НэгъэцIу Хьэсэнбий и лIыгъэр

Мазаем и 15-р Урысей Федерацэм щагъэуващ я къалэн ягъэзащIэу нэгъуэщI къэралхэм щыхэкIуэда зауэлIхэм я фэеплъ махуэу. Хэкур хъумэнымкIэ я пщэрылъ къалэныр къызыхуэтыншэу, я къаруи, я зэфIэкIи, уеблэмэ я гъащIи щымысхьу зыгъэзэщIа щIалэхэм ящыщ куэдым я къуэпсыр Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщежьат. А къалэн мытыншыр къызыхуэтыншэу зыгъэзащIэхэм, щхьэхуитыныгъэм зи псэр щIэзытахэм я фэеплъхэр мыкIуэдыжынщ. А щIалэхэм зэрахьа лIыгъэм и инагъыр псом хуэмыдэжу зыхыбощIэ мы лъэхъэнэм, ди къэралым гъунэгъу щIыналъэм дзэ Iуэхугъуэ хэхахэр щыщригъэкIуэкI зэманым. 

Кавказ Ищхъэрэм и нэхъ щIыпIэ къулейхэм, дахэхэм хохьэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр. Гъунапкъэншэщ, къыпхуэмыIуэтэным хуэдэуи дахащэщ ди республикэм и щIыуэпсыр: «Джэдмышх», «Шэджэм» псыкъелъэхэр, зыми емыщхь ди Гуэл ЩхъуантIэхэр, Аушыджэр къыщыщIэж псы хуабэхэр, псори дызэрыгушхуэ ди Iуащхьэмахуэ бгы лъагэр, нэгъуэщIхэри. ЩIыналъэм бгъэдэлъ щIыуэпс къулеягъым куэдкIэ ефIэкI хъугъуэфIыгъуэщ абы щыпсэу цIыхухэр. Я ныбжьми, зыпэрыт IэнатIэми, къызыхэкIа унагъуэми емылъытауэ абыхэм ящыщ куэдым ди Хэку-анэм и цIэр яIэтащ я гуащIэдэкI зэфIэкI лъагэхэмкIэ, щIэныгъэ куумкIэ, яхэлъ лIыгъэрэ хахуагъэкIэ. Иужьрейхэм, къэралым и щхьэхуитыныгъэм, абы и гъунапкъэхэр хъумэным къикIуэт ямыIэу пэрыувахэм ящыщт Аруан районым хыхьэ Къэхъун къуажэм щыщ НэгъэцIу Хьэсэнбий Мухьэжыр и къуэр. 
Хьэсэнбий 1963 гъэм Къэхъун къуажэм къыщалъхуащ. Жылэм дэт курыт школ №2-р хъарзынэу къиухри, куэд дэмыкIыу дзэм ираджащ, Хэкум къулыкъу хуищIэну. Гъуэгуанэ теува щIалэщIэм и гур хигъахъуэрт и къуажэгъухэу Аргъэщокъуэ Аслъэнрэ Шэшэн Iэуесрэ гъусэ зэрыхуэхъуам. СыткIэ ящIэрэт а щIалэхэр зыпэрыхьэну къулыкъур зауэ IэнатIэу къыщIидзыну? 1981 гъэм и бжьыхьэм дзэм ираджа щIалэ куэд яхэхуат зауэшхуэ къыщыхъея Афганистан Республикэм къулыкъу щызыщIэнухэм. Ди къэралым и ипщэ гъунапкъэхэр зыхъумэну дзыхь зыхуащIахэм яхэтт зи цIэ къитIуа къэхъун щIалэхэри. 
Гъуэгуанэ теува щIалэхэм нэхъуеиншэу зыщаплъыхьырт къыщыхута щIыпIэр. Иджыри кхъухьлъатэм щисым абы и щхьэгъубжэмкIэ къыдэплъ Хьэсэнбий илъагъурт бгылъэ щIыпIэхэр, мэз гуэрэнхэр, пшахъуэщI гъуэжьыфэхэр. Адэ-мыдэкIэ кIуэцIрыкI гъуэгу нэшэкъашэхэм зэкIэлъхьэужьу щызеуэрт хьэлъэ зыхь махъшэ чырэхэр. Губгъуэхэм щаухуат палаткэ «къалэ» цIыкIухэр. А псори зи нэгу щIэкI Хьэсэнбии кхъухьлъатэм ис адрей сэлэт щIалэхэми я гум фIы щыщIэртэкъым. Совет Армэм къулыкъу зэрыщащIэну илъэситIыр абыхэм щагъэкIуэн хуейт зэзауэ гуащIэ щекIуэкI, нэрымылъагъу лагъымхэр къыщыуэ, пулемётхэмрэ автоматхэмрэ щылъалъэ, цIыху гъащIи щыздихь къэхъуу щIыр уэгум щрапхъэ Афганистан щIыналъэ «пщтырым».
Ди совет зауэлIхэр щымыгъуазэу щыттэкъым Iуэхур зытетым. Абыхэм нэхъапэIуэкIэ драгъэкIуэкIа псалъэмакъхэмкIэ хьэкъ ящыхъуат я Хэкумрэ абы и цIыхухэмрэ езэуэж, бгы гъуанэхэр, мэз Iувхэр, нэгъуэщI быдапIэхэр псэупIэ зыщIа зауэлI Iэлхэр зэрыгущIэгъуншэр, зэхэуэ гуащIэхэр махуэ къэс емыкIуэкIынуми, здашэр фронт здэщымыIэ зэуапIэу зэрыщытыр.
НэгъэцIур танк ротэм хэхуат. Зэман кIэщIым къриубыдэу адыгэ щIалэщIэр хуэIэижь хъуат и «гъущIышыр» зегъэкIуэнми ар гъэуэнми. Пщэрылъ къыхуащI дэтхэнэ къалэнри къызыхуэтыншэу зэфIихырт щIалэ хахуэм. 
Апхуэдэурэ екIуэкIащ 1983 гъэм и пэщIэдзэ пщIондэ. Хьэсэнбий зыхэт взводым зэгуэр хъыбар кърагъэщIащ къатеуэну зызыгъэхьэзыр душман гупышхуэм я хэщIапIэм кIуэуэ абыхэм я мурадыр къызэпаудыну. ПсынщIэу защтэри, бронетранспортёрхэр, нэгъуэщI зауэ техникэхэр зэкIэлъхьэужьу ежьащ. ЖыхуаIа щIыпIэм зэрынэсу заукъуэдийри, зэхэуэ гуащIэ яублащ. БыдапIэм ис бийр ди зауэлIхэм къахэуэрт лагъымыдзхэмкIэ. И танкым сакъыу ис Хьэсэнбий апхуэдэ лагъымхэм къытемыхуэн щхьэкIэ, зыкъуэдзапIэхэр къигъэсэбэпурэ ерыщу ипэкIэ кIуэрт. Зауэ гуащIэм хэту, абы зыхищIащ танкыр щIым къытриIэтыкIыу лагъымыр абы и лъабжьэм къызэрыщыуар. Дакъикъэ нэхъ дэмыкIыуи гъуэзыр къызыщхьэщих танкыр и пIэм иувыIыхьащ. Адыгэ щIалэщIэр танкым къипщу къыщIэпхъуэжакъым, атIэ, ар къэуэнкIэ шынагъуэ зэрыщыIэр ищIэ пэтми, уIэгъэ хъуа и ныбжьэгъухэр машинэм зырызурэ кърихащ. Иужьрей зэуэлIыр къигъэIэпхъуа къудейуэ, танкыр къэуащ… 
1983 гъэм и щIышылэм и 12-м екIуэкIа а ебгъэрыкIуэныгъэм хэтахэм зэрыжаIэжымкIэ, щIылъэри уафэри зы хъужа хуэдэт, ихъуреягъыр мафIэмрэ гъуэзымрэ апхуэдизу зэщIащтати. ТхьэкIумэIупсыр Iузыч а къауэ макъым къыкIэлъыкIуа зэрыхьзэрийхэр тIэкIу зэтесабырыжа нэужь, наIуэ къэхъуащ апхуэдиз лIыгъэрэ хахуагъэрэ къызыкъуэкIа адыгэ щIалэщIэр лагъым къэуам зэриукIар. 
НэгъэцIу Хьэсэнбий и гъащIэр итащ ди къэралым и гъунапкъэхэр хамэ щIыналъэм щихъумэу. Зэрихьа лIыгъэ иным папщIэ абы иужькIэ къыхуагъэфэщащ Вагъуэ Плъыжь орденыр (и Iыхьлыхэм иратыжащ). Апхуэдэ хахуагъэ къызыкъуэкIа, гушхуэ зыкIуэцIылI щIалэм и ныбжьыр иджыри илъэс 20 ирикъуатэкъым. 
Я ныбжьэгъум и кIуэдыкIар гущIыхьэ ящыхъуауэ щытащ ротэм хэтхэм. Псом хуэдэжтэкъым а гуауэр Хьэсэнбий и къуажэгъухэм я дежкIэ. Гузэвэгъуэ инт ар Хьэсэнбий и адэ-анэу Мухьэжыррэ Къэралхъанрэ я унагъуэми лъэпкъми я дежкIэ. ЩIалэ хахуэм и дыуэщIым цIыхушхуэ къекIуэлIат. Хьэсэнбий иужьрей гъуэгуанэм трагъэувэжыну къызэхуэсахэм яхэтт абы и гъусэу хамэ щIыналъэм щызэуа Шэшэн Iэуеси. Арат и ныбжьэгъур Iыхьлыхэм къахуишэжыну пщэрылъ зыщащIари. 
Хэкум къалэн къыщищIар зыгъэзащIэу зи псэр зыта НэгъэцIу Хьэсэнбий, зауэлI хахуэм, ныбжьэгъу пэжым, и фэеплъыр яхъумэ ар къызыхэкIа унагъуэм, лъэпкъым. Хьэсэнбий зэрихьа лIыгъэр я гъуазэщ Къэхъун и мызакъуэу, ди Аруан щIыналъэми къихъуэ ныбжьыщIэхэм я дежкIи. Абы хэлъа лIыгъэм дыщытепсэлъыхьыж дерс зэIухахэр мызэ-мытIэу сэри щезгъэкIуэкIащ сыщылажьэ курыт школми. ЗауэлIым и фэеплъ спорт зэхьэзэхуэхэр зы илъэси къэмынэу щызэхашэ жылэми районми. ЩIалэр щеджа курыт школым къыщызэIуахащ абы и фэеплъ пхъэбгъу. НэгъэцIу Хьэсэнбий и цIэр нэгъабэ лъандэрэ зэрехьэ Къэхъун къуажэм и уэрамхэм ящыщ зыми. 
Ди щIалэ куэдым я псэр зыгъэна Афган зауэжьыр зэриухрэ илъэс 30-м щIигъуащ. Зэманыр кIуами, а лыгъейм хэкIуэда ди зауэлI хахуэхэм я фэеплъыр ди гум илъщ. Абыхэм я гъащIэр, зэрахьа лIыгъэр щапхъэщ къыдэкIуэтей щIэблэхэм я дежкIэ.  

 
 

КЪАРДЭН Хуэмей, Нарткъалэ дэт курыт школ №2-м адыгэбзэмрэ литературэмрэ щезыгъэдж.
Поделиться: