Мурад дахэхэр зи плъапIэ

Кушбокъуэ Залымхъан ныбжькIэ щIалэми, зэфIэкI хъарзынэхэр къэзыгъэлъагъуэ IэщIагъэлIщ. ЦIыхур зыгъэщхьэжагъуэ узыр щхьэщыпхыфыныр насыпу къэзылъытэ щIалэ цIыкIум дохутыр IэщIагъэр и гум щигъафIэрт. Абы фIы дыдэу къыгурыIуэрт а хъуэпсапIэр тыншу зэрыпхузэмыгъэхъулIэнур, ауэ ерыщу Iуэхум иужь ихьэри, и зэфIэкI псори хуиунэтIащ ар нахуапIэ зэрищIыным.

 - Ди благъэ-Iыхьлыхэм дохутыр IэщIагъэм хуеджа зыри яхэткъым, - жеIэ Залымхъан. - IэщIагъэр сэ езым сфIэфIу къыхэсхащ икIи сыхущIегъуэжыркъым. Зи узыншагъэмкIэ гуныкъуэгъуэ зиIэ цIыхум сэбэп ухуэхъуным нэхъыфI сыт щыIэ?!

Налшык къалэ дэт курыт школ №5-р фIы дыдэу къиуха нэужь, Кушбокъуэр щIэтIысхьащ КъБКъУ-м и медицинэ факультетым. Абы иужькIэ ординатурэм и щIэныгъэм щыхигъэхъуэжри, Налшык и къалэ сымаджэщ №1-м лэжьэн щыщIидзащ.

- Медицинэр щIэныгъэ куущ, абы къыхэкIыуи сытым дежи уеджэн хуейщ, - къыддогуашэ и гупсысэхэмкIэ Залымхъан. - ЩIэныгъэм и мыхьэнэр къызгурызыгъэIуа курыт школ №5-м, университетым я егъэджакIуэхэм сахуэарэзыщ. Абыхэм къыджаIэрт щIэныгъэ зыбгъэдэлъыр сыт хуэдэ зэманми зэрыхэпсэукIыфынур. Къыхэсха IэщIагъэр зыхуэдэр къэсщIэнымкIэ сэбэпышхуэ къысхуэхъуащ сыщыстудент зэманым сымаджэщхэм сызэрыщылэжьар. Абы щыгъуэм зи лэжьыгъэм сыкIэлъыплъа дохутырхэм щIэныгъэшхуэ зэрабгъэдэлъыр наIуэ сщыхъуати, сэри си зэфIэкIым зэрыхэзгъэхъуэным яужь ситащ: Москва Сеченовым и цIэр зезыхьэ и Япэ медицинэ къэрал университетым и клиникэ сымаджэщ №1-м торакальнэ хирургиемкIэ и къудамэм си Iэзагъэм щыхэзгъэхъуащ. Абы щызгъэкIуа зэманыр икъукIэ сэбэп къысхуэхъуащ дохутыр IэщIагъэм и щэху куэд къэсщIэнымкIэ. Къапщтэмэ, IэщIагъэ тынш щыIэкъым. Уегугъумэ, дэтхэнэ зы Iуэхуми уехъулIэнущ. Пэжщ, медицинэм ухэзэгъэныр щIэныгъэм и закъуэкIэ зэфIэкIыркъым: набдзэгубдзаплъэу, шыIэныгъэшхуэ пхэлъу сымаджэхэм я гукъеуэр, тхьэусыхафэхэр, гурыгъу-гурыщIэхэр зыхэпщIэфу ущытын хуейщ. Адрей IэщIагъэхэм щыуагъэ гуэрхэр щыпIэщIэкI хъуми, медицинэм ар къыщезэгъыркъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, цIыхум дохутырым нэхъ лъапIэ дыдэу иIэр дзыхь хуещIри.

Кушбокъуэм щIэныгъэм и нэ къызэрыхуикIым и щыхьэтщ аспирантурэм зэрыщIэтIысхьэжар. Лэжьэнри еджэнри зэдэпхьыныр тыншкъым, ауэ щIэныгъэ куу зыбгъэдэлъ IэщIагъэлI нэс хъуну щIэхъупс Залымхъан гугъуехьым къигъэдзыхэркъым. АбыкIэ абы щапхъэ хуохъу аспирантурэм зи нэIэ щIэту щеджэ, медицинэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, госпитальнэ хирургиемкIэ кафедрэм и профессор Аслъэн Ахьмэд.

- Аслъэн Ахьмэд щIэныгъэшхуэ зыбгъэдэлъ IэщIагъэлI Iэзэщ, - жеIэ Кушбокъуэм. - Ар и лэжьыгъэм зэрыпэрытыр, и къалэнхэр зэригъэзащIэр си нэгу щIокIри, сымыгъэщIэгъуэн слъэкIыркъым. Абы хуэдэхэрщ дохутыр IэщIагъэм къыхуигъэщIащ жыхуаIэр. Сэ си насып къикIауэ къызолъытэ, абы и жьауэм сыщIэту IэщIагъэм сыхэгъуэзэну Iэмал зэрызиIэмкIэ. Хуабжьу си нэ къыхуокI цIыхухэр гъэхъужынымрэ щIэныгъэ лэжьыгъэмрэ зэдэсхьыфу сылэжьэным.

ПЩЫХЬЭЩIЭ Хьэмзэт.
Поделиться: