Кавказ Ищхъэрэм щоужьэрэкI

  «Кавказ.РФ»-м и пресс-IуэхущIапIэм иджыблагъэ къызэритамкIэ, Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм зегъэужьынымкIэ щыIэ къэрал программэм 2023 гъэм зэфIагъэкIын хуейуэ къыщагъэлъэгъуа Iуэхугъуэхэр процент 99,9-кIэ ягъэзэщIащ. 20I4 гъэм щегъэжьауэ апхуэдэ бжыгъэхэм иджы япэу нэсыфауэ аращ. 
КИФЩI-м зегъэужьынымкIэ къэрал программэр Урысей Федерацэм и Правительствэм и унафэкIэ УФ-м Экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм егъэзащIэ. Псори зэхэту сом мелард I6,6-рэ нэгъабэ абы хуаутIыпщащ. 
Къэрал ахъшэм щыщу нэхъыбэр трагъэкIуэдащ курортхэм щрагъэкIуэкIа ухуэныгъэхэм. Илъэс блэкIам «Кавказ.РФ»-м ухуэныгъэу тIощI лажьэу щиутIыпщащ «Iуащхьэмахуэ», «Архъыз», «Ведучи» курортхэм. 
  Зы илъэсым къриубыдэу бгы лыжэ гъуэгуу I3, зы кIапсэ гъуэгу, машинэхэр щагъэув щIыпIэшхуэ, транспорт, инженер инфраструктурэхэр ятащ. Бгым лыжэкIэ къежэхыным хуэщIа курортхэм зыщызыгъэпсэхухэм я бжыгъэм процент 35-кIэ 2023 гъэм къыхэхъуащ икIи ар цIыху мелуан I,7-м щхьэдэхащ. 
Турист инфраструктурэхэм нэмыщI къэрал программэм хохьэ курыт еджапIэхэм, сабий садхэм, спорт комплексхэм ядэIэпыкъуныр, псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэр егъэфIэкIуэныр. Псалъэм къыдэкIуэу, нэгъабэ псы къабзэ цIыху мин 240-м яIэрыхьэ хъуащ абы и фIыгъэкIэ. 
ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться: