Лъэныкъуэ едгъэза псалъэхэр

Щхьэпэ

Мы тхыгъэм зи гугъу щытщI жыIэкIэхэмрэ абыхэм къарыкIымрэ дэ къитхыжащ Шэрджэс Алий и тхылъ телъыджэу «Яхуэмыфащэу лъэныкъуэ едгъэза псалъэхэр» зыфIищам: 
Абрагъу гъунэ – уафэ гъунэ (щIэплъыпIэ, горизонт). 
Агъу – псы ежэхыр адреипсым щыхэхуэж (псышхуэм, хым).
Афэ кIуасэ – афэ джанэм апхуэдэуи еджэрт, зымащIэкIэ егъэзыхыгъуэ игъуэтауэ ягъэтIылъамэ, зэтежурэ, ехуэх щIыкIэу, «кIуасэрти». 
Афэ хэдзапIэ – псы Iуфэ жьыщIапIэм апхуэдэу еджэрт. 
Ашэмыкъу – губгъуэм, лэгъуп зыпалъэу, къыщагъэсэбэп лъакъуищ зэпха. 
Дзыр – хьэцэпэцэр къыщахыжкIэ, ныбгъуэхьэш (ныбгъуэ къраубыдыным хуащIа матэ) хагъэувэн щхьэкIэ, къранэ хабзэ мыха тIэкIу.
Джабэтхъ – лы щIагъуэ зыкIэрымылъ Iэщ уэд.
Бэкъэкъ – хьэндыркъуакъуэ.
Бажэщ – хьэIуцыдз (шакал).
БгъунжырыкIуэ – геометрием къыщыбгъэсэбэп хъу псалъэщ, къикIыр «диагональ» жыхуаIэрщ. 
Бзагуалъэ – унэ бгыкъум е щIэсэным хащIыхьу щыта гъэтIылъыпIэ щэху, «бзагуэ» псалъэм къытехъукIа жыIэкIэщ. 
Бзалъэ – шабзэшэхэр зэрыраутIыпщ шабзэр къызэрырахьэкIыу щыта хъумапIэ. 
Быгъур къалэ – Анапэ.
Вагъуэзэбын - вагъуэ гуп.
Вагъуэлэкъум - планетэ.
Гъуамэжь - бгъэнрэ гъурцкIэ зэщIэкIа псыпцIэ, шэдылъэ.
Дзу - къэп (кIахэ адыгэхэм ноби «дзыуэ» жаIэ).
Дамыгъэрытх - иероглиф.
Дыгъэхьэв - дыгъэвэх.
Дыгъумэ - мэ дахэ къызыкIэрих удз, шейм халъхьэ (мятэ).
Дыгъурыгъу - жьындухэм я нэхъ ин дыдэращ (филин).
Дыдыкъуш – попугай.
Дыжь - ныбжь зиIэ тIыхэр, гъэлъэхъухэр.
Емсыку – мафIэ гуащIэ узэмыкIуэлIэф.
ЕнцI – гъущI папцIэ захуэрэ гъэшарэ зыфIэлъ бжэгъу;
Епэрыпс – мэ дахэ къызыкIэрих ткIуаткIуэ (дыху, одеколон, н. къ.).
ЕпкIэуэн – бдзэжьейр кIэ мажьэкIэ епкIэуэн (и кIэр щызэридзэкIэ апхуэдэу жаIэ).
Ехъуа – хуиту шха Iэщ (псалъэм папщIэ, Къущхьэхъум щыIэу).
Енэб – папоротник – илъэс бжыгъэкIэ зыкъэзыужь къэкIыгъэ лIэужьыгъуэщ. И тхьэмпэхэр къабзийм ещхьщ, сантиметр 40 - 100-м нэс я кIыхьагъщ. Мэз щIагъхэм, псыхъуэхэм, щIыпIэ псыIэхэм къыщокI. Адыгэхэм енэбым жьы хъуа и лъабжьэр хущхъуэу къагъэсэбэп. «Енэбэплъ» псыцIэу ШапсыгъымкIэ щыIэри аращ къызытехъукIар. 

 

 

ХЬЭТЫКЪУЭ ЩауапцIэ.
Поделиться: