ГъащIэ насыпыфIэм, зэIузэпэщым и лъабжьэ

1950 гъэм щегъэжьауэ Узыншагъэм и дунейпсо махуэр мэлыжьыхьым и 7-м ягъэ­лъапIэ. Апхуэдэ махуэ щIыхахам и щхьэусыгъуэ нэхъыщ­хьэр я узыншагъэм гулъытэш­хуэ хуащIын зэрыхуейр  цIы­ху­хэм ягурыгъэIуэнырщ, ар егъэ­фIэкIуэнымкIэ зэ­фIэхыпхъэхэр убзыхунырщ.

Махуэшхуэм и тхыдэр ­къыгуэхыпIэ имыIэу епхащ ООН-м къудамэ щхьэхуэу къы­зэригъэпэща Узыншагъэр хъу­мэнымкIэ дунейпсо зэгухьэ­ныгъэм (ВОЗ) лэжьэн зэрыщIи­дзам. Абы и къалэн нэхъыщ­хьэр узыншагъэр хъумэн и лъэныкъуэкIэ цIыхухэр зыIууэ гугъуехьхэр зэфIэхынырщ. Зэгухьэныгъэм хэтщ къэрали 194-рэ. ВОЗ-м и IуэхущIапIэхэр къэ­рали 150-м щыIэщ, абыхэм яхэтщ Урысейри.
Узыншагъэр хъумэнымкIэ ­дунейпсо зэгухьэныгъэм и ­жэрдэмкIэ а махуэр цIыхухэр зыгъэгумэщI Iуэхугъуэшхуэхэм траухуэ хабзэщ икIи къыхуе­джэныгъэ щхьэхуэхэм щIэту йокIуэкI. Апхуэдэхэщ, псалъэм папщIэ, «Лъы зытхэр сымаджэ куэдым ядоIэпыкъу», «Жы­джэ­рагъыр гъащIэ кIыхьым и ­лъабжьэщ», «ЩIыуэпсым къы­щы­хъу зэхъуэкIыныгъэ мыщ­хьэ­­пэхэм узыншагъэр щыхъу­мэн», «Лъыдэуейм узэ­ры­пэ­щIэтынур», «Гъудэ-бадзэ лIэу­жьы­гъуэхэм кърахьэкI узыфэ зэрыцIалэхэр», «Ерыскъыпхъэ­хэм я шынагъуэншагъэр», «Фошыгъу узым дытекIуэнущ!», «Узыншагъэр хъумэнымкIэ IэнатIэм щыхуащIэ Iуэхутхьэбзэхэм цIыху псори къызэщIегъэубыдэн», «Ди планетэ, ди узыншагъэ», нэгъуэщIхэри. 
2024 гъэм Узыншагъэм и ­дунейпсо махуэр «Си узыншагъэр си хуитыныгъэщ» къы­хуеджэныгъэм щIэту йокIуэкI. Дунейм тет дэтхэнэ зы цIыхуми Iэмал иIэн ­хуейщ, зыщыщ лъэпкъми и ныбжьми емы­лъы­тауэ, узын­­шэу псэуну. ЩIыгум щыIэкъым узыншагъэ нэхърэ нэхъ лъапIэ. ЦIыхум и узыншагъэр хъумэныр, ар егъэ­­фIэкIуэныр дэтхэнэ зы ­къэ­ралыгъуэми и къалэн нэхъыщ­хьэщ.
ЦIыхум и узыншагъэр, псом япэрауэ, зэлъытыжар езыращ. Узыншэным, и чэзум зы­кIэ­лъыб­гъэплъыным узыфэ куэ­дым ущихъумэнущ, ар гъащIэ кIыхьым и шэсыпIэщ. Ауэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, куэдым я узыншагъэм хуэфащэ гулъытэ хуащIыркъым. Зэран къахуэхъу хьэлхэм зыщадзеиным дохутырхэм сыт хуэдизрэ къыхурамыджэми, абыхэм я чэнджэщхэм тетыр мащIэщ, зыкъыщащIэжыр узым къыхигъэщIа нэужьщ. Узыншагъэ быдэр ар гъащIэ насыпыфIэм, зэIузэпэщым я лъабжьэщ. Я къару илъу нэхъыбэрэ псэун ­папщIэ ВОЗ-м цIыхухэр къы­хуреджэ хьэуа къабзэм хэту­ ­нэхъыбэрэ къакIухьыну; щыс зэпыту лажьэхэм тхьэмахуэм тIэу-щэ къару зыхалъхьэ лэ­жьыгъэхэр ягъэзэщIэну; тэ­мэму шхэну - дагъэ зыщIэлъ ерыс­­къыхэр, фошыгъур, шы­гъур ягъэмэщIэну, пхъэщ­хьэ­мыщхьэхэмрэ хадэхэкIхэмрэ нэхъыбэ ящIыну; Iэпкълъэпкъым тэмэму зигъэпсэхун папщIэ сыхьэти 7 - 8-кIэ жеину; тутынымрэ фадэмрэ пэIэщIэ защIыну. Узыншагъэм дежкIэ нэхъыщхьэу икIи мыхьэнэшхуэ зиIэу а зэгухьэныгъэм къигъэлъагъуэр физическэ жы­джэрагъырщ.
Къэралым и къалэн нэ­- хъыщ­хьэхэм ящыщщ сабий узыншэ къэгъэхъунымрэ и цIы­хухэм къагъащIэ илъэс бжыгъэм хэгъэхъуэнымрэ. А Iуэ­ху­хэм ехъулIэ къэралым жыла­гъуэ лъэщ къыщIэтэджэнущ. Дэ ди къэралым а Iуэхум  гулъытэшхуэ щыхуащI, абы и щыхьэтщ «Демография», «Узын­шагъэр хъумэн» лъэпкъ проектхэр зэрагъэзащIэр. Къэбэрдей-Балъкъэрыр къапщтэмэ, а проектхэмкIэ къып­хуэмылъытэн лэжьыгъэшхуэ щIыналъэм щрагъэкIуэкI, республикэм узыншагъэр хъу­мэ­нымкIэ и IэнатIэм игъуэт зыу­жьыныгъэхэм лъабжьэ яхуэ­хъур ахэращ. А Iуэхум ди щIыналъэм хуэфэщэн гулъытэ зэрыщыхуащIым, абыкIэ ефIэ­кIуэныгъэ щхьэхуэхэр зэрыдиIэм и щыхьэтщ медицинэм  и унэтIыныгъэ зэхуэмыдэхэмкIэ къэралым щыпашэу къалъытэхэм зэрыхабжэр.
Урысей Федерацэм Узын­шагъэр хъумэнымкIэ и ми­нистерствэм, Профилактикэ медицинэмкIэ лъэпкъ медицинэ къэхутакIуэ центрым, ­«Волонтёры-медики» къэрал-псо жылагъуэ зэщIэхъееныгъэм зэгъусэу гъэ къэс мы махуэхэм ирагъэкIуэкI «Узыншэу щыт!» урысейпсо зэхыхьэр. Iуэхум и къалэн нэхъыщхьэр цIыхухэм я узыншагъэм гулъытэ хуегъэщIынырщ, узын­шэ­ным къыхуеджэнырщ, абы     и хабзэхэм ткIийуэ зэрытетын ­хуейр гурыгъэIуэнырщ.
Медицинэ Iуэхутхьэбзэ тэ­мэмыр цIыхухэм псоми зэ­хуэдэу ялъэгъэIэсыныр, узы­фэ­хэр къэмыгъэхъуным хуэгъэза профилактикэ лэжьыгъэр нэсу къызэгъэпэщыныр псом нэхърэ нэхъыщхьэу зэ­­-ры­щытыр къагурыIуэу я Iэ­натIэр ирахьэкI дохутырхэм. Ауэ Iуэхур кIуэта щыхъунур езы цIыхухэри я узыншагъэр ­хъумэным жэуаплыныгъэ пы­лъу бгъэдыхьэмэщ. Аращ УзыншагъэмкIэ дунейпсо зэгухьэныгъэм а Iуэхур Iэпэдэгъэлэл ямыщIу зыкIэлъып­лъы­жыну псори къыщIыхури­д­жэр. 

Поделиться: