Гуапагъэмрэ мамырыгъэмрэ я телъхьэхэр

Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубзхэм я гуащIэр инщ. Ар хыболъагъуэ совет зэманым щIыналъэм къыщыунэхуауэ щыта цIыхубз зэщIэхъееныгъэм и тхыдэм. 1900 гъэм къыщыщIэдзауэ ди цIыхубзхэм мэкъумэш IэнатIэм, промышленностым, щIэныгъэм, щэнхабзэм, нэгъуэщI хуэIухуэщIэхэми лэжьыгъэшхуэ щызэфIагъэкIащ. Абыхэм щыхьэт техъуэ дэфтэрхэри, сурэтхэри, тхылъхэри куэду щIэлъщ КъБР-м и Лъэпкъ музейм.

ЗэрытщIэщи, блэкIа лIэщIыгъуэм и 20 гъэхэм Кавказ Ищхъэрэм мыхьэнэ зиIэ зэхъуэкIыныгъэхэр щекIуэкIат. Къэбэрдеймрэ Балъкъэрымрэ я цIыхубзхэм я япэ щIыналъэ зэхуэсыр 1922 гъэм щыIащ. Абы теухуауэ газет тхыгъэ зыбжанэ ихъумащ КъБР-м и Лъэпкъ музейм. А зэманым жыджэру, псынщIэу къызэгъэпэща хъуат цIыхубз лъэщапIэхэр (щыгъыныгъуэхэр щад, цы щызэрахъэ), гупжьейхэр (щIэныгъэм, щэнхабзэм я фIыпIэр щадж), нэгъуэщIхэри. А псори зыхуэгъэзар республикэм и зыужьыныгъэрт. Бгырыс цIыхубзхэр хущIэкъурт я лэжьыгъэм профсоюзхэри жылагъуэ IуэхущIапIэхэри къыхашэну. Псалъэм папщIэ, Старэ Крепостым (иджырей Бахъсэн къалэрщ) дэта цIыхубз клубым и унафэщI хъуат Сасыкъ Фаризэт. Дэным, хэдыкIыкIэм хуэIэзэ а бзылъхугъэм и лэжьыгъэм щыщIидза лъэщапIэ мыиным фабрикэ псо къыхэкIат. ИужькIэ Фаризэт бгырыс цIыхубзхэм я клубым и унафэщIу хахыгъащ.

Къэбэрдейм и промышленностым цIыхубзхэми я гуащIэ халъхьэ хъуащ. Абыхэм IэмэпсымэщIэхэр къагъэIурыщIэрт, IэщIагъэ мытыншхэр зрагъэхъулIэрт. Ахэр нэхъыбэу щылажьэрт IэфIыкIэхэр къыщыщIагъэкI фабрикэм. Зэман кIэщIым ехъулIэныгъэхэр зыIэрызыгъэхьа лэжьакIуэ цIыхубзхэм я IуэхущIафэр республикэми Урысейми къыщалъытэ хъуат.

Хэлъхьэныгъэшхуэ а лъэхъэнэм бзылъхугъэхэм зыхуащIахэм ящыщщ мэкъумэш IэнатIэр. Колхозхэм, совхозхэм щылажьэ цIыхубзхэр дэнэкIи къыщыхэжаныкIырт. ЩIы зехьэным, хадэхэкI гъэкIыным я щэхухэр къэзыщIа бзылъхугъэхэр лъагапIэщIэхэм хущIэкъурт. Нартыху нэхъ бэв дыдэр кърихьэлIэжат Молотовым и цIэр зэрихьэу Советскэ районым щыIа колхозым щылэжьа Дохъушокъуэ Къалэ и звеном. Правительствэм а цIыхубзым хуигъэфэщат медалхэмрэ орденхэмрэ.

Аруан районым и лэжьакIуэ цIыхубзхэм щапхъэу яIащ ГъукIэжь Хъаний. 1935 гъэм абы иIыгъа нартыхугъэкI звеном къратауэ щытащ Лениным и орденыр. 1937 гъэм Аруан районым и колхозхэтхэм Хъаний хахауэ щытащ КъБАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и депутату. Апхуэдэуи абы къыхуагъэфэщат «За добросовестный труд в Великой Отечественной войне» медалыр.

ЦIыхубз мащIэкъым щэнхабзэм, гъуазджэм, щIэныгъэм, егъэджэныгъэм я IэнатIэхэм пэрытахэр. Къапщтэмэ, 1930 гъэхэм ирихьэлIэу щIэныгъэ нэхъыщхьэ зиIэ IэщIагъэлIхэм я процент 44-р цIыхубзхэт.

Илъэси 11-рэ ирокъу Бзылъхугъэхэм я махуэр Урысейм зэрыщагъэлъапIэрэ. Махуэшхуэр Къэбэрдей-Балъкъэрым сыт щыгъуи щаIэт гукъинэж пшыхьхэмкIэ - удз гъэгъахэри, хъуэхъухэри, уэрэдхэри, къафэхэри - псори зыхуэгъэзар бзылъхугъэхэрщ.

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: