IэпщэкIэ зэпекъухэм я зэпеуэмУрысейм армрестлингымкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным теухуа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Орёл къалэм щекIуэкIащ. Абы щызэпеуащ къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 48-м я спортсмен ныбжьыщIэу миным нэблагъэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыхьыр яхъумэу а зэхьэзэхуэм хэтащ Бэрэздж Кимран, Къарэмызэ Къантемыр, Балъкъэр Ибрэхьим, Нэдзырэ Альберт сымэ. Илъэс 16 - 18 зи ныбжь рестлерхэм я деж Къарэмызэ Къантемыр Iэ ижьымкIэ зыпекъуахэм япэ увыпIэр къафIихьащ. ЩIалэр зыхэтыр килограмм 65-рэ зи хьэлъагъхэм я гупырщ. Килограмм 90 зи хьэлъагъхэм я деж Балъкъэр Ибрэхьим Iэ сэмэгумкIэ етIуанэ, Iэ ижьымкIэ ещанэ щыхъуащ. Ар зыхэтыр илъэс 19 - 23-рэ зи ныбжьхэр щызэпеуэ гупырщ. Нэдзырэ Альберт IитIымкIи щхьэхуэу зыпекъуахэм (кг 75-рэ) етIуанэ щыхъуащ, домбеякъ медалитIи къихьащ. Мыри зыхэтар илъэс 19 - 23-рэ зи ныбжьхэм я гупырщ.
Поделиться:
Читать также:
25.04.2024 - 17:30 →
Олимп чемпионыр ящыгъупщэркъым
25.04.2024 - 17:00 →
Кубокыр къыздашэ
23.04.2024 - 20:03 →
Уанэш зэхьэзэхуэшхуэ
23.04.2024 - 17:06 →
Гуп зэпеуэм япэ щыхъуащ
23.04.2024 - 15:26 →
Урысейм щынэхъ лъэщхэр
|