Iуэхутхьэбзэ зыхуищIэхэм къахохъуэ

 

«Россети Северный Кавказ» ПАО-м и къудамэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэ «Къэб-Балъкъэнерго»-м электрокъарукIэ Iуэхутхьэбзэ зыхуищIэхэм я бжыгъэм 2430-рэ къыхигъэхъуащ нэгъабэ. Псори зэхэту лъэщагъыу абыхэм яхуиутIыпщар мегаватт 44,4-рэ мэхъу.

         Социльнэ мыхьэнэ къызыбгъэдэкI IуэхущIапIэхэм щыщу ««Къэб-Балъкъэнерго»-м и электросеть нэхъыщхьэм пидзахэм яхэтщ Сэрмакъ къуажэм и курыт еджапIэр, Iуащхьэмахуэ жылэм и сымаджэщыр, Куба и амбулаторэщIэмрэ Чыщпэк ЩэнхабзэмкIэ и унэмрэ.

Абы нэмыщI, IэщIагъэлIхэм технологие Iэмалхэр къагъэсэбэпу зыпащIащ Зэикъуэ къажэм дэт псыр къызэрыщIаш ухуэныгъэмрэ Кичмалкэ дэт мэжджытымрэ.

Иджырей технологие Iэмалхэр къэгъэсэбэпкIэрэ элекросетым IуэхущIапIэщIэхэр къешэлIэныр «Къэб-Балъкъэнерго»-м и лэжьыгъэм щынэхъыщхьэщ. Псалъэм папщIэ, «Россети» ПАО-м иIэщ уи унэ ущIэмыкIыу абы и электросетым   зэрызыпыпщIэ хъун Iэмалхэр - Портал-ТП.РФ-м щхьэзакъуэ кабинет къыщызэIыбохри абыкIэ электрокампанием лъэIу тхылъ ибогъэхь я сетым зэрызыпебгъэдзэнумрэ электрокъаруум и куэдагъыу узыхуэныкъуэнумрэ иту.

 

Поделиться: