|
Календарь событий
26 марта 2024
26 марта, 2024 - 17:02
Лъэпкъ мащIэхэм я бзэхэр зэман кIэщIкIэ кIуэдыжын гъуэгум теувауэ ЮНЕСКО-м къызэрилъытэрэ куэд щIащ. Ауэ а гузэвэгъуэр зыжьэхэуэнур хэтми, зыми ищIэркъым. Апхуэдэ гурыщхъуэ зыхуащI бзэхэр зезыхьэхэр къэушрэ, елэжьын щIадзэмэ, мыкIуэдыжынри хэлъщ. Абы теухуауэ иIэ гурыгъу-гурыщIэхэр къытхуеIуатэ Ерджиес университетым и профессор Иуан Зэуал. «Анэдэлъхубзэхэр хъумэным теухуауэ Къэрэшей-Шэрджэс къэрал университетым куэд елэжь. Абы и Iуэху пажэхэм ящыщщ Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм щыпсэу лъэпкъхэм я анэдэлъхубзэхэр хъумэнымрэ абыхэм зегъэужьынымрэ ехьэлIахэр. Университетым и ректор Узденов Т.
26 марта, 2024 - 16:27
Пасэм щомыщыр Кавказым куэду щыIащ, ахэр щызэхэзекIуэрт Кавказ къуршытх Нэхъыщхьэм. ХХ лIэщIыгъуэм и кIэухым щомыщхэр Кавказым мащIэ дыдэ щыхъуащ, кIуэдыжынкIэ шынагъуэу. 1980 гъэхэм закъуэтIакъуэт мэзхэм узэрыщрихьэлIэжыр. Илъэси 5 - 8-м къриубыдэу зыбжанэрэ щалъэгъуат Дагъыстэным, Осетие Ищхъэрэм, Къэрэшей-Шэрджэсым.
26 марта, 2024 - 14:55
ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ. Апхуэдэу щытми, цIыху лъэпкъыр я бзэкIэ, я дуней тетыкIэкIэ, щIыпIэу зыщыпсэухэмкIэ хуабжьу зэщхьэщокI. Нобэрей щIэныгъэм цIыхухэр я сурэткIэ, я нэпкъпэпкъкIэ егуэш негроид, монголоид, европеоид расэхэмкIэ.
26 марта, 2024 - 13:57
Рассказ
2 Iыхьэ
Сурэтхъан и макъыр нэхъ щэху хъуурэ, тIысыпэри, щым хъуащ. И гур къызэфIэзэрыхьа хъунт.
- Псы тIэкIу уеIубын? – сыкъэгузэвэжауэ соупщI.
- Хъунт, тхьэ.
Псы стэчан къыхуизгъэхъуам, Iэдэб дыдэу зэ йоIубри, къызетыж.
- Упсэу, дахэ.
Сэри, зы щытыкIэ дахэ иджыри дэслъэгъуащи, пщIэ хуэсщIыр нэхъ лъагэж хъуауэ соплъ, и макъыр зэтрегъэувэжри, пещэж.
26 марта, 2024 - 13:53
Мэзкуу областым и Рузэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) Урысейм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ ныбжьыщIэхэм, хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ я зэхьэзэхуэ. Абы хэтащ зи щIалэгъуэ спортсмен нэхъ лъэщхэм ящыщу 700-м нэблагъэ.
26 марта, 2024 - 13:00
Мэзкуу къалэм и «Крокус Экспо» центрым гъатхэпэм и 19 - 21-хэм щекIуэкIынущ туризмэмрэ хьэщIагъэм пыщIа Iуэхугъуэхэмрэ ехьэлIа 30-нэ дунейпсо гъэлъэгъуэныгъэр. Абы хэтынущ Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэхэри.
Дунейпсо утыкум ирахьэнущ турагентствэхэм, туроператорхэм, хьэщIэщхэм, цIыхухэм щIыуэпсым и дахагъэкIэ къулей щIыпIэ зэмылIэужьыгъуэхэм зыщегъэплъыхьыным пыщIа IэнатIэхэм, нэгъуэщIхэми нобэ яIэ зэфIэкIхэмрэ я ехъулIэныгъэхэмрэ. Псом хуэмыдэу, зыплъыхьакIуэхэр нэхъыбэу зыщIэупщIэ, ахэр къызэрыдахьэх, щIэуэ къежьа я Iуэхутхьэбзэхэр ягъэлъэгъуэнущ.
26 марта, 2024 - 12:59
В соответствии с планом проведения антитеррористических учений на 2024 год, утвержденным Председателем НАК, Оперативным штабом в Кабардино-Балкарской Республике 27 марта 2024 года в Урванском муниципальном районе будут проводиться антитеррористические учения.
Оперативный штаб в КБР просит жителей и гостей региона отнестись с пониманием к возможным неудобствам, связанным с введением временных ограничительных мер.
26 марта, 2024 - 12:49
Къэбэрдей-Балъкъэрым мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министр Сыжыжэ Хьэсэн иджыблагъэ хэтащ абы и унафэм щIэт IэнатIэм щылажьэ Жылагъуэ советым и зэIущIэм. Абы щытепсэлъыхьащ гъатхэ губгъуэ лэжьыгъэхэр республикэм и щIыналъэхэм зэрыщеужьэрэкIым.
Сыжажэм къыхигъэщащ губгъуэ лэжьыгъэхэр и чэзум зэрырагъэжьар, махуэ къэси, зэрыжаIэу, зэрыщIагъэхуабжьэр.
26 марта, 2024 - 11:18
Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм. Ахэр хэтащ КИФЩI-м пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ а къалэм щрагъэкIуэкIа зэхьэзэхуэм.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и бэнакIуэхэм медаль зэхуэмыдэу 11 абы кърахащ, ауэ дыщэ медалу зы къыхэкIауэ аращ. Ар къэзыхьар килограмм 55-рэ хъухэм я деж щыбанэ Тэркъан Казбекщ.
Зэхьэзэхуэм етIуанэ щыхъуащ Хъуп Астемыррэ (кг 63-рэ) Гъубж Аскэррэ (кг I30-рэ).
26 марта, 2024 - 11:00
ЦIыхухэм я псэукIэр егъэфIэкIуэным ехьэлIауэ къэралым щылажьэ «Къуажэхэм сыт и лъэныкъуэкIи зегъэужьын» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ федеральнэ, щIыналъэ бюджетхэм къахэкIыу Къэбэрдей-Балъкъэрым сом мелард 1,55-рэ къыхуаутIыпщащ иужьрей илъэситхум къриубыдэу.
26 марта, 2024 - 10:01
Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ шабзауэхэм я республикэ чемпионатрэ пашэныгъэр къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэрэ. Абы хэтащ Урысей Ипщэм и щIыналъэхэм ящыщу 7-м я спортсмен 70-м щIигъу.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и шабзауэхэм зэхьэзэхуэхэм я зэфIэкIхэр щагъэлъэгъуащ икIи зыхэта гупхэм япэ увыпIэхэр къыщахьащ Рахманкуловэ Даринэ, ДыщэкI Рустам, Кулюшинэхэ Янэрэ Натальерэ сымэ.
26 марта, 2024 - 09:04
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и деж Къэрал къулыкъумрэ унафэщI лэжьакIуэхэр зэзыхъуэкIынухэмрэ япыщIа IуэхухэмкIэ щыIэ комиссэм хэтхэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2015 гъэм щэкIуэгъуэм и 30-м къыдигъэкIа Указ №177-УГ-мкIэ щIэгъэбыдам зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ
26 марта, 2024 - 08:01
Гъатхэпэм и 26, гъубж
Къэмэх узыфэр зыпкърытхэм я махуэщ
1898 гъэм къалъхуащ кавказыбзэхэр зыджа щIэныгъэлI, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, Куржым щIэныгъэхэмкIэ и академием и академикыу щыта, Абхъазым, КъБР-м, Шэшэн, Ингуш, Дагъыстэн республикэхэм щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, Куржым и къэрал саугъэтым и лауреат Чикобавэ Арнольд.
Дунейм и щытыкIэнур
|