Адыгэм и бжьахъуэ IэщIагъэр

(лъэпкъ IуэрыIуатэм ипкъ иткIэ)

«...Дунейкъутэж щыхъум, бжьитI - бжьэпщымрэ бжьапцIэмрэ - Мерисэ и Iэгъуапэм зыщагъэпщкIури зыраудыгъуащ. Псори сабырыжу зэтес хъужа нэужь, ахэр зэщIэвууэ къилъэтыжахэщ. Мис абыхэм къатехъукIыжащ нобэр къыздэсым адыгэм бжьэуэ дгъэхъур».

ЛIакъуэхэр зэхэшыпсыхьурэ лъэпкъ къудамэхэр зэтоувэ. Лъэпкъ къудамэхэр зэроубыдри, лъэпкъхэр къагъэщI. Дэтхэнэ лъэпкъри шкIащIэ увыкIэу зэрызэфIэувэу, къэзыухъуреихь дунейм и теплъэгъуэ дэтхэнэми (псэ зыIутми зыIумытми) теухуауэ упщIэ хьэлэмэтхэр зыхуигъэувыжу щIедзэ: цIыхур дэнэ къикIа, щIыгум, уафэм, Iэщхэм, къэкIыгъэхэм сытыр я къежьапIэ? Дунеижьыр щымыджэмыпцIэу щIылъэ щхъуантIэр щызэпцIагъащIэм гущэхэлъ ныбжьым итауэ зыщIэж адыгэм и япэ упщIэхэм къадокIуэ «бжьэр дэнэ къикIа?» жыхуэтIэр. Мис мы упщIэм и жэуапу лъэпкъым игъэпсащ ищхьэкIэ къэтхьа хъыбар кIапэр. «Мерисэ» адыгэм жыхуиIэр бжьэмрэ бжьахъуэ IэщIагъэмрэ я Тхьэрщ.

Шэч хэлъкъым ди лъэпкъым бжьахъуэныр и ныбжьым къызэрыддэгъуэгурыкIуэм. Фор берычэтымрэ гъащIэ щызымрэ я зы нэщэнэу хъер къезыджэ хъуэхъужьхэм къыщокIуэ:

Ди фор гуибгьуу, фызибгъум кIадэр кърахьэкIыу,

Фомрэ тхъумрэ зэхалъхьэу,

Ди тхъэгъуэ зехьэкIуэу,

Ди фохьэкIуэ Iэрыщтэу

Ди тхьэ, ди гъащIэр дыгъэхь!»

Апхуэдэу зи Iуэху хуэщIам ижъ-ижьыж лъандэрэ «фомрэ тхъумрэ IупэкIэ изу мэпсэу» хужаIэт. Мыр дыдэр - форэ тхъурэ зэхэлъу «IурыцIэлъкIэ» зэджэр - адыгэ хьэгъуэлIыгъуэм и зы дауэдапщэм (унэишэм) деж нысащIэм и Iупэм щахуэ, псалъэм я нэхъ дахэмрэ IэфIымрэ фIэкIа къыжьэдэмыкIыну хуэхъуахъуэурэ. Мыбы и щIыIужкIэ фохьэкIуэм фо къызэрыщIапIытIыкIыу щыта фопIытIым ирагъэщхьт нысащIэм и Iупэр, «фопIытI цIыкIур и Iупэу» жаIэу. Щауэмрэ нысащIэмрэ я зэхуаку дэлъын хуей лъагъуныгъэр фомрэ цымрэ хуэдэу зэкIэрыпщIауэ псэуну къагъэлъагъуэт.

Ижь-ижьыж лъандэрэ адыгэм мылъкур, Iэщ бжыгъэм къыдэкIуэу, бжьэ матэ бжыгъэкIэ къипщу щытащ. Псалъэм папщIэ, ди лъэпкъ архивым къызэрыхэщыжымкIэ, уэркъщауэ Къудей Къарэ 1847 гъэм адэщIэину бжьэматэ 952 къыхуэнат. 1867 гъэм зэрабжамкIэ, Къэбэрдейм бжьэматэ 30.000 итт. 1868 гъэм фоуэ пут 6453 Къэбэрдейм щыщIахури ящат.

Адыгэ бжьахъуэмрэ бжьащхъуэмрэ апхуэдизу псэкIэ зэрыщIэти, мы псэущхьэ цIыкIухэм зэхэщIыкIрэ гупсысэрэ ябгъэдэлъу игъэувырт пасэрейм.

Арауэ къыщIэкIынт бжьэцыр къыдэджэрэзу уэгум ит бжьэпщым бжьахъуэр щIеубзэр, щIелъэIур бжьэ къэпщIыгъуэм: «ПIвей, пIвей (бжьэм и ву макъым зригъэщхьу аращ) джэмыдэжь, лъэужъыфI, сэмбым кIуэ, матэм кIуэж!» - жиIэу.

Хьэлэмэтщ адыгэ бжьахъуэм бжьэр къызэригъэпщIым укIэлъыплъыну.

Бжьэцыр зэрызехьэу уэгум къызэриувэу, абы бжьэ сэмбым фоупс триутхэрт, ар къуэрагъ кIыхьым фIидзэрти, бжьэц уэгум итым яхиубыдэрт. Бжьэцыр уэгум здит щIыпIэм и хъуреягъым хьэблэ щIалэ цIыкIухэм мывэ тIурытI яIыгъыу къригъэувэкIхэрти, абыхэм мывэхэр зрагъэуIуу щIадзэрт. Мыбдежым физикэм и зы хабзэ «лажьэу» щIидзэрт: мывэ зэуIу макъхэр ищхьэкIэ дэуейти, бжьэцым ихъуреягъыр а макъымкIэ къегъэбыдэкIа хъурт (звуковой барьер). Мыбы бжьэхэр илъэтыкIыфыртэкъым, апщIондэху бжьэпщыр сэмбым итIысхъэрти, адрей бжьэхэри абы кIэрытIысхьэжхэрт.

Бжьэцым бжьэпщ зыбжанэ хэс хабзэщ. Апхуэдэм деж адыгэ бжьахъуэм бжьэгъажэ ищIт: бжьэматэм и гупэм хьэIупэм хуэзэу бжэныфэ игъэтIылъырти, мыбы бжьэпщ бжьэцым къыхищыпыкIахэр тридзэрт. Бжьэпщхэм бжьэматэмрэ бжьэхэмрэ я мэр къащIихьэти, бжэныцым кIуэцIрыпщурэ хьэIупэмкIэ щIэпхъуэхэт. ХьэIупэм япэ нэса бжьэпщыр Iэщыну къигъанэт бжьахъуэми адрейхэр иукIырт. Мыр адыгэм и «естественный отборт».

И гугъу зэрытщIащи, адыгэм бжьэр бжьэматэм дэсу игъэхъурт. Мыр деичкIэ хъурейуэ яхурт, IэфракIитI и лъагагъыу, IэдакъэбжьитI и щхьэIум и бгъуагъыу. Бжьэматэм и кIуэцIым деичхэр зэблэдзауэ зэпрагъэжырти, мыбыхэм езы бжьэхэм хьэкIуэхэр кIэращIыхьыжырт. Бжьэматэ кIуэцIыр бжьэхэм шэхурэ тIатIийкIэ зэщIаежырт, и щIыбыр унэ зэраиу щытам хуэдэу яижырт.

Бжьэматэ лъабжьэм а чий дыдэм щыщ хъурейуэ хуауэ щIэшхэ хуащIырт, и щхьэкIэ къешх-къесым щихъумэну жьажьэ тралъхьэжт. И лъабжьэм къыщыщIэдзауэ тхуалэкIэ къыдэIэбейрти бжьитху зэбгъурысу нэхъ дэмыхуэну хъэIупэ кIуэцIрабзыкIт.

Бжьэм къалэжь псори егъэлеяуэ зэрыхущхъуэм адыгэм куэд щIауэ гу лъитащ: псчэрилэхэр бжьэматэм щхьэщагъэтIысхьэрти, абы къыдих мэмкIэ  ягъэбауэрт; зи нэм кIэричу щIидзам кIарц фор и напIэхэм хущахуэрт, ар псы хуабэкIэ зэIахырти езы нэхэми щIагъаткIуэрт;  уIэгъэр фом нэхърэ нэхъ псынщIэу зыгъэкIыж зэрыщымыIэр ящIэт адыгэм, абы е зэрыримыгъакIуэми гу лъатат; фомрэ бжьыныпсымрэ зэхэту псчэхэр ирагъафэт; зи тэмакъ узым фо хугур IукIэ ирагъэхузт; тIатIийр убгъуауэ къыщагъэсэбэпырт дзэ, дзэл узхэм. Мыр тхъу гъэплъакIэ зэIахти кIуэцI узхэм еIэзэхэрт; хъулъхугъэм и цIыхухъу къарур щIэкIамэ, бжьэшэ ирагъафэрт; нобэ аденомэкIэ зэджэр къызэузхэр адыгэм бжьэ лIам къыщIэвыкIа псым ирагъафэрт; пыхусыхум (адыгэм хуэмыху уз жиIэу щытащ) къыдэкIуэу зи бэуапIэ иубыдахэм фощхьэтегъэж ирагъэгъэныщкIут; къарууншэ хъуахэм фо, тхъу, дэ ирагъэшхыурэ зыкърагъэужьыжт; къупщхьэ зэрытыпIэхэр узмэ, бжьэр абдежхэм ирагъауэурэ щхъухькIэ Iэзэхэт.

Гу лъытапхъэщ: мы адыгэ IэзэкIэхэр иджырей медицинэм хуабжъу егъэкъабыл икIи IэзэкIэ тэмэму трегъэчыныхь.

ЦIыпIынэ Аслъэн,

ЦIыпIынэ Идар.

 

Поделиться:

Читать также: