Адыгэ

Рассказым щыщ Iыхьэ 

И лъэнкIапIэм къытехьэу Аслъэн-бей къепхъухат тырку кIагуэ къуэлэн кIыхьыр. Иджы ар зэтекIуэтати, дыгъэ бзийхэр зытеджэгукI и цей хьэзырыбгъэр къыщIэщырт. Арат къозыгъащIэр Аслъэн-бей и гъусэхэм зэрамылъэпкъэгъур. IэщэкIэ апхуэдэу зи бгъэгур зыгъэщIэращIэ хабзэр кавказ цIыху уардэхэрщ. 
Фэеплъ сыну кхъухьыпэм трагъэжыхьами ярейт Аслъэн-бей – мыхъейуэ абы тетт, илъагъум и нэр тенауэ. 
Сыту пIэрэт апхуэдизу зытхьэкъуауэ лIыжьыр зэплъынкIэ хъунур? Хы нэз фIыцIэмрэ уафэ къащхъуэмрэ я зэхуаку къыдэува дыжьыныфэ ныбжьхэра? Абы и плъэкIэмкIэ хуэбгъэфащэ хъунут хы нэпкъ задэм е щхьэхынэу уафэ гъунэхэм щызеджадэ пшэ къетхъухахэм яIуплъэу. Ауэ гупсыысэ пIейтеям Аслъэн-бей и нэгу къыщIигъэхьэр нэгъуэщIт: бгъэ плъэкIэу абы и нэ пIащитIым къыхаубыдыкIат, кIуэтэху нэхъ псынщIэу къеуэ и гум зыхищIат илъэс куэдкIэ зыщIэбэга къурш лъагэхэмрэ мэз гъунапкъэншэхэмрэ я теплъэр. 
Апхуэдэу мыхъейуэ куэдрэ тетащ ар кхъухьыпэм. Иджы абы къыфIэIуэхужтэкъым и щхьэ пцIанэр тезыжьыкI дыгъэ гуащIэри, и дежкIэ Iэ къащIурэ хъуэр псалъэхэр къезыутIыпщ кхъухьзехуэхэм я макъри. Абы илъагъури зыхищIэри зыт – нэхъ гъунэгъу хуэхъуху нэгъуэщI теплъэрэ плъыфэрэ зыгъуэт дыжьыныфэ ныбжьырат. Ныбжьыр хуэм-хуэмурэ зэкIэщIэкIри абы къыхэщу хуежьащ къыр папцIэхэмрэ нэпкъ еупсыхахэмрэ – зи щыгур лъагэу зыIэт къуршхэм я лъапэр. 
- Аслъэн-бей! - къеджащ абы зыгуэр. Жей куум къыхэзышыжа макъыр щызэхихым, - зыкъригъэзэкIащ лIыжьым. Чэтэн пщыIэм щIэс тырку пэщэм и щхьэр ищIащ, Аслъэн-бей бгъэдыхьэну ириджэу. ФIэмыфIыщэурэ лIыжьыр пэщэм дежкIэ кIуэтащ икIи алэрыбгъум и кIапэм тетIысхьащ. ЗытэлайкIэ ахэр щыму щысащ, итIанэ тыркум къригъэжьащ:
- Аслъэн-бей, хуабжьу узэрыщIэлъэIуарщ укъыщIыздэсщтар. Ауэ… ахъшэ уимыIэми, Iуэхукъым, абы щхьэкIэ умыукIытэ, пщIэншэу уздэсшэжынщ. 
- Тхьэр арэзы къыпхухъу, Мыхьмуд-бей, сэ шэч лъэпкъ къытесхьэркъым уи жумартагъым, - жиIащ хуэму, ауэ хэкъузауэ лIыжьым. 
Езыр зэрыхуейм хуэдэу псалъэмакъыр унэтIа щымыхъум, пэщэр увыIэжащ, лIыжьми къыфIигъэкIаIакъым. Нэмэз щыгъэм пыбла мывэ цIыкIухэр зэригъэунтIэIуурэ пэщэр нэбгъузкIэ Аслъэн-бей къыхуеплъэкIырт, ар зэгупсысыр и нэкIум къриджыкI хуэдэ. ИтIанэ къызэфIимыгъэIуэхуурэ къыжьэхидзащ: 
- Дэри къурш диIэщ.
- Дауи.
Аслъэн-бей и Iупэхэр зэтежащ, пэщэм и псалъэм пидзыжам ауану хэлъыр зэрынэхъыбэр къыгуригъаIуэу. Мыхьмуд-бей ар зэхимыха зищIащ. 
-Фэ езыхэм нэхъ къафщтэу ди деж фыкъэIэпхъуащ. Дэ фэ ди гъавэ щIапIэхэмкIэ, ди хъупIэхэмкIэ дывдэгуэшащ, ди къуэшу, ди динэгъуу фыкъедгъэблэгъащ. 
-Алыхьым псапэрэ гуапэу къывитыжынщ къытхуэфщIа псори. Алыхьым и закъуэщ зыщIэр, зыщIэн хуейри мобы хуэкIуэ гъуэгум сэ сыкъытезышар, - жиIащ Аслъэн-бей, къурш щхьэ хужьхэмкIэ и Iэр ищIурэ. 
Тырку пэщэм абы къыфIигъэкIакъым. 
Аслъэн-бей и нитIыр аргуэру тедиящ уафэ къащхъуэ лъащIэм иджы IупщI дыдэу къыщIэува къуршхэм. Уеблэмэ абыхэм къахэщырт хы Iуфэм къеуалIэ ауз куухэр, ахэр щIэзыгъанэ мэз Iувымрэ мэкъупIэхэмрэ. 
Аслъэн-бей къыфIэщIырт мывэ идзмэ, псы Iуфэм хунэгъэсыну, гъэми щIыми шылэхъар удзыфэхэр къызэубгъуэха кипарисхэмрэ къуэрэдэрэ щхьэ баринэхэмрэ а щхъуантIагъэ тенджызым къыхилъагъукIыу. Ауэ кхъухьыр иджыри зыкъомрэ есащ, хым занщIэу къыщхьэщыувэ нэпкъ задэм нэсын щхьэкIэ. 
Ауэ жыжьэу укъыщыплъэмэ, гу зылъумытэу щыта пэум и къуагъыр псыдыхьэ бгъуфIэу къыщIэкIат. Кхъухьыр абы щынэсам дыгъэр къухьэжырт, и дыщэ бзийхэмкIэ хы щIыIур зэпилъэщIыхьыжурэ. Псыдыхьэм и ижьырабгъумкIэ екIуэкI нэпкъ кIыхьыр щхъуантIагъэм щIигъанэрт. МащIэу зиIэтурэ ар хыхьэжырт сэмэгурабгъу лъэныкъуэмкIэ зыщызыукъуэдий къуршхэм. А лъэныкъуэмкIэ псы Iуфэ дыдэм къыIут члисэм и щыгу удзыфэмрэ кхъуэщын унащхьэ плъыжьхэмрэ махэ хъуа дыгъэ бзийхэр теджэгукIырт. 
- Новороссийск! – хэщэтыкIащ Мыхьмуд-бей. 
ЛIыжьым и нэхэр къэхъуэпскIащ, и Iупэхэр нэхъри зэтрикъузащ, и Iэр езыгъэблагъэ къалэ цIыкIумкIэ ишийуэрэ. Кхъухьыр мыпIащIэу хуэкIуэрт абы. 
Дыгъэ къухьэжым шакъафэу ириIат ижьырабгъумкIэ псыдыхьэм къыщхьэщыт бгыхэр. Ауэ ари хуэм-хуэмурэ ужьыхыжри, зэхэуэу хуежьа пшапэм гъуабжафэу къахэувэжащ. Гъэмахуэ жэщ хуабэр псыдыхьэм къыщхьэщыхьэрт, дыщэ вагъуэ мелардхэр алэрыбгъу фIыцIэ щIыIум къыхигъэтIысхьэу. 
Мэзыр псы Iуфэ дыдэм къыщеуалIэ щIыпIэм гъунэгъу щыхуэхъум, кхъухьыр къэувыIащ. Кхъуафэжьейр ирагъэжэхри абы итIысхьащ Аслъэн-бейрэ хьэнцэхэр зыIыгъ зы щIалэрэ. 
Кхъуафэжьейр псы Iуфэм зэресылIэу, абы къипкIри абдеж дыдэм къыщыт жыгеижьым зришэкIащ лIыжьым. Зыкъомрэ щытащ ар, жыгым и нэкIур ирикъузылIарэ пIалъэ кIыхькIэ зыщIэбэга мэ гуакIуэр куууэ зыжьэдишэу… 
Апхуэдэ щIыкIэкIэ къигъэзэжащ шэрджэс лIыжьым – адыгэ лIыжьым – и лъахэм, и адэжьхэм я кхъэр здэщыIэм, и щIалэгъуэм епха гукъэкIыж IэфIхэмкIэ гъэнщIам. Мы бгыхэр зэгуэр джэрпэджэжу къыпэджэжу щытащ Аслъэн-бей и фоч уэ макъым, бий ерум ебгъэрыкIуэ и ныбжьэгъухэм я уэредадэм – абыхэм яхъумэрт я щхьэхуитыныгъэр, зи цIэр тхыдэм хыхьа мы къурш щIыналъэр. 
Хамэр къакIуэри ахэр я лъахэм ирахуащ. ЗдэIэпхъуа щIыналъэм исхэр я динэгъухэрами, лIыжьым зы дакъикъи игу ихуакъым фIэкIуэда хэкур. 
… Аслъэн-бей зыкъищIэжри къызэплъэкIащ, итIанэ и гуфIакIэм къыдихри зы зэкIуэцIылъ гуэр кхъуафэжьейм иридзащ. Тырку щIалэм фэ хъуржын хьэлъэ цIыкIур къищтэрэ еплъмэ… изыбзэу дыщэ ахъшэ илът. 

* * *
Ерагъыущ къызэрыхуэгъуэтыжар лIыжьым зэгуэр зыщыпсэуа къуажэм ухуэзышэж гъуэгур. Ар зэщIэкIэжат. ЩIыпIэ-щIыпIэкIэрэ къыщыгуэуа бгым ар зэхуищIат, куэд щIауэ зэрабгынэжар къыуагъащIэу удз лъэрыжэхэри мывэхэм я щыгум илъэдэжат. Иджы лIыжьым лъагъуэр пхиупщIыкIырт и къамэ жанымкIэ. Удз лъэнтхъуийхэм ар ялъахъэрт, хьэцыбанэ «дзакъэрейхэм» и щыгъыныр яфыщIырт, ауэ а псор абы къызэрыфIэIуэху щыIэтэкъым. 
КIэщI-кIэщIурэ ар уафэмкIэ дэплъейрт: къыщхьэщыт жыг щхьэкIэхэм пхырыплъурэ къырыщхьэ щIыхуфэр къилъыхъуэрт. А зэ Iуплъэгъуэм кърит гурыщIэ IэфIым абы къаруущIэ къыхилъхьэжырти, аргуэру къэкIыгъэ блыныр пхиупщIыкIыу ежьэжырт. 
ИкIэм-икIэжым ар нэсащ а щыгум. Ауэ адэкIэ абы къыпэплъэ гъуэгуанэр нэхъ хьэлъэжт. Иджы лъагъуэр щыхупIэм екIуэкIырт. Жэщ псом етIысэхакъым Аслъэн-бей: ар къагъэувыIакъым лъагъуэ зэщIэкIэжами, щIы зэгуэзахэми, мылыпс уэрхэми, ихъуреягъым къыщыкъугъ хьэIуцыдз мэжэщIалIэхэми. Нэхущым ирихьэлIэу ар нэсащ щалъхуа къуажэм къыщхьэщыт Iуащхьэжьым и щыгум. Гъуэгуанэ хьэлъэм зи къарур щIиха Аслъэн-бей абдеж щехуэхри Iурихащ. 
ЛIыжьыр къыщыушыжам дыгъэр фIыуэ къыдэкIуэтеят. Ар ерагъкIэ къызэфIэтIысхьащ. БдзапцIэм хагъэжыхьам хуэдэу зэщIэIулIат и Iэпкълъэпкъыр. А здэщысым хуэмурэ щIыпIэр зэпиплъыхьу щIидзащ. Дэплъеймэ, мэз Iувым щIигъанэ Iуащхьэхэм зым адрейр къыщхьэщытыжу заIэтырт. Ахэр иухыжырт уафэ нэзыр щIэзылъэщIыкI мывэ къыр абрагъуэхэм ящхьэщытIысхьэжа таж хужьыбзэхэмкIэ. 
Еплъыхмэ, нэм къиплъыхьыр мэзщ, къуршыпс уэрхэм даха къуэкIий куущ, я лъащIэхэр мывэ абрагъуэхэмрэ пхъэ ентIырыжьхэмкIэ сеяуэ. ЩIыпIэ-щIыпIэкIэрэ псы Iуфэхэм къаIуохутэ алэрыбгъу удзыфэ шэщIахэр - я гъавэ щIапIэу щытахэр. ЛIыжьым гупсэхуу псори зэпиплъыхьырт. 
Зэгуэр мы Iуащхьэхэр, мы аузхэр и хэщIапIэу щытащ Аслъэн-бей и лъэпкъ уардэм. Мыбы щаухуэрт цIыхухэм я мывэ абгъуэхэр, мыбы фоч уэ макъыр щхьэщытт, шууей хъыжьэхэм я шы лъэгум щIыгур къыщыдэпсалъэрт, хъушэ бжыгъэншэхэр щыбагъуэрт, гъавэм игъэхыщIэ выгухэр щызекIуэрт, щхьэхуитыныгъэм и уэрэдхэр щыжаIэрт; гуэгуэнхэр я дамэм тету пщащэ тхьэIухудхэр и псыхъуэм къыдыхьэхэрт. 
Иджы-щэ? Нэм къиплъыхьыр мэзщ. Мы пхъэмбей фэ къызытеуа мы щIылъэ абрагъуэм псэ зыIут ущрихьэлIэркъым. ЗыщIыпIи щыплъагъуркъым мэз нэзыншэм къыхэкI Iугъуэ щхъуэш тIэкIуи. ЦIыху псалъэмакъи, хьэ банэ макъи… уи тхьэкIумэм къиIуэркъым мэзауэхэм ягъабзэ уэщхэм я Iэуэлъауи. Зихуэдэ щымыIэ дахагъэм и кхъэхалъэ… и даущыншагъым шынагъуэу уи гущIэм зыкъыдигъазэу. 
Гукъыдэжыншэу, и щхьэр хьэлъэу ириIуэнтIэкIыурэ зэпеплъыхь адыгэ лIыжьым и лъахэр. Чыцэхэм ячэтхъа тырку кIагуэ дытар куэд щIащ абы зэрызыщидзыжрэ. Иджы щытщ ар, шэхэр зи бгъэгум къеблэкIа цей морэр щыгъыу: хуэфIыпсщ зи лъапщэ кIыхьхэр цей къуащIэм щIихъумэ лъахъстэн вакъэ хужьыпсри; и пыIэм щэкI удзыфэ пычахуэр къешэкIащ; и бгыр щIэкъузащ адыгэ къамэрэ сэшхуэрэ зыкIэрыщIа дыжьын бгырыпхкIэ; и плIэм идзащ фэ зэгъэдзэкIам къыхэщIыкIа хъуржын кIыхьыр, къэуалыр зэрылъщ; и дамэ ижьым фIэлъщ щIакIуэ фIыцIэр. 
Зыкъомрэ апхуэдэу хэгупсысыхьауэ щытри, и гъуэгу хигъэщIу, ежьэжащ лIыжьыр. Иджы жыжьэжкъым ари, моуэ уIэбэмэ, зи щхьэщыгум уиIэбэну къыпщыхъу Iуащхьэжьым къыкIэрысщ и къуажэр. 
Ауэ мыгурыIуэгъуэр абы ухуэзышэ лъагъуэр зэрыщымыIэжырщ. ЩIыпIэр щIагъанэ жыгей, кIей, тхуей, дей, блашэ жыг абрагъуэхэм, дыгъапIэ джабэ нэкIухэр яуфэбгъуащ мэракIуапцIэхэр Iуву къызэшэкIа пыжьей, хьэцыбаней гуэрэнхэм. Къат-къату, зыр адрейм къыщхьэщыту, къэкIыгъэхэм я дуней телъыджэм нэр здынэплъысым зыщаукъуэдий. Удз дэжейхэмрэ жыг, чыцэ къудамэхэмрэ апхуэдизкIэ быдэу зэрыубыдащи, уапхрыкIыфыркъым; уешауэ удэплъеямэ, хъумбылей тхьэмпабгъуэхэмрэ мэз жызумхэмрэ я тыгъэ телъыджэхэмкIэ жумарту зыкъыпхуаший. Уеплъыхмэ, тхьэгъуш плъыжьыбзэхэр зыпыбла шэщIыдэр удз Iувымрэ мэзбзий Iэбапхъэмрэ къахолыдыкI. 
Аслъэн-бей къэкIыгъэ тенджызым хэплъэурэ мащIэу хэщэIукIащ икIи и къамэр кърихри, адэкIэ лъагъуэ пхищIыкIыу ежьэжащ. 
ЛIыжьым и къарур зэрыкIуэщIыр щIэх зыхищIащ, ауэ къэувыIэркъым. ИкIэм-икIэжым ар нэсащ къуацэ-чыцэу зэщIэкIэжа и пщIантIэм, унэм. Ар щIамий лъэрыжэхэм зэщIащтэжат, блын зэгуэзахэм адэ-мыдэкIэ удз ежьужьхэр къыдэплъырт. Мывэ дэкIуеипIэри лъэныкъуэкIэ ещIат; ихъуреягъым псэ зыпыт щыдымыртэкъым, зыпэмыплъа хьэщIэр гъэщIэгъуэн щыхъуауэ дэкIуеипIэ къуагъым къыкъуэплъ шындырхъуо удзыфэ цIыкIум къыщынэмыщIа. 
ЛIыжьыр дэкIуеипIэм тетIысхьэри къемыдэIуэжу сыс и IэхэмкIэ и щхьэр фIиубыдыкIыжащ. 
ГущIэм зыкъыдэзыгъазэ абы и щэIу макъыр зэхэзыха щыIэкъым. 

* * *
ЩIыпIэ пхыдза гуэрым щыIауэ Новороссийск къэкIуэжа алыдж лIыжьым къалэ псор къызэщIиIэтащ, бгыхэм адыгэхэм къыщакIухьу жиIэри. Тхьэ щиIуэжырт езым и нитIкIэ абыхэм ящыщ зы илъэгъуауэ. 
Алыджым игъэхъыбарыжт: Iуащхьэжь гуэрым къыщыщхьэдэхыжым псыхуэлIэ Iей къыхуэкIуат. Арати, адыгэхэм псынэ куэд яIауэ къызэрыжраIар игу къэкIыжри абыхэм ящыщ къилъыхъуэу хуежьащ. Псынэм пэмыжыжьэу лъагъуэ пхырышагъащIэм Iууащ. Абы теувэри унэ ныкъуэдыкъуэ гуэрым иришэлIащ. ДэкIуеипIэм кIэрыгъэщIауэ щылът лIыжь гуэр, и пащIэ-жьакIэр хужьыпсу тхъуауэ. Ар зэрыадыгэр и нэкIумкIэ, и щыгъынымкIэ къапщIэрт. Адыгэ лIыжьым и псэр хэкIат, и Iэм къамэр IэщIэлъу. Абы зэрыIуплъэу къигъэкIэрахъуэри, къокIуэ-къолъей…
Алыдж лIыжьым къиIуэтэжхэм едэIуа къэзакъым псалъэмакъым къыпищащ:
- Хэт ищIэрэ, а лIыжьым и закъуэу къыщIэкIынщ а щIыпIэм адыгэу узыщрихьэлIэнури. ПIалъэ-пIалъэкIэрэ абыхэм я лIыжьхэр Тыркум къикIыжурэ къокIуэж. 
- Сыт щхьэкIэ? - щIэупщIащ нэгъуэщI зыгуэри. 
- Зи щхьэкIэр сщIэрэ сэ?! Емынэми тэломи ищIэнкъым ар зи щхьэкIэр!.. ЖаIэ, ахэр щрагъэкIым щыгъуэ, хъугъуэфIыгъуэ куэд адэ-мыдэкIэ щыщIатIауэ, щIэх къагъэзэжыну гугъэхэу. Иджы абыхэм къакIэлъыкIуэу къыщIэкIынщ. Сэ сызэрегупсысымкIэ, арагъэнущ щхьэусыгъуэри… 
Ауэ урысыдзэм и унафэщIхэр нэгъуэщIут а Iуэхум зэреплъыр, икIи абыхэм IэщэкIэ зэщIэузэда зауэлI гупышхуэ бгыщхьэм ягъэкIуащ. 
Алыдж къэрабгъэм илъэгъуа дыдэрщ къэзакъ зауэлIхэри зыIууар: адыгэ лIыжьыр и унэ дэкIуеипIэм телът, алыджым къызэриIуэтэжа дыдэм хуэдэу, цы кIыхь зытет и щIакIуэр къешэкIарэ и къамэр и Iэм IэщIэлъу. Абы и пыIэр лъэныкъуабэ хъуауэ и щхьэ упсагъащIэр къыщIэщырт. 
Къэзакъ гуэр лъэныкъуэкIэ еIунщIащ хьэдэм. «ШейтIан бацэр» (апхуэдэущ къэзакъхэр бгырыс зыкъэзыIэтахэм зэреджэр) хъеякъым. 
… Адыгэр и лъапсэжьым къэкIуэжат, и псэр абдеж щыщинэну.

 

 

Поделиться:

Читать также: