Зыми емыщхь гъуэгуанэ

Мы гъэм илъэси 100 ирокъу  Шапошниковым и цIэр зезыхьэ, щIыуэпс биосферэмкIэ Кавказ къэрал мэзкъуэдыр къызэрызэрагъэпэщрэ.

РСФСР-м и Совнаркомым и унафэкIэ 1924 гъэм зи лъабжьэр ягъэтIылъа а IуэхущIапIэр хуэунэтIат КъухьэпIэ Кавказым фIэкIа нэгъуэщI щIыпIэ узыщримыхьэлIэ икIи щIэныгъэ-къэхутэныгъэ мыхьэнэ ин зиIэ бгылъэ мэзхэмрэ абыхэм щыпсэу псэущхьэхэмрэ хъумэным. 1979 гъэм а мэзкъуэдыр хабжащ ЮНЕСКО-м и нэIэм щIэт дунейпсо щIыуэпс щIэинхэм.

Европэм щынэхъ ин, гектар мин 280-м нэс  зыубыд мэзкъуэдым и къудамэхэр нобэ щыIэщ Кубань щIыналъэхэм, Адыгейм, Къэрэшей-Шэрджэсым, къэрал мыхьэнэ зиIэ «Сириус» щIыпIэм. Абы къызэщIеубыдэ Лабэ Хужь, Ин, ЦIыкIу, Шахэ, Сочэ, Мзымтэ псыпэхэм я къежьапIэр. Метр 600 - 2200-м нэблагъэ лъагапIэхэр цIыху щемыувэх мэзхэмкIэ щIэуфащ. Ар мэзкъуэдым и зэхуэдитIым нэхърэ нэхъыбэ мэхъу. А щIыпIэм и щIыуэпсым иIэщ адрейхэм къащхьэщыкI биосферэ зэхэлъыкIэ телъыджэ: процент 21-р субальп, альп тафэу, 16-р  уэс зытелъ къыррэ бгы мыладжэу, 1-р гуэлу макIуэ. Абы и щыгухэм къыщыщIадзэ псыпэ зыбжанэм. Апхуэдэу  абы хеубыдэ мылылъэ 63-рэ, гуэли I33-рэ. Кавказыр зэрыгушхуэ мэзкъуэдым къэкIыгъэ лIэужьыгъуэ куэд ущрохьэлIэ.  Къапщтэмэ, абыхэм я бжыгъэр мини 3-м ноблагъэ, 165-р жыгрэ къуацэрэщ, апхуэдэу зыхуагъадэ щыIэкъым ди пихтэ уардэхэри.

Мэзкъуэдыр псэущхьэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIи къулейщ - ахэр 74-м нос. Абыхэм ящыщщ зубрхэр (нобэ абыхэм я бжыгъэр миным щIегъу), кубань къурш бжэнхэр, кавказ щыхьхэр, мэз бжэнхэр, кхъуэпIащэхэр, дыгъужьхэр, мыщэхэр, мэз джэдухэр, хьэIуцыдзхэр, бажэхэр, дзыгъуэхэр, дзыдзэхэр. Иджыблагъэ мэзкъуэдым щрагъэкIуэкIа зэIущIэм къыщыпсэлъа, Сочэ и лъэпкъ паркым и унафэщI Шевелев Сергей зэрыжиIамкIэ, гъэ кIуам  заповедникым зыщаплъыхьащ турист мин 630-м, лъэпкъ паркым щыIахэм я бжыгъэр мелуаным фIыуэ щIегъу. Псом нэхърэ нэхъ цIыху кIуапIэу щытащ «Ипщэ къэкIыгъэхэр» паркыр, «Лъагъуэнакъэ» турист лъэс лъагъуэр, «Гъуазэрыплъ» (Адыгейм), «Лаурэ» щIыуэпс центрхэр.

2024 гъэм нэхъри нэхъ зэпэщыж ящIыну я мурадщ гектар 300-м щIигъу хъу чэщей жыг фIэкIа къыщымыкI лъэс зекIуапIэр зыхиубыдэ «Ипщэ къэкIыгъэхэр» паркыр. Сочэ и лъэпкъ паркым и  дендрарийхэми гулъытэ хэха ягъуэтынущ.

Мэзкъуэдым и зыплъыхьыпIэ щIыпIэхэм турист лъагъуэу 6 йокIуалIэ. Ахэр иджырей мардэхэм тету зэIузэпэщ ящIынущ, щIыуэпсым цIыхухэр зэран хуэмыхъун хуэдэу. ЩIыпIэр зэрырагъэфIэкIуэным имызакъуэу, ткIийуэ кIэлъыплъынущ Сочэ и лъэпкъ паркым и щIыуэпсыр хъумэным ехьэлIа хабзэхэм ебакъуэхэм. Гъэ кIуам и закъуэ а щIыпIэм щыщэкIуэну мурад зыщIахэм я  Iэщэхэр къытрахащ, етхьэкъуащ, апхуэдэ кIэлъыплъыныгъэхэр адэкIи щIагъэхуэбжьэнущ. Мыр къыхэгъэщыпхъэщ - щIыуэпсыр щыхъумэн хуей а щIыпIэхэм хэщIыныгъэу иратар сом меларди 4-м нызэрохьэс. Псом япэу зэтраублэжын хуейуэ къалъытащ, ипэ зэманхэм хуэдэу, мэзкъуэды хуэIухуэщIэхэмкIэ IэщIагъэлIхэр гъэхьэзырыныр.

Абыхэм къакIэрыхуркъым Iуащхьэмахуэ  и лъэпкъ паркри. Абы щыкуэдщ псей щхъуантIэхэр, щIыхухэр, уэздыгъейхэр. Иужьрей илъэсхэм ди щIыпIэм кърашащ иджыри къэс щымыIа секвойе, каури, араукарие псей лIэужьыгъуэхэри. Абыхэм къудамэ нэхъыбэ ятетщ, я банэхэри нэхъ Iуву зэхэтщ. Къэбэрдей-Балъкъэрым щымащIэкъым уэздыгъей лIэужьыгъуэхэм ящыщ кедрхэри. Абыхэм нэхъ уащрихьэлIэр къуршылъэ щIыпIэхэм щыIэ мэзхэрщ.

 Совет лъэхъэнэм Налшык паркым и лъэс зекIуапIэхэр ягъэдахэу щытащ пихтэ лъагэхэм. Ахэр паркым и дахапIэт, ди щыхьэрыр зыгъэпсэхупIэ къалэхэм зэращыщри къигъэлъагъуэрт. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, ахэр нобэ мащIэ дыдэ хъуащ, нэхъыбэу уащрихьэлIэри, цIыхухэр здынэмыса щIыпIэ зэгъуэкIхэрщ. Фэтэр куэду зэхэт унэ зэтетхэм я пщIантIэхэм жьы хъуа пихтэ зырыз щыплъагъункIи мэхъу. Ауэ ахэр щахъумащ Псыхуабэ, Нартсанэ я зыгъэпсэхупIэхэм. ХэщIыныгъэ зыгъуэта мэзкъуэдыхэр къагъэщIэрэщIэж илъэс зыбжанэ хъуауэ Урысейм и щIыналъэ псоми щагъэлажьэ «ЩIыуэпс» программэм и фIыгъэкIэ: жыгыщIэхэр хасэ, псэущхьэхэмрэ къуалэбзухэмрэ я щхьэбжыгъэхэр зэфIагъэувэж, гъэм и кIыхьагъкIэ апхуэдэ щIыпIэхэм къабзагъэм щыкIэлъоплъ, лъэс лъагъуэщIэхэр пхаш.

 Апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэхэм я фIыгъэкIэ ди щIыналъэм зыплъыхьакIуэ къакIуэхэм я бжыгъэм хэхъуэнущ. Къапщтэмэ, Урысейм и Правительствэм иджыпсту гулъытэ лей хуищI хъуащ КъуэкIыпIэ Гъунэгъум щыIэ къэралхэм я турист нэхъыбэ къегъэблэгъэным. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, апхуэдэхэм деж псом нэхърэ нэхъ Iуэхугъуэ нэхъыщхьэр ди щIыуэпсым и зэхэлъыкIэ гъэщIэгъуэныщэмрэ абы и къабзагъымрэщ. ПэхуэщIэм ипкъ иту Iуащхьэмахуэрэ Iуащхьэмахуэ лъапэрэ я мэзхэм гъэ къэс жыгыщIэхэр щыхасэж, щIымрэ псымрэ я щытыкIэр ирагъэфIакIуэ, а щIыпIэхэм гъуэгущIэхэр щаухуэ.

ЖАНХЪУЭТ Зузэ.

 

 

 

 

Поделиться: