Лъы хуэныкъуэхэм папщIэУрысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и СОБР-м и лэжьакIуэхэм даIыгъащ «Зы гум къыбгъэдэкIыу адрейм хуэкIуэу» акцэр икIи хуэныкъуэхэм папщIэ лъы ятащ.
Лъы щыхаш республикэ станцым екIуэлIащ Урысей гвардием щылажьэхэм ящыщу цIыхуи I0, апхуэдэуи къэралым щIыхь зиIэ и донор, щIыналъэ управленэм и ветеранхэм я советым и тхьэмадэ, полицэм и полковникыу къулыкъум къыхэкIыжа Хужьокъуэ Руслан ящIыгъуу.
- IэнатIэм и лэжьакIуэхэмрэ дзэ къулыкъущIэхэмрэ щIэ-щIэхыурэ лъы ят республикэм и медицинэ IуэхущIапIэхэм папщIэ. Ахэр сыт щыгъуи хьэзырщ дохутырхэм я лъэIухэр даIыгъыну, - жиIащ ветераным.
- Мыпхуэдэ Iуэхухэр Iэмал зимыIэу къызолъытэ, цIыху гъащIэр къегъэлынымкIэ дэIэпыкъхуэгъу дыхъунущи, - къыхигъэщащ акцэм хэта, полицэм и майор Лыкъуэжь Маринэ.
Медицинэм и лэжьакIуэхэм хабзэхъумэхэм фIыщIэ хуащIащ донор зэщIэхъееныгъэм жыджэру зэрыхэтым папщIэ.
Поделиться:
Читать также:
29.04.2024 - 13:08 →
«ТекIуэныгъэм и диктантым» фыхэт
28.04.2024 - 17:33 →
Псыхэр къабзэ хъун папщIэ
28.04.2024 - 13:01 →
Архитекторхэм я зэфIэкIхэр
28.04.2024 - 11:59 →
Пэрыт увыпIэр адэкIи иIыгъынущ
28.04.2024 - 10:57 →
ПсэупIэщIэхэр - гуфIэгъуэ щIыкIэм тету
|