НОБЭ

Гъатхэпэм и 12, гъубж

         ИнтернеткIэ цIыхухэм якIэлъыплъыныр мыдэным и дунейпсо махуэщ

         Урысейм ЮстицэмкIэ и министерствэм и Уголовнэ-гъэзэщIакIуэ IэнатIэм и лэжьакIуэм и махуэщ

         1912 гъэм къалъхуащ мэкъумэш щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, УФ-ми КъБР-ми щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, Хэку зауэшхуэм хахуэу хэта, 1965 - 1973 гъэхэм КъБКъУ-м и ректору щыта КIэрэф Къамболэт.

         1945 гъэм къалъхуащ УФ-ми Адыгэ Республикэми я цIыхубэ сурэтыщI Къат Теувэж.

         1955 гъэм къалъхуащ химие щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессор, ЩIДАА-м и академик Хъурей Арсен.    

Дунейм и щытыкIэнур

         «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ.  Хуабэр махуэм градуси 4 - 7, жэщым 1 градус щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:

Бзылъхугъэ здэщыс сэ ирахкъым.

 

Зыгъэхьэзырар ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэщ.

 

 

Поделиться:

Читать также:

27.04.2024 - 09:56 НОБЭ
25.04.2024 - 09:00 НОБЭ
24.04.2024 - 13:21 ЩIым и махуэ
24.04.2024 - 11:43 НОБЭ
23.04.2024 - 09:45 НОБЭ