Нартыху хьэдзэ зэмыфэгъу

 

Нартыхур къагъэкI илъэс мин бжыгъэ хъуауэ. Абы къыхэкIыу, ар тхыдэ щIэину къэплъытэ хъунущ. Псори десащ нартыхур гъуэжьу е хужьу щытын хуейуэ. АтIэ лIэужьыгъуэ гъэщIэгъуэнщ «Glass Gem» - «Абджыпс хьэдзэ» жыхуаIэр. Абы «лэгъупыкъу нартыхукIэ» еджэуи урихьэлIэнущ. ЛIэужьыгъуэ гъэщIэгъуэныр къигъэкIыныр гугъу ехьу зэригъэхъулIащ Америкэм щыщ фермер, жыггъэкI Барнс Карл. КъэкIыгъэм и пIалъэ зыщIэ куэдым яIущIэурэ, ягъэкIыу щыта нартыху лIэужьыгъуэхэм, ахэм зэрелэжьу щытам и Iэмалхэм зыщигъэгъуэзащ.

Зэрызыщигъэгъуэзам тету, Барнс нартыху лIэужьыгъуэ куэд зэпэгъунэгъуу хисащ. Зэрызэпэгъунэгъум и сэбэпкIэ, къэкIыгъэм шэжыпкъ хригъащIэрт, апхуэдэурэ, лIэужьыгъуэщIэхэр къигъэхъурт. УдзгъэкIым гъэщIэгъуэн щыхъуащ нартыхум хьэдзэ плъыфэ дахэхэр къызэрытекIэр. Хьэдзэ щхъуэкIэплъыкIэхэм ящыщ жылэхэр и ныбжьэгъухэми яритащ. Абыхэм иджыри нэгъуэщI лIэужьыгъуэхэри дагъакIэурэ, зи хьэдзэхэр плъыфэ куэду зэхэт нартыху лIэужьыгъуэ къагъэкIыныр зэрагъэхъулIащ. Зы сэмбым илъ нартыхум и хьэдзэхэр зэрызэмыщхьыр гъэщIэгъуэнщ.  Абы и плъыфэр ират пигментхэм хэлъ молекулэхэм. Зы нартыху лIэужьыгъуэм и шэжыпкъыр нэгъуэщI куэдым нэсыфынущ, а зылъэIэсахэми жылэр адэкIэ ягуэшыж. Барнс нартыху лIэужьыгъуэ куэд зэпэгъунэгъуу зэрыхисэм, абыхэм я ДНК-р зэмылIэужьыгъуэ ищIырт.

Фермерыр 2016 гъэм дунейм ехыжащ. Ауэ ди зэмаными абы зэхигъэкIа нартыху лIэужьыгъуэр яфIэфIу хасэ, нартыху щхъуэкIэплъыкIэр дунейм къыщацIыхуащ. Ар ягъэпIэнкI, хьэжыгъэу яхьэж. Куэдым яфIэфIщ хьэпшып цIыкIуфэкIухэр щащIкIэ ар къагъэсэбэпыну. Крахмал куэд зэрыхэлъым ар егъэлеяуэ быдэ ещI, абы къыхэкIыуи, бгъавэу е бгъажьэу пшхы хъуркъым.

ГЪУЭТ Синэ.

Поделиться: