ЩIым и сыхьэт

      ЦIыхуIэ зылъэмыIэса щIыуэпсым и дунейпсо фондым  кърихьэжьауэ, къэрал куэдым къызэдащта «ЩIым и сыхьэт» Iуэхугъуэм, нэгъуэщI теплъэ иIэу, Къэбэрдей-Балъкъэрыр мы гъэми хэтынущ. Дызэрыт илъэсым ар гъатхэпэм и 30-м техуащ.

Мы гъэм ЩIым и сыхьэтыр дэзыIыгъ къэралхэм я къалэхэмрэ къуажэхэмрэ дэс унагъуэхэм, тыкуэнрэ курыт еджапIэу, хьэрычэтыщIэ IэнатIэу дэтхэм, къыхуеджэныгъэм пэджэж дэтхэнэми – «лейуэ» ягъаблэ уэздыгъэхэмрэ мыхьэнэ ин дыдэ зимыIэ электро-Iэмэпсымэхэмрэ нобэ пщыхьэщхьэм сыхьэт 20-рэ дакъикъэ 30-м деж Iуачынущ.

                                Сыт щIэн хуейр?

Дыкъэзыухъуреихь дунейм и щытыкIэм зэрызихъуэжым, дызытес щIым и хъугъуэфIыгъуэхэр зэгъэзэхуауэ къызэрамыгъэсэбэпым къэрал зэмылIэужьыгъуэхэм я унафэщIхэр, цIыхубэр езыгъэгупсыс Iуэхум и мыгъэрей Iыхьэми, зэрыхуагъэфащэмкIэ, цIыху мелардым щIигъу хэтынущ.

«ЩIым и сыхьэтыр» дэзыIыгъыну хуейхэм «сыт тщIэн хуейр?» - жыфIэу фыщIэупщIэмэ, псом япэрауэ, фи псэупIэхэм электричествэм пыдзауэ щывиIэ Iэмэпсымэхэм ящыщ зыбжанэр пIалъэ гуэркIэ фымыгъэлажьэу къыфхуичынущ, ди планетэм и хъугъуэфIыгъуэхэм фазэрыщысхьым и нэщэнэу.    

     БлэкIа мыжыжьэм къызэрыхэщыжу

ЦIыхуIэ зылъэмыIэса щIыуэпсым и дунейпсо фонд къэрал зэхуаку IуэхущIапIэр дыкъэзыухъуреихь щIыуэпсыр хъумэнымрэ зэтегъэувэжынымкIэ хэкIыпIэу щыIэхэр къэзыхутэщ. Абыхэм къэралхэр зэгъусэу йолэжь. Дызытепсэлъыхь Iуэхур, иужькIэ, 2006 гъэм, «ЩIым и сыхьэт» хъужар, къезыхьэжьауэ щытари аращ. Зэреджэр щIахъуэжам и щхьэусыгъуэу къалъытэр, уэздыгъэхэр пIалъэ гуэркIэ дгъэункIыфIыным и мызакъуэу, адрей хъугъуэфIыгъуэхэми дыхуэсакъын зэрыхуейм цIыхур дригъэгупсысын щхьэкIэщ.     

Ауэрэ здекIуэкIым, 2007 гъэм зи гугъу тщIы фондым Австралием япэ дыдэу щригъэкIуэкIат «The Sydney Morning Herald» зыфIаща Iуэхугъуэу ди планетэм и хъугъуэфIыгъуэхэм я къэгъэсэбэпыкIэм жылагъуэм гу лъезыгъатэр. ХытIыгу абрагъуэ жыжьэм и къалэ нэхъ ин дыдэм щызэхаша а щIыхьэхушхуэм кърикIуар аращи, къыкIэлъыкIуэ илъэсым а щапхъэм иригъуэзащ ЩIы Хъурейм тет къэрал куэдым я къалэхэмрэ къуажэхэмрэ дэт IуэхущIапIэхэм щылажьэхэм я нэхъыбапIэмрэ унагъуэ щхьэхуэхэмрэ.    

2009 гъэр къэтщтэнщи (а илъэсырщ ЩIым и сыхьэтыр Урысей Федерацэми къыщысар), ар щытащ ди планетэм щыпсэу цIыхухэм ящыщу мелардым нэблагъэ зыхэта Iуэхугъуэу. Абы щыгъуэ Москва щагъэункIыфIат къипчми зэраныгъэшхуэ къэзымышэну къалъыта уэздыгъэ лейхэу МГУ-р, Киев вокзалыр, Урысейм ЩIэныгъэхэмкIэ и Академиер гупэ-щIыбагъкIэ къэзыгъэнэхухэр, ИКЕА IуэхущIапIэм ейхэр, нэгъуэщIхэри.

2010 гъэм и гугъу тщIымэ, цIыхухэр нэхъ дэзыхьэхыу Санкт-Петербург дэт Эрмитажым, «Дворцовый», «Александр Невский» лъэмыжхэм, езы къалэм и администрацэм и унэ нэхъыщхьэм, нэгъуэщI абы хуэдэхэми ЩIым и сыхьэтым ирихьэлIэу уэздыгъэхэр къыщрачауэ щытащ.

Мы махуэм пэджэжхэр щIыпIэ хэхахэм щызэIуощIэ, щIыуэпсым и хъугъуэфIыгъуэхэр хъумэн зэрыхуейм щытопсэлъыхь, зэгъэзэхуэкIэм и мыхьэнэм и гугъу щащI, зочэнджэщ.

Урысейм и экологхэми къызэрыхалъхьауэ, «ЩIым и сыхьэт» дунейпсо Iуэхугъуэр ди къэралым япэ дыдэу зэрыщекIуэкIар «Ди планетэм дыдэвгъэIэпыкъу» фIэщыгъэр иIэущ. Зытрагъэхуауэ щытари ищхьэкIэ зи гугъу тщIа сыхьэт бжыгъэрт.            

                                                                            КЪУМАХУЭ Аслъэн.

Поделиться:

Читать также:

27.04.2024 - 09:56 НОБЭ
25.04.2024 - 09:00 НОБЭ
24.04.2024 - 13:21 ЩIым и махуэ
24.04.2024 - 11:43 НОБЭ
23.04.2024 - 09:45 НОБЭ