|
Тхыдэ
18 июля, 2023 - 10:44
Кануков (Хъанухъти) унэцIэр зезыхьэ лIакъуэр лъабжьэжь зиIэ осетин алдар (пщы) лъэпкъым хеубыдэ. Ижь-ижьыж лъандэрэ абыхэм яубыд Донифарс жыхуаIэ щIыпIэр. 2017 гъэм Владикавказ дэт Гуманитар щIэныгъэхэмкIэ институтым къыдигъэкIауэ щытащ бзэ зыбжанэкIэ (осетиныбзэ, урысыбзэ, тыркубзэ) зэхэт «Есе Кануков» тхылъыр.
18 июля, 2023 - 07:35
Дыгъэр гуащIэу къепсу, уэгъуу щыщытым, уэшх къешхарэт жыдоIэ. Абы куэдрэ узригъажьэмэ, уэшхым «укъеджэн» хуейщ. Адыгэхэм уэшх къызэрырагъэшхыу щыта дауэдапщэхэрщ зи гугъу тщIыр. Абыхэм ящыщу нэхъ гъэщIэгъуэн дыдэр «Хьэцэгуащэ» е «Хьэнцэгуащэ» (Хьэнцигуащэ) жыхуиIэрат.
17 июля, 2023 - 14:00
Ридадэ и цIэрэ и хъыбаррэ яхъумащ адыгэ тхыдэми урыс тхыдэми. Урыс тхыдэм къызэрыхэщымкIэ, Тмутэрэкъан дзэпщыр, Мстислав, касогхэм я деж зэуакIуэ къэкIуэгъащ (урыс тхыдэм зэрыжиIэмкIэ, - 1022 гъэм). ДзитIыр зэпэува нэужь, щыхьэт тохъуэ урыс тхыдэр, касог дзэпщым, Ридадэ, Мстислав жриIащ: «ДзитIыр щхьэ зэрыдгъэукIрэ: уэрэ сэрэ дызэгъэбэни, укъыстекIуэмэ, си лъапсэри, си бынри, си мылъкури ууейщ. СыптекIуэмэ, уи лъапсэри, уи бынри, уи мылъкури сысейщ». АбыкIэ зэгурыIуэри, Ридадэрэ Мстиславрэ зэрыубыдащ.
14 июля, 2023 - 14:54
Москва и Кремлыр Европэм и быдапIэ нэхъыщхьэщ икIи архитектурэ ухуэныгъэ цIэрыIуэщ. Ар къалэм и курыкупсэм итщ, Москва псыежэхым и Iуфэм. Абы и блын, чэщанэ лъагэхэр, члисэ дыщафэхэр, уардэунэхэр Москва псыежэхым къыщхьэщытщ. Кремлхэр къалэ куэдым щыIэщ, ауэ тхыдэ-художественнэ, жылагъуэ-политикэ, музей центр хъуар Москва щаухуам и закъуэщ.
14 июля, 2023 - 11:44
Илъэс бжыгъэ ипэкIэ Интернетым сыщрихьэлIат Урыс-Кавказ зауэм и лъэхъэнэ гугъум икIи псэзэпылъхьэпIэм убыххэмрэ шапсыгъхэмрэ я лъахэм щIэх-щIэхыурэ къизэрыгуэу къекIуэкIа зэрыпхъуакIуэхэм хэкупсэхэр лIыгъэшхуэ зэрахьэу зэрапэщIэтар къызыхэщыж тхыгъэхэм.
АтIэми, зэман бзаджэу къахущIэкIам ди лъэпкъэгъухэр зыхиубыда Iуэхугъуэхэр зэкIэлъыгъэкIуауэ къыщетхэкIыжа сатырхэм я нэхъыбапIэр зейр ахэр зи нэгу щIэкIа цIыхухэрщ.
13 июля, 2023 - 13:28
Хьэтыдж цIэрыIуэ, зи лIыгъэм зи щIэныгъэр къыкIэрымыхуу къекIуэкIа, Абхъазым и япэ президенту щыта Ардзинбэ Владислав и еплъыкIэмкIэ, «кашкэхэмрэ абешлайхэмрэ адыгэхэмрэ абхъазхэмрэ къызытепщIыкIыжа лъэпкъхэщ».
13 июля, 2023 - 06:00
Джылахъстэнейм хыхьэ ХьэпцIей къуажэм щыщ ГъукIэпщ Рае сыхуэзэу сыбгъэдэса иужь, и адыгэбзэ дахэмрэ и Iумахуагъымрэ сатхьэкъуат.
Нанэ Рае ящыщщ зи сабиигъуэр зауэм хиубыдахэм.
11 июля, 2023 - 07:40
Адыгэ сэшхуэм япэ дыдэу щытетхыхьа зэманыр 1625 гъэм хуахь, шэрджэсхэм я Iэщэ-фащэм ятеухуауэ Джованни де Лукэ и Iуэху еплъыкIэр къыщигъэлъэгъуам.
9 июля, 2023 - 07:10
Мы гъэм илъэс 315-рэ ирокъу Къэнжал зауэм къэбэрдейхэм текIуэныгъэр къызэрыщахьрэ. 1708 гъэм мини 10 фIэкIа мыхъу адыгэдзэм мин 60 - 70-м хуэдиз кърымыдзэм кIэ иратауэ щытащ. Дауи, а Iуэхугъуэр икъукIэ гъэщIэгъуэнщ икIи а лъэхъэнэм Къэбэрдеймрэ Кърымымрэ яку дэлъа зэбииныгъэмрэ зауэмрэ нэхъ нэIуасэ захуэтщIын папщIэ зыхуэдгъэзащ тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, Къэбэрдей-Балъкъэрым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым и лэжьакIуэ Къущхьэбий Анзор.
Страницы
|