НОБЭ

Мазаем и 12, блыщхьэ

ЩIэныгъэмрэ гуманизмэмрэ я дунейпсо махуэщ

1929 гъэм Налшык щIыпIэ мыхьэнэ зиIэ курорт хъуащ.

1957 гъэм Кавказ Ищхъэрэм щыяпэу Налшык телевиденэм лэжьэн щыщIидзащ.

1884 гъэм къалъхуащ Тыркум щыпсэуа адыгэ тхакIуэ, дунейпсо литератруэм и классикыу къалъытэ Хьэткъуэ Умар (Омер Сейфеддин).

1944 гъэм къалъхуащ усакIуэ, КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат Къэшэж Иннэ.

1948 гъэм къалъхуащ уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ, КъБР-м, КъШР-м я цIыхубэ артист Мэремыкъуэ Хъусен.

1958 гъэм къалъхуащ тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, УФ-м профессиональнэ щIэныгъэмкIэ и IэнатIэм щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ ТекIуий Мадинэ.

Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru сайтым зэритымкIэ, Налшык уфауэ щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 14 - 16, жэщым градуси 7 щыхъунущ.

 

Лъэпкъ Iущыгъэ:

Нэгур гум и гъуджэщ.

Зыгъэхьэзырар ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

27.04.2024 - 09:56 НОБЭ
25.04.2024 - 09:00 НОБЭ
24.04.2024 - 13:21 ЩIым и махуэ
24.04.2024 - 11:43 НОБЭ
23.04.2024 - 09:45 НОБЭ