|
Тхыдэ
7 июля, 2023 - 11:55
Кавказ зауэм и лъэхъэнэм адыгэхэм я щхьэм кърикIуам тетхыхьыжащ тхыдэдж, щIэныгъэлI, тхакIуэ куэд. Абыхэм ящыщ зыщ публицист, журналист Абрамов Яков. Урыс пащтыхьыгъуэм ХIХ лIэщIыгъуэм Кавказым щригъэкIуэкIа политикэм кърикIуэу бгырыс лъэпкъхэм я лъахэр къабгынэныр къызыхэкIамрэ абыхэм я щэнхабзэр зэрыкIуэдамрэ пэжым тету абы и лэжьыгъэм къыщыгъэлъэгъуэжащ. Абы щыщ пычыгъуэ фыщыдогъэгъуазэ.
7 июля, 2023 - 07:44
Абхъазым и лIыхъужь, тхыдэ щIэныгъэхэм я кандидат Мэрзей Аслъэнбэч дызэрыт зэманым Абхъаз университетым щрегъаджэ. Лекцэхэм яз теухуат Кавказым уэркъ хабзэм зэрызыщиубгъуамрэ зэрыкIуэдыжамрэ.
5 июля, 2023 - 09:03
Къэбэрдей-Балъкъэрым и Лъэпкъ музейм и унафэщI Накуэ Феликс газетеджэхэм щIэрыщIэу егъэцIыхужын хуейкъым. Зи диссертацэр адыгэ Iэщэм тезыухуа щIэныгъэлIым ита интервьюхэмрэ игъэхьэзыра теплъэгъуэхэмрэ а Iуэхум дихьэххэр фIыуэ щыгъуазэщ. Ауэ, гъэщIэгъуэнракъэ, адыгэ Iэщэм хуэфащэ пщIэр нобэ нэхъ хуэзыщIыфыр абы и тыншагъыр иджыри Кавказ зауэм и зэманым зыгъэунэхуа къэзакъхэрщ. Андреев Александр игъэхьэзырауэ адыгэбзэм къидгъэзэгъа «Сэшхуэр топым йобгъэрыкIуэ» нэтын гукъинэжыр абы и зы щапхъэщ.
3 июля, 2023 - 09:25
Мы цIэр зэрахьэ Адыгэ Республикэм и ипщэ-къухьэпIэ лъэныкъуэмкIэ ит къуажэми ар зыбгъэдэс къуршыпс уэр цIыкIуми.
3 июля, 2023 - 08:35
ХьэтIохъущокъуэ Исмел адыгэ лъэпкъ цIэрыIуэм къыхэкIащ, 1787 - 1791 гъэхэм екIуэкIа урыс-тырку зауэм хэтащ, иужькIэ епщыкIиянэ лIэщIыгъуэм и кIэухым щыщIэдзауэ, дунейм ехыжыху, Къэбэрдейм къыщыхъуа Iуэху псоми хэтащ, и цIэр адыгэхэм ящыгъупщакъым нобэр къыздэсым, М. Ю. Лермонтовым и поэмэ цIэрыIуэм («Измаил-бей») и лIыхъужь нэхъыщхьэщ.
30 июня, 2023 - 12:00
ПщылIыр пасэу Урысейм щыIукI пэтащ. Абы IэмалыфI къыхукъуэкIат зыужьыныгъэ тэмэмым и гъуэгум теувэну, ауэ апхуэдэхэм деж къызэрыхъу хабзэщи, псори напIэзыпIэм, нэгъуэщIу жыпIэмэ. зыпэмыплъам икъутэжащ.
30 июня, 2023 - 09:24
Рейхстагыр - нэмыцэ парламентым и унэщ. 1894 гъэм щыщIэдзауэ 1933 гъэ пщIондэ абы щекIуэкIащ парламентым и зэIущIэхэр. 1999 гъэм ухуэныгъэм и цIэр БундестагкIэ зэрахъуэкIащ. Ар здэщыIэр Берлин и щIыпIэ нэхъ дахэхэм ящыщу къалъытэ икIи абы зыплъыхьакIуэ мелуанхэр макIуэ.
Бундестагым и кIуэцIымкIи и щIыбымкIи иджыри ущрохьэлIэ урыс сэлэтхэм традзауэ щыта тхыгъэхэм, фочышэхэм кърауда блынхэм. Унэшхуэр зыхуей хуагъэзэжами, зауэм и лъэужьхэр къагъэнащ цIыхухэр мелуан бжыгъэкIэ зыхэкIуэда гузэвэгъуэр ящымыгъупщэжын папщIэ.
26 июня, 2023 - 12:27
ЕтIощIанэ лIэщIыгъуэм и зэхуэдитIым къэхъуа Израилыр къэрал телъыджэщ. Абы щыпсэухэм я Iыхьэ щанэм урысыбзэр фIыуэ ящIэ, абы иропсалъэ ауэ КъухьэпIэм, щхьэтечу жыпIэмэ, США-м быдэу епхащ - езыр щыIэныр зыхилъагъуэри абы къуэтынырщ. АрщхьэкIэ а шыIэныгъэм и гугъу пщIымэ, Израилыр къызэрыунэхуари, зэрызэфIэувари нэхъыбэ дыдэу зи фIыгъэр СССР-щ. Хэбгъэзыхьмэ, Совет Союзым ар къригъэлауэ щытащ.
26 июня, 2023 - 12:27
Бабыгу шытх
Щхьэгуащэрэ Лабэ ЦIыкIурэ Къухьэп1э Кавказым щежэх псы нэхъ ин дыдэхэм хабжэ. А тIум я псы къуэпсхэр зэхэзыгуэшыкI джабащхьэ екIуэкIым Бабыгу шытхкIэ йоджэ. ТхыцIащхьэр ТхьэщIы (Тхач) бгым и ижьырабгъу лъэныкъуэмкIэ щыIэщ.
23 июня, 2023 - 11:15
Мы хытIыгур куэд щIауэ ящыщщ дунейм и «щIыпIэ пщтырхэм». Абы и закъуэкъым - ар уващ зи экономикэр ЩIы хъурейм щынэхъ лъэщ США-мрэ Китаймрэ я зэхущытыкIэхэр егъэлеяуэ зэщIэзыгъэплъа щIыналъэу икIи, уеблэмэ, ахэр къарукIэ зэпэщIэувэнкIэ шынагъуэщ. ЗэкIэ Вашингтон зэтезыIыгъэр Украинэм щекIуэкI Iуэхухэрщ: абы къытехьэлъэнущ зэуэ лъэныкъуитIми япэщIэтыныр. Языныкъуэ политикхэм зэрыжаIэщи, «Урысейр иухмэ, КъуэкIыпIэмкIэ кIуэнущ». АрщхьэкIэ иджы езы американхэми шэчышхуэ къытрахьэ хъуащ ар зэрахузэфIэкIынум: США-м къехъулIакъым Урысейм къыхуимурадахэм ящыщу зыри.
Страницы
|