Къалэр дадийр гъатхэм и нэщэнэщ

Гъатхэм и нэщэнэ дахэхэм ящыщщ къалэр дадий зэмыфэгъухэм нэр ягъэгуфIэ зэрыхъур. Ди къэралым хабзэ щыхъуащ гъатхэпэм и 8-м бзылъхугъэхэм а гъэгъа дахэхэр ирату. Ахэр зэмыфэгъущ, щхьэж фIэфIыр къыхихыу. АтIэ къалэр дадийхэм я теплъэр зэрыдахэм хуэдэу, езым я хьэл яхэлъыжщ, тхыди яIэщ. Удз гъэгъам нэхъри нэIуасэ зыхуэпщIыну гъэщIэгъуэнщ.

Къалэр дадий лъэпкъыгъуэу мини 10-м нэблагъэ щыIэщ.

ЛIэужьыгъуэщIэ къэбгъэкIыным илъэс 20 хуэдиз токIуадэ.

Дунейм псом къалэр дадийр къыщалъытэ гухэлъым, насыпым, гуапагъэм, псэхугъэм я нэщэнэу.

Зы къалэр дадийм зы гъэгъащ къищI хабзэр. Ауэ щыIэщ гъэгъаиплIым нэблагъэ къызыпыкIэхэри.

Къалэр дадийм лъэпкъкIэ нэхъ пэгъунэгъу дыдэщ лиллиер. ИтIанэ, бжьынымрэ бжьыныхумрэ.

1634 гъэм щегъэжьауэ 1637 гъэ пщIондэ къалэр дадийр дуней псом къыщыкI удз гъэгъахэм я нэхъ лъапIэ дыдэу ябжырт. А зэманым, уеблэмэ Голландием унэр щынэхъ пудт бжьынгъагъэм нэхърэ. А илъэс зыбжанэр тхыдэм къыхощ «тюльпаномание» фIащыжауэ.

И гъэгъахэр пшхы мэхъу, абы салатхэр, IэфIыкIэхэр, псыхэкIхэр ирагъэщIэращIэ.

Нидерландхэр къалэр дадийр нэхъыбэ дыдэ щагъэкI къэралщ. Илъэс къэс нэгъуэщI къэралхэм абы ирырегъэш гъэгъам щыщ миллиарди 3-м нэблагъэ.

Голландием и цIыхухэм ар япэу яригъэцIыхуащ фламандие удзгъэкI Кризиус Каролус. Аращ япэу бжьынгъагъэм и лъабжьэр Лейденскэ университетым и хадэм щыхэзысар.

Голландием къалэр дадийхэр XVI лIэщIыгъуэм нэсащ, Тыркум кърашри. Тыркум и цIыхухэм къалэр дадийр гурыхь ящыхъуащи, куэд щIауэ абы и къалэхэм я теплъэр егъэщIэращIэ.

Къалэр дадийм и хэкуу къалъытэр Къэзахъстанырщ. Сыту жыпIэмэ, абы къыщагъуэтащ мэзым къыщыкI къалэр дадий лIэужьыгъуэ куэд.

Къалэр дадийхэр щыIэщ сыт хуэдэ плъыфэуи, щIыхурэ фIыцIабзэрэ къищынэмыщIауэ. Языныкъуэхэм фIыцIэу къалъытэ лIэужьыгъуэм и фэр ипэжыпIэкIэ шакъафэ-фIыцIафэщ.

Къалэр дадийр къипча нэужь занщIэу и хэхъуэныр зэпыуркъым, атIэ махуэ зыбжанэм къриубыдэу сантиметри 2,5-кIэ докIей.

Хадэм къалэр дадийр щыхэпсэмэ нэхъыфIщ жэпуэгъуэм и кIэухым е щэкIуэгъуэм и пэщIэдзэм ирихьэлIэу. Сыту жыпIэмэ, абы щыгъуэм дунейм иIэ щIыIагъым къалэр дадийм къыхыхьэнкIэ шынагъуэ вирус лIэужьыгъуэхэр еукI.

Къалэр дадийр хэту гъэгъа Iэрамэ е IэплIакIуэ зэхэбгъэувэнумэ, абы гъусэ хуэпщIыну йокIу лиллиер, хризантемэр, ирисыр, тхьэгъуцIацIэр. Ауэ ар гъунэгъу хуумыщIмэ нэхъыфIщ къалэрдэгумрэ нарциссымрэ. Абыхэм яхэбгъэувэмэ, къалэр дадийр щIэхыу мэхуалэ, и дахагъэр мэкIуэд.

ГУГЪУЭТ Заремэ.

 

Поделиться: