэ илъэс 13! Лъэпкъым и политикэ, цIыху ­хуитыныгъэхэр къызэрызэпаудам къищы­нэ­мыщIа, хэхэс хъуа балъкъэрхэм ­къайхьэлъэкIырт хамэ щIыпIэмрэ дэ къытхуэгъэзауэ екIуэкI щIэпхъаджагъэмрэ. 
Мы махуэм дигу къыдогъэкIыж, къатехьа лейр яхуэмышэчу, гуауэм иукIа ди нэхъыжьыфIхэр. Пэжщ, куэдым къагъэзэжат хэкум, ауэ хамэщIым я нэгу щыщIэкIа гугъуехьым и мычэзууэ дунейм иригъэхыжари мащIэкъым, я лъапсэжьхэм гу ­щахуэжыну хунэмысу. 
Псом япэрауэ фIыщIэ яхуэсщIыну сыхуейт ­балъкъэр анэхэм, гъащIэм и хьэлъэр зышэчахэм, лэжьыгъэ хьэлъэ зи фэм дэзыгъэхуахэм, бын гъэсэным зезыгъэлIэлIахэм, гъаблэм щIэблэр щызыхъумахэм. Абыхэм быдэу я фIэщ хъурт ирагъэбгына жьэгу пащхьэр зэрагъуэтыжынур, ди адэжьхэм я сынхэм зэгуэр Iэ зэрыдалъэжынур. 
Нобэ дигу къыдогъэкIыж нэхъыфIу къытхэта, лъэпкъым къыхэжаныкIа, ­гъуазэ тхуэхъуа псалъэхэмкIэ дыкъэзыгъэхуабэу щытахэр. 
Ди нэхъыжьхэр бэшэчу, Iущу, хахуэу къекIуэкIащ. Абы­хэм я фIыгъэщ дэ нэгъуэщIхэм дазэ­ры­хэмышыпсыхьар, балъкъэру дыкъызэрынэжар, ди бзэмрэ хабзэмрэ зэрытхъу­мэжар. Лъэпкъым къигъэзэжа нэужь, гъащIэр щIэрыщIэу ухуэн щIидзэжат. Апхуэдэу къэщIэрэщIэжащ балъкъэр щэнхабзэри тхыдэри. УсакIуэм ижыIауэ: «ЩыIэжкъым гуауи зэман хьэлъи, ди жьэгухэр ­къуршым щыблэжащ!».
Илъэс 80 блэкIыжащ абы ­лъандэрэ… Ауэ илъэс къэс, ­гъатхэпэм и 8-м, ди лъым хэтщи, къызэщIоушэ гуауэр. Ар зэи мыкIуэдыжын дыркъуэу ­телъщ ди щIыфэм. 
Пэжщ, щIэблэщIэм ищIэркъым а гугъуехьыр зыхуэдар. Ауэ абыхэм къагурыдгъэIуэну ди къалэнщ ди адэжьхэм я ­нэгу щIэкIа гузэвэгъуэр зи­щIысыр. 
Дунейм захуагъэ тетти, ди хэкур дгъуэтыжауэ  ди къуэш адыгэхэм, урысхэм, адрей лъэпкъхэм ящIыгъуу тэмэму допсэу. Къэбэрдей-Балъкъэ­рым зыдогъэужь хуитыныгъэм и телъхьэ щIыналъэ дахэу. Ди гур хузэIухащ щIэщыгъуэм, зэ­хъуэкIыныгъэфIхэм. Дызэ­рефIэ­кIуэнумрэ зэры­зыдужьынумрэ дыхущIэкъуу  хэкум дыхуолажьэ. Дэ быдэу дощIэ ди хуитыныгъэхэр щагъэлъапIэ, ди нэхъыжьхэм пщIэ щы­хуащI, щIэблэм я гъуэгур щызэIуха псэукIэ дызэриIэнур. 
ЛIышхуэ гуэрым жиIат: «БлэкIам дыхуэIэмалыншэщ, ауэ къэкIуэнур ди IэмыщIэ илъщ!». 
Аращи, дыпсэунщ, блэкIар тщымыгъупщэу, фIым дыщыгугъыу ипэкIэ дыплъэу, тхузэфIэкIыр Урысей Федерацэм хуэдлэжьу, мамырыгъэм дри­телъхьэу. 
 

Зумакулов Борис, ЦIыхум и хуитыныгъэхэмкIэ КъБР-м и уполномоченнэ, тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБР-м щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ.
Поделиться: