Китайм дэлэжьэну я мурадщ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Правительствэм иджыблагъэ къыщрагъэблэгъащ Китайм жыг хадэм къыщагъэсэбэп техникэхэр къыщыщIэзыгъэкI  «SHANDONG NUOMAN ENGINEERING MACHINERY CO.,LTD» заводым и лIыкIуэ Ван Ченг.

ХьэщIэм IущIащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и япэ къуэдзэ Говоров Сергей, экономикэ зыужьыныгъэмкIэ министр Рахаев Борис, промышленностымкIэ, энергетикэмрэ сатумкIэ министр Iэхъуэбэч Щамил, «КъБР-м ЗыужьыныгъэмкIэ и зэгухьэныгъэ» АО-м и унафэщI Чочаев Ахъмэт сымэ, «БАЗИС» ПКФ ООО-м и лIыкIуэхэр. 

 ЗэIущIэр къыщызэIуихым Говоров Сергей къыхигъэщащ Китайм дэлэжьэну республикэм зэрыфIэигъуэр, лъэныкъуитIым я зэпыщIэныгъэм зэрызаужьыр. Абы и щыхьэтщ зэращIылIа зэгурыIуэныгъэхэр, зэрызэдэлэжьэну щыIэ Iэмалхэр иджырей инвестицэ пэхуэщIэхэм я фIыгъэкIэ зэрымымащIэр.

Ван Ченг жиIащ ар зи лIыкIуэ компаниер илъэс куэд хъуауэ Урысейм зэрыщылажьэр икIи къэралхэм я зэпыщIэныгъэр егъэфIэкIуэным зэрителъхьэр. ХьэщIэм къыхигъэщащ, кърахьэжьа пэхуэщIэр лажьэу ди республикэм щаутIыпщын ипэ къихуэу, ди деж хьэрычэт Iуэху щызебгъэкIуэн папщIэ щыIэ Iэмалхэмрэ къэралым инвесторхэм ярит дэIэпыкъуныгъэхэмрэ зыхуэдэр зригъэщIэну зэрыхуейр.

Апхуэдэуи Ван Ченг тепсэлъыхьащ я компанием и лэжьыгъэ зэтеухуэкIэм икIи къыхигъэщащ жыг хадэ гъэкIыным, зехьэным къыщагъэсэбэпхэм ямызакъуэу, гъуэгухэм зэрыкIэлъыплъ техникэхэр, Iэмэпсымэхэр къызэрыщIагъэкIыр.

Рахаев Борисрэ Чочаев Ахъмэтрэ къыхагъэщащ, «БАЗИС» зэгухьэныгъэр лъабжьэ хуэхъуу жыг хадэм зэрелэжь техникэхэр, Iэмэпсымэхэр щызэхуахьэс IуэхущIапIэ къызэрагъэпэщыным ипэ къихуэу, абы щхьэкIэ щыIэ Iэмалхэр нэсу къапщытэн зэрыхуейр, ди щэхуакIуэхэр апхуэдэ техникэхэмрэ Iэмэпсымэхэмрэ зэрыхуэныкъуэр, цIыхуу абы щагъэлэжьэну зыхуэдизыр къалъытэу. Абы хохьэ техникэхэр зэхуахьэсыфу, иужькIи абыхэм якIэлъыплъыжыфу IэщIагъэлIхэр егъэджэныр.

«БАЗИС» фирмэм коммерцэмкIэ и унафэщI Дячкинэ Аллэ къызэхуэсахэм яжриIащ жыг хадэхэм зэрелэжь техникэхэр, Iэмэпсымэхэр щIыналъэм зэрыщымащIэр, щIэупщIэр зэрыкуэдыр. Мурад щыIэщ, IуэхущIапIэм щызэхуахьэсыну техникэр КИФЩI-м щимызакъуэу, Урысейм и нэгъуэщI щIыналъэхэми хурагъэшэну. Абы къыхэкIыуи, дызэрыт илъэсым и мэлыжьыхь мазэм и кIэм ирихьэлIэу, лъэныкъуитIми я Iуэху еплъыкIэхэр къэлъытауэ, пэхуэщIэр егъэжьэнымкIэ щыIэ лэжьыгъэхэр зэфIагъэкIыну икIи япэ илъэсым машинэ 600 – 700 хуэдиз  къыщIагъэкIыну.

ЗэIущIэм и кIэухыу лъэныкъуэхэр зэгурыIуащ зэдэлэжьэну, пэхуэщIэр щIыналъэм щегъэжьэнымкIэ щыIэ Iэмалхэр къагъэсэбэпыну, ар я нэIэ щIагъэтыну.

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.

 

 

 

 

 
 

 

 

Поделиться: