Абрэджхэр

(Къэхъуа Iуэхум Нэхущ Мухьэмэд къытрищIыкIыжа хъыбар)
Абрэдж гуп гъуэгу зэхэкIыпIэм тесщ. Я тхьэмадэр жыг жьауэм щIэсщи гупым ящыщым йоджэ:
- Гъуэгум ириплъэт, къакIуэIарэ?
ЩIалэм зеIэтри Iэдакъэжьауэ ещI:
- Гужь гуэр къыдокIуей, зы фыз исщ, щIалэ цIыкIуи гублащхьэм дэсщ. 
- Фыз щискIэ, блэгъэкI.
Тэлай докIри, тхьэмадэр аргуэру маджэ:
- Плъэт иджыри, къакIуэIарэ?
ЩIалэр гъуэгум ироплъэ:
- ЛIыжь гуэр солъагъу, витI IумпIэкIэ иIыгъыу.
- ВитIри лIыжь цIыкIури къэфху мыдэ.
Къаху. ЛIыжьыр япхри, витIым я зыр яукI.  Выр зэIахыу лыр ягъэвэху, лIыжьыр пхауэ щылъщ. Выр яшхри, абрэджхэр мэшэсыж. 
- Гъуэгум пхауэ укъытезнэнщ, лIыжь, псалъищкIэ сыноупщIынущи и жэуап къызумытмэ.
- Уэстынщ жэуап, - жиIащ лIыжьым.
Абрэдж тхьэмадэм унафэ ищIри, лIыжьыр ятIэтэжащ.
- Япэ упщIэр мыращ: шууиблым япэлъэщын лIым и цIэр къипIуэфын?
- СоцIыху апхуэдэлI, - жиIащ лIыжьым.
- Хэт?
- Си къуэр…
Абрэдж тхьэмадэр дыхьэшхащ.
- Хъунщ, дгъэунэхунщ… ЕтIуанэу мыр къызжеIэ: жэщибл-махуиблкIэ зы бжьэ IэщIамылъхьэфу гуп яхэсыфын щыIэ?
- ЩыIэщ, - ет жэуап лIыжьым. 
- Хэт хъуну ар?
- Ари си къуэрщ…
- Деплъынкъэ… ЩыIэу пIэрэ лIым жиIэ псори хуэзыщIэ фыз? 
- ЩыIэщ апхуэдэ фызи.
- ЖыIэт и цIэр.
- Ар си нысэращ. 
Абрэдж тхьэмадэр къепсыхыжащ:
- АтIэ, кIуэжи, уи къуэр къытхуэгъакIуэ. Сэ мыбдеж сыщыпэплъэнущ, шууибл езутIыпщынущи, лIыгъэ иIэмэ, къапыреув. 
ЛIыжьыр и унэ кIуэжащ.
Тэлай дэкIауэ гъуэгум шу закъуэ кърикIуэу ялъэгъуащ абрэджхэм. 
- Нобэрей лIыжьым и къуэращ ар, - жиIащ абрэдж тхьэмадэм. – Фыпежьи, фыубыд, шым къытевуди, къысхуэфшэ. 
ЩIалэм шууибл пежьащ. Абы блыри зыбгъэдигъэхьащ, зыбгъэдигъэхьэри, кIэщIу иIуантIэщ, абрэджхэр иришажьэри, кIапсэ кIыхьу губгъуэм ириукъуэдиящ. Къигъазэри шу кIапсэм къыхэлъэдащ, зырызыххэурэ блыри уанэгум сэшхуэ тIыгукIэ къриудащ. Абрэдж тхьэмадэм сыт жиIэжынт?! ЛIыжьым и къуэр ягъэтIысри щIалэм уэрэдыжь къыхидзащ. Модрейхэр къыщхьэщыту: «Мы уэрэдыр иухмэ, адрейр къыхимыдзэ щIыкIэ бжьэр еттынщ», - жаIэри. АрщхьэкIэ, зы уэрэдым иужь кIэщIу иту адрей уэрэдыр къыхедзэри, абрэджхэр бжьэ тыгъуэ иригъахуэркъым. 
Жэщибл-махуиблкIэ яфIыбгъэдэсащ апхуэдэу Iэнэм. 
- АбыкIи укъыттекIуащ, - жиIащ абрэджхэм я тхьэмадэм. – Иджы уи фызым деж дыши, и лIыгъэ дыгъэлъагъу.
ЩIалэм абрэджхэр унэм ишащ, иригъэблагъэри и фызым еджащ:
- Мыхэр гъуэгу тетащ, псы хуэлIагъэнщ, зы хъарбыз къытхуэхьыт, - жери.
Фызым зы хъарбыз къахуихьащ.
- Мыр хъуакъым, - жиIащ щIалэм, хъарбызым етIыркъри. – НэгъуэщI къытхуэхь.
Фызыр щIэкIыжащ, хъарбызыр щIихыжри. 
ЕтIуанэ хъарбызри игу ирихьакъым щIалэм:
- Мыри хъуакъым, хъуа къытхуэхь.
Ещанэри щIригъэхыжащ. Фызри увыIакъым, «къэхь» жиIэху къихьащ.
- Уи фызым хъарбызыр хъуарэ мыхъуарэ къыхуэщIэкъыми, - жаIащ абрэджхэм, - накIуэ дэ дыхэплъэнщ. 
ЩIалэхэри ящIыгъуу абрэджхэр амбарым щIыхьахэщ. Зыхэплъэн щIэлътэкъым амбарым; зы хъарбыз закъуэт щIэлъыр, арат емызэшыжу къахуихьри. 
- АргуэрыжьымкIэ укъыттекIуащ, - жиIащ абрэджхэм я тхьэмадэм. 
Фызыр къыриджэри еупщIащ:
- Уи лIым мыпхуэдиз нэмыс щIыхуэпщIыр къызжеIэ.
ЛIыжьым и нысэм жэуап ет:
- Гъеишхуэ щыхъуа гъэр фщIэжу къыщIэкIынщ. Абы щыгъуэ сэ сыхъыджэбз дэст. Унэм тшхын щIэлътэкъыми си нысэм сэрэ губгъуэм дыкIуэурэ щIэрыкIуэ къэтхьырт. Си нысэр лъэщыджэшхуэт, нобэ-пщэдейт.  Арати, щIэрыкIуэхьэ дыкъикIыжу, си нысэм къытелъэдащ. ЦIыхубзитIым ди закъуэщ, жэщ къыттехъуащ. И нитIыр къилыдыкIыу дыгъужь ныбэ нэщI къытпэтIысащи, дунейм къытехьэнум поплъэ, зыIурилъэфэн хьэзыру.  Си нысэр малъхуэри телъщ, сэ къуэрагъкIэ дыгъужьым сыхуолъ, сыхуилъ щхьэкIэ зигъэхъейркъым; къалъхунум поплъэри щысщ.  ЩIалэ цIыкIу къалъхуащ.
 СыгуфIэри, сыкIиящ: «ЩIалэ къытхуалъхуащ!» - жысIэри.  Ар щызэхихым дыгъужьым IуигъэзыкIыжащ.
Абы лъандэрэ сигу изубыдащ: «ЦIыхухъум я нэхъ мыгъуэми пщIэ хуэсщIынщ!» - жысIэри. Дыгъужьрэ пэт, цIыхухъум пщIэ хуищIащ, сэ сыт щхьэкIэ хуэзмыщIынрэ?..
ЛIыжьым фIашха вым и уасэу яшхэр къыхуагъанэри, абрэджхэр лъэсу дэкIыжыгъащ а пщIантIэм.  

 

Зыгъэхьэзырар Къэбарт Мирэщ.
Поделиться: