НэхъыфIхэм хабжэДунейпсо IэщIагъэлIхэри къыхашэу, Моск-ва щекIуэкIащ Неврологхэм я етIуанэ конгресс. Абы и утыку къыщрахьащ щхьэ куцIым щызекIуэ лъым игъуэта сэкъатым еIэзэнымкIэ лэжьыгъэм и пIалъэ нэхъыфI къэзыгъэлъэгъуахэм я Iуэху бгъэдыхьэкIэхэр. Урысейм и щIыналъэхэу ехъулIэныгъэ зиIэу къалъытахэм ящыщщ Къэбэрдей-Балъкъэрри. А унэтIыныгъэм IэнатIэр зэрехъулIэм теухуауэ конгрессым къыщыпсэлъащ КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм штатым хэмыт и невролог-IэщIагъэлI нэхъыщхьэ Улымбащ Эммэ. Абы къызэхуэсахэр щигъэгъуэзащ узыфэм пэщIэтынымкIэ республикэм и медицинэ IэщIагъэлIхэм лэжьыгъэр зэрырагъэкIуэкIым, Iуэхум ехъулIэнымкIэ IэнатIэм щытыкIэ псори зэпэщу къызэрыхузэрагъэпэщым.
Поделиться:
Читать также:
29.04.2024 - 13:08 →
«ТекIуэныгъэм и диктантым» фыхэт
28.04.2024 - 17:33 →
Псыхэр къабзэ хъун папщIэ
28.04.2024 - 13:01 →
Архитекторхэм я зэфIэкIхэр
28.04.2024 - 11:59 →
Пэрыт увыпIэр адэкIи иIыгъынущ
28.04.2024 - 10:57 →
ПсэупIэщIэхэр - гуфIэгъуэ щIыкIэм тету
|