НОБЭ

Гъатхэпэм и 18, блыщхьэ

1913 гъэм Налшык къыщызэIуахащ округым и лъэпкъхэм я I съездыр.
1930 гъэм къалъхуащ филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъШКъУ-м и профессору щыта, КъБР-м, КъШР-м, АР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, ЩIДАА-м и академик, «Хэкум и пащхьэм щиIэ фIыщIэхэм папщIэ» орденым и 4-нэ, 3-нэ нагъыщэхэр зыхуагъэфэща Хъупсырокъуэ Хъызыр.
1932 гъэм къалъхуащ КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ ШэджыхьэщIэ Хьэмыщэ.
1958 гъэм къалъхуащ къэрал, жылагъуэ лэжьакIуэ, полковник, АР-м и Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, «Адыгейм и щIыхь» медалыр зрата ЛIымыщэкъуэ Рэмэзан.

Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 12, жэщым градуси 3 - 5 щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:
Абдж щыкъуейм лъапцIэу ухэмыувэ.

 

 

Зыгъэхьэзырар ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

27.04.2024 - 09:56 НОБЭ
25.04.2024 - 09:00 НОБЭ
24.04.2024 - 13:21 ЩIым и махуэ
24.04.2024 - 11:43 НОБЭ
23.04.2024 - 09:45 НОБЭ