Яхуэ­лъэщ сабийхэми

Фошыгъу диабетыр дунейпсо медицинэр зыIууэ узыфэ ­нэхъ гугъухэм икIи хьэлъэхэм хабжэ.  Мы зэманым фошыгъу узыр къефыкIыу дуней псом тетщ цIыху мелуан 450-рэ, абыхэм я нэхъыбэм - мелуан 424-м - узыфэм и 2-нэ лIэужьыгъуэр япкърытщ, нэгъуэщIу жы­пIэмэ, инсулиныр яхури­къуркъым. КъызэрагъэлъагъуэмкIэ, Урысейм а узыр зыпкърыту щыпсэухэм я бжыгъэр мел­уани 5-м ноблагъэ. Иужьрей зэманым дохутырхэр нэхъ игъэгузавэ хъуащ а узыфэр зэуалIэхэр нэхъыбэ зэрыхъум, ди жагъуэ зэрыхъунщи, балигъхэм я мызакъуэуи ар  яхуэ­лъэщ сабийхэми. Ар хэмытIасэу къэпхутэн щхьэкIэ узым зэрызыкъыуигъащIэ нэщэнэхэу гулъытэ нэхъ зы­хуэщIыпхъэхэм, ар зыпкърытыр зэрызыкIэлъыплъыжын хуейм ­тедгъэпсэлъыхьащ Налшык дэт Поликлиникэ нэхъыщхьэм терапевту икIи эндокринологыу щылажьэ Балъкъэр Дахэнагъуэ:

- Къыхэгъэщыпхъэщ фошыгъу диабетыр япэ, етIуанэ лIэужьыгъуэу зэрызэщхьэщыкIыр. Зэхуэдэ нэщэнэу яIэр ­лъым хэлъ фошыгъур зэрыдэкIуейрщ. Япэ лIэужьыгъуэ зиIэхэм я ­Iэпкълъэпкъым езым и инсулиныр къемэщIэкIыу мэхъури, ирагъэкъужын папщIэ хущхъуэ дэIэпыкъуэгъу хуащI. Ар мастэу ­халъхьэу аращи, псэухукIэ зрихьэлIэнущ. ЕтIуанэ лIэужьыгъуэм хуэдэ зиIэхэм нэхъыбэрэ урохьэлIэ. Сымаджэхэм я процент ­90-м узыфэр къызыхахар егъэлеяуэ пшэр зэрыхъурщ. Аращи, лы лей къызыщтэн щIэзыдза цIыхур а узыфэр иIэнкIэ шына­гъуэу къалъытэ гупым хабжэ. 
Зэпымыууэ псыхуэлIэ уиIэмэ, щIэх-щIэхыурэ угъутхьэну ­ухуеймэ, щIыфашхэ ухъуамэ, ахэр фошыгъу диабетым и ­«хъыбарегъащIэщ». ЦIыхухэм я деж нэсхьэсыну сыхуейт: фошыгъу диабетым зыщыфхъумэфынущ Iэпкълъэпкъым и «уэзджынэхэм» и чэзум гулъытэ хуэфщIмэ. Абы папщIэ лъым хэлъ фошыгъум и закъуэкъым щIэх-щIэхыурэ къэфпщытэн хуейр. Мыхьэнэшхуэ яIэщ инсулиным и щытыкIэми «индекс НОМА» анализыр зыхуэдэми. Абы къигъэлъагъуэ хэхъуэр нэхъ лъагэ­хукIэ, узыфэм нэхъ гъунэгъу фыхуохъу. Лъым хэлъ фошыгъур мардэм тету илъэс бжыгъэкIэ екIуэкIынкIи хъунущ, ауэ абы щыгъуэми инсулиным и щытыкIэр узыгъэгузавэу.
Фошыгъу диабетыр узыфэ бзаджэщ, ар зэрекIакIуэм елъытауэ, абы къегъэхъей нэгъуэщI узхэри. Псалъэм папщIэ, нэхэм ­зэралъагъум кIэреч, псантхуэ узыфэ зэхуэмыдэхэр къыхокI, жьэжьейхэр тэмэму мылажьэу мэхъу. Абы къыхэкIыуи сымаджэр дохутырым и жыIэм ткIийуэ тетыпхъэщ.
Узыр зыпкърыт цIыхум гъащIэ узыншэ зэрырихьэкIынум и акъылыр триухуэн хуейуэ аращ. Махуэ къэскIэ хьэуа къабзэм хэту къикIухьыпхъэщ, щхьэж и зэфIэкI елъытакIэ спорт лIэу­жьыгъуэ гуэрым зыдригъэхьэхыныр фIы дыдэщ, мыхьэнэшхуэ иIэщ жэщым сыхьэт 11-м нэхъ фIэмыкIыу угъуэлъыжыным, ­Iэпкълъэпкъри акъылри абы егъэсауэ тэмэму зыгъэпсэхуа ­ухъун пап­щIэ. Ерыскъым куэд дыдэ елъытащ: къэуат щIэлъу, ауэ емы­гъэлеяуэ щытыпхъэщ, IэфIыр хэгъэкIыпхъэщ, углевод зыхэлъ шхыныгъуэр гъэмэщIапхъэщ. Къапщтэмэ, фошыгъу диабетыр зиIэ сымаджэхэм я мызакъуэу, узыншэу щытыну хуей псоми я мардэщ ахэр. 
Ди жагъуэ зэрыхъунщи, фошыгъу диабетым и япэ лIэужьы­гъуэр пхуэгъэхъужыркъым, сымаджэр псэухукIэ инсулин мастэр зыхилъхьэнущ. ЕтIуанэ лIэужьыгъуэр и чэзум къаху­тэрэ, ар зиIэ цIыхур узыншэу зэрыпсэуным хущIэкъуу и шхы­-ным кIэлъыплъмэ, физическэ жыджэрагъэм хигъахъуэмэ, пхуэгъэхъужынущ. Абы и щапхъэхэр мащIэкъым. Узыфэр хэтIэсамэ, ар Iэмалыншэщ. Ауэ апхуэдэ сымаджэми дохутырым и жыIэр игъэзащIэу зэгугъужу зыкIэлъыплъыжмэ, узым нэхъ тыншу декIуэкIынущ.
«Ей, бетэмал, илъэс зыбжанэ ипэкIэ къызжепIахэм щхьэ семыдэIуарэт», - сымаджэхэм жаIэу сыт хуэдизрэ зэхэсха. Уи жагъуэ мэхъу зи узыншагъэм зыкъигъэза, сэбэп узыхуэхъуфыну сымаджэр дохутырым и гъусэу и узым пэщIэмыувэу, имыш­хыпхъэ ерыскъым кърит гурыфIыгъуэр япэ зэрыригъэщыр, апхуэдэ щIыкIэкIи абы къыхихыну ныкъуэдыкъуагъэр, уеблэ- мэ и гъащIэр езым нэхъ кIэщI зэрищIыжыр зыгуригъэIуэну хэмыту. Ди зэпсэлъэныгъэр къэзгъэсэбэпу газетым и щIэ­джыкIакIуэхэм лъэIукIэ захуэзгъэзэнут: фи сабийхэр фымэгъэшхакъуэ, балигъым и Iыхьэм хуэдиз къахутевмыгъэувэ, ерыс­къы къагъэнар евгъэшхыжынуи хэвмыгъэзыхь. Ди республикэм исщ пшэрыIуэу зэрыщытым къыхэкIауэ фошыгъу ­диабетым и етIуанэ лIэужьыгъуэр зиIэ щIалэгъуалэ куэд. Абыхэм сащепсалъэкIэ наIуэ мэхъу я хьэлъагъыр куэдыIуэ зэрашхым къызэрыхэкIар, шхыным хуаIэ нэхъуеиншагъэр я сабиигъуэм къызэрыщежьэр. Хабзэу зыхуэвгъэувыжи, махуэ къэс дакъикъэ 30 - 40-кIэ къызэрыфкIухьыным фыхущIэкъу. Фи фIэщ зэрыхъун, зыхэфщIэу абы фи щытыкIэр нэхъыфI ищIынущ.

Поделиться: