ЦIыхубзхэр ягъэгушхуэ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и унафэщI, полицэм и полковник Васильев Сергейрэ абы и къуэдзэхэмрэ  я лэжьакIуэ цIыхубзхэм я махуэшхуэмкIэ ехъуэхъуащ.    
- Си гум къыбгъэдэкIыу сынывохъуэхъу мы махуэ гуфIэгъуэ икIи гуапэмкIэ.  Фэращ  ди  Iуэхум щыдищIэгъэкуэныр, ехъулIэныгъэщIэхэм дыхуэзыгъэушыр. Къулыкъум адэкIи ехъулIэныгъэхэр щызыIэрывгъэхьэну, узыншагъэ быдэ фиIэу сыт щыгъуи фыкъэзыухъуреихь  Iыхьлыхэм  я IэфIыгъэр зыхэфщIэну си гуапэщ, - жиIащ Васильев Сергей.  
ЗэIущIэм и кIэухыу щIыналъэ управленэм и унафэщIымрэ абы и къуэдзэхэмрэ  цIыхубзхэм иратащ удз гъэгъахэмрэ саугъэтхэмрэ.  
БАХЪСЭН Ланэ.
Поделиться: