УсэкIэ бауэрт

Къэшэж Иннэ и усыгъэм цIыхупсэр къулей ещIыф – Хэку лъагъуныгъэкIэ, гукъэкIыжкIэ, гухэлъ къабзэкIэ, гуапагъэкIэ… Куэд къыпыпщэ хъунущ. ЦIыхухэм я гум псалъэ защIэкIэ нэсыфым езым игури и псэри сыту къулей! Усэм и лъагъуэкIэ цIыху гупсысэхэр егъэпIейтей Иннэ. Сабиигъуэм тетхыхьми, щIалэгъуэм хуэусэми, лъахэм епсалъэми, адэ-анэм яхуиIэ хуабагъэкIэ гуашэми, щIыуэпсым итхьэкъуми ди нэгум теплъэ гуапэхэр къыщIохьэ.

Зэманым пщIэ хуэпщIу уагъасэ и усэхэм – гъащIэм и дэтхэнэ дакъикъэри тыгъэ лъапIэу зэрыщытыр дигу къегъэкIыж. Апхуэдэ гупсысэм гум къыщигъэушыр дахагъэщ

Адэжь щIыналъэм телъыджэу пыщIат усакIуэ бзылъхугъэр. Пэжыжьэ пэтми зыхищIэрт гъунэгъуу, игъэпIейтейрт, хуэгузавэрт, хуэзэшт, гупсысэр и гум имыхуэж щыхъукIи, усэ дамэхэм яIэтырти, зэбгырахырт.

Къэшэж Иннэ ди лъэпкъ литературэм Тхьэр къызэрыхуэупсахэм ящыщщ. УрысыбзэкIэ дыкъоджэ и сатырхэм, ауэ итIани, дыкъеджэху дызэрыгупсысэр анэдэлъхубзэщ. Сыт абы щэхуу е удыгъэу хэлъыр? Си гугъэмкIэ, ар лъым и къарущ – фIэкIыпIэ зимыIэщ.

Бзылъхугъэм и сатырхэм нэтемыгъахуэу япщIэхэлъ хуэдэщ адэжь щIыналъэм и щIыуэпсыр. УсакIуэр бгым, псым, уафэм, мэзым зэрызыпыщIар усыгъэ къуэпсщ. Бгы абрагъуэхэм я уардагъым, хьэуам удзымэр хэз зэрыхъум, уэрамхэр зэрыбгъуфIэм хилъагъуэрт гъащIэ. УсакIуэр бауэрт усэкIэ.

ГУГЪУЭТ Заремэ.

 

                Къэшэж Иннэ

                        * * *

Лэкъум сигу къохьэ, сихьу сабиигъуэм,

Зэгуэр игъажьэрт IэфIу ар си анэшхуэм.

Мы щIы хъурейм щапщэфIми ар шхыныгъуэу,

А псори иджы сэркIэ мыщIэщыгъуэу,

Мы си Iум итыр лэкъум хуабэм и мэрщ.

 

Лэкъум сигу къохьэ, щоу абы Iугъуэмэ,

Ар къыхащIыкI, сощIэж, нартыху хьэжыгъэм.

Иджы зэ сIухуэххамэ лэкъум хуабэ,

Си лъахэм сихьэжынути, си напIэм

ЩIэкIуэдэжынут сиIэр гуныкъуэгъуэу.

 

Лэкъум нэхъ IэфI зэгуэр сэ сшхауи сщIэжкъым,

СIухуамэ си гупсысэхэр нэху хъунт

Лэкъум хъурей, теткIуауэ дагъэ ткIуэпсхэр…

Куэд щIауэ си анэшхуэм иIа хьэкур блэжкъым,

Сэращи, сэ схуэгъажьэркъым лэкъум.

 

             Мазэ мывэ

Къысхуэлъыхъуэ мазэ мывэ,

Зэпычыфи хахуэу псибл.

КъызэнэкIи е лIэщIыгъуэ,

КъэплъагъункIэ хъунщ здэщылъ.

 

Къысхуэлъыхъуэ мазэ мывэ,

Лъагъуныгъэм и дамыгъэу.

Щымыхъужми уафэм ихьэ,

Мазэм кIуэ, ухуеймэ, Дыгъэм.

 

КъыпыщIыкI абы и къуапэр –

Мазэ щымым щыщ «дуней»,

Къысхуэупсэ, къызэт закъуэ,

Мазэ нэхукIэ сыщI къулей!

ЗэзыдзэкIар ГУГЪУЭТ Заремэщ.
Поделиться: