Бзэмрэ псэмрэ зэпыщIащ

«Унагъуэр еджэмэ - къэралри йоджэ» къыхуеджэныгъэм щIэту 2024 гъэм гъат­хэпэм и 23 - 31-хэм къэралым и дэнэ щIыпIэкIи щрагъэкIуэкIащ «Сабий тхылъым и тхьэмахуэ» фIэщыгъэр зиIэ Iуэхугъуэ щхьэпэхэр. Абыхэм хыхьэу Налшык къалэм Сабийхэмрэ щIалэ­гъуалэмрэ творчествэмкIэ я уардэунэм иджыблагъэ зэIущIэ хьэлэмэт къыщы­зэрагъэпэщат. Ар хуэгъэпсауэ щытащ сабийхэм я анэдэлъхубзэр фIыуэ ялъагъуу къэгъэтэджыным, тхылъ еджэным дегъэхьэхыным, щIыпIэм и тхакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэм щыгъэ­гъуэзэным, лъэпкъ тхыдэм, хабзэм, щэнхабзэм фIыуэ хащIыкIыу щытыным. 

А махуэм сабийхэм яхуеблэгъат уса­кIуэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и лэжьакIуэ Хьэщыкъуей Олег. ЗэIущIэм апхуэдэу хэтащ Сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ творчествэмкIэ я уардэунэм и унафэщI КIэ­рашэ Аксанэ, абы и къуэдзэ ПщыукI ­Анютэ, къудамэм и унафэщI Мэршэн-          къул Марьянэ сымэ, нэгъуэщIхэри. 
Уардэунэм къекIуалIэ сабийхэм ядэ­лажьэ Бозий Мадинэ зэIущIэр къыщы­зэIуихым кIэщIу къытеувыIащ «Сабий  тхы­лъым и тхьэмахуэм» и тхыдэм. Абы къы­зэхуэсахэм ягу къигъэкIыжащ ар 1943 гъэм щегъэжьауэ къэралым зэрыщагъэ­лъапIэр. Апхуэдэ Iуэху дахэр, щIэблэм дежкIэ къыпхуэмылъытэну щхьэпэр ­къы­хэзылъхьауэ щытар тхакIуэ цIэрыIуэ ­Кассиль Левт. Хэку зауэшхуэр екIуэкIырт, мэ­жэщIалIэр куэдт, абыхэм я нэхъыбэр сабийт. Мис ар къагурыIуэу, ныбжьыщIэхэм   гугъуехьхэр   зытIэкIукIэ ща­­гъэгъупщэн, гукъыдэжыр къыхуаIэтын, езыхэми я къэкIуэнум лъабжьэ хуа­гъэтIылъын, щIэныгъэм, щэнхабзэм гу ­хурагъэщIын мурадкIэ зэхаублат а Iуэху­гъуэр. 
Япэ зэхуэсым кърихьэлIат сабий усакIуэ цIэрыIуэхэу Маршак Самуил, Барто Аг-ние, Чуковский Корней, Пришвин Михаил, Михалков Сергей, Дубровинэ Людмилэ, Кассиль Лев сымэ, нэгъуэщI куэди. Абыхэм я нэхъыбэр зауэм къыпэ­рыкIри, Мэзкуу къэкIуат сабийхэм яIущIэн папщIэ. «Сабий тхылъым и тхьэмахуэ» япэ зэ­хуэсым теухуа теплъэгъуэхэм Бозий Мадинэ къызэхуэсахэм телевизоркIэ иригъэплъащ. 
ИужькIэ, сабийхэр тепсэлъыхьащ нэхъыфIу ялъагъу тхылъхэм икIи абыхэм тращIыкIа сурэтхэр хьэщIэхэм ирагъэлъэгъуащ. ИтIанэ ахэр гъэхуауэ, дахэу къеджащ Хьэщыкъуей Олег и усэ Iэрамэм. Абыхэм я нэгум къищырт усэхэр зытеу­хуар къазэрыгурыIуэр, псэкIэ зэрызыхащIэр. ЦIыкIухэм хуабжьу яфIэгъэщIэгъуэн хъуащ а къызэджа усэхэр зытхар я пащхьэ зэрисыр. Абыхэм я нэ цIыкIухэр лыду, уеблэмэ я фIэщ мыхъу жыхуаIэм хуэдэу еплъырт хьэщIэ къахуэкIуам. Усыгъэм и дуней телъыджэм щIэблэр хэ­шэ­ным, тхыгъэр зи IэдакъэщIэкIымрэ абы еджэмрэ зэпыщIэным мыхьэнэшхуэ зэ­риIэр мыбдежым щынэрылъагъу дыдэт. 
Хьэщыкъуейм цIыкIухэм фIыщIэ яхуи­щIащ апхуэдэу дахэу и усэхэм къы­зэ­реджам, егугъуу зэрызагъэхьэзырам папщIэ икIи чэнджэщ яритащ тхылъ еджэ-ну, анэдэлъхубзэр IэщIыб ямыщIыну, ар фIыуэ зрагъэщIэну.
«Бзэ Iей щыIэкъым икIи бзэ нэхъыбэ пщIэныр фIы дыдэщ, ауэ ууейр къэбгъа­нэу, ар зыщыбгъэгъупщэу нэгъуэщIым ейм зыщептым деж ар насыпыншагъэщ. Абы дыкIэлъыплъын хуейщ, псом хуэмы­дэу, адэ-анэр. Бзэ пщIэнымрэ акъылы-фIэу ущытынымрэ зэпэщхьэхуэщ. Псалъэм папщIэ, къэхъункIэ мэхъу цIыхум хамэбзэ куэд ищIэу, ауэ Iущыгъэм, псэкупсэ къулеягъым хуэхейуэ, удэзыхьэхын пкърымылъу. Бзэ куэд зэрищIэми къыдихыжыфынукъым зи анэдэлъхубзэм и IэфIагъыр, и купщIэр зыIэщIэкIар. Япэ ирагъэщу хамэбзэхэр зэзыгъащIэу абы­хэм ирипсалъэ псори ямылейуэ губзы-гъэу икIи Iэзэу щыткъым, ари зыгурыдгъэIуэн хуейщ. НэгъуэщIым щхьэкIэ уи лъэпкъыбзэр ебгъэкIуэтэкIыныр тхьэ­мыщ­кIагъэщ. Аращи, анэдэлъхубзэр япэ изыгъэщу, адрейхэри фIыуэ зэзыгъащIэрщ хущIемыгъуэжынур. Абы и щапхъэхэм гъащIэм куэд дыдэрэ дыщрохьэлIэ. И анэдэлъхубзэкIэ къыжраIа гу­щэкъу уэрэдым, таурыхъхэм, хъыбархэм щIапIыкIа, абыхэм я IэфIагъыр, беягъыр зыпкърыхьа щIэблэрщ лъэпкъым и къэкIуэнур зэпхар. Бзэмрэ псэмрэ зэры­зэпыщIари зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым», - жиIащ усакIуэм. 
Апхуэдэуи ар тепсэлъыхьащ нобэ сабийхэр телефонхэм хуабжьу дихьэх зэрыхъуам, абы нэхъыжьхэр зэригъэпIейтейм. Зэманыр мэкIуатэ, дунейм псынщIэу ­зеужь, гъащIэм зехъуэж, махуэ къэси абы щIэ куэд къыхохьэ. Абыхэм ящыщщ те­лефонхэри планшетхэри. Иджырей тех­нологиер жыжьэ бэкъуащ, илъэс щэ ныкъуэкIэ узэIэбэкIыжмэ, уи нэгу къыпхущIэмыгъэхьэу щыта телъыджэ куэд ди нэкIэ тлъэгъуащ, къэдгъэсэбэп хъуащ, IэмэпсымэщIэхэм я зэфIэкIыр хьэкъыу тпхыкIащ.
«Сыт хуэдэ лъэхъэни жьыр щIэм йо­хъурджауэ, ауэ, Iуэхум пэжу деплъмэ, абыхэми дэри зыри дилажьэкъым, атIэ ар, дыхуей-дыхуэмейми, зэманым къытхуигъэува Iуэхугъуэщи, къэтщтэн хуейуэ къызолъытэ. 
Телефоныр сабийм къыщIытепхын, щIумыгъэIыгъын щхьэусыгъуи щыIэкъым, сэ сызэреплъымкIэ. Пэжщ, зэры­IэщIэлъ зэманыр гъэмэщIэн хуейщ. Япэм цIыхухэм еджэкIэ, тхэкIэ ящIэу щытакъым, ауэ зэманым зиужьурэ ­нэхъыжьхэри еджэжын хуей хъуащ, щIэ­ны­гъэн­шагъэр гъэкIуэдыным хуэгъэпса Iуэхухэр кърахьэжьэри. Иджыпстуи, те­ле­фонхэр сабийхэм къаIэщIэпхыпэмэ, ахэр екIуэкI зэманым къыкIэрыбгъэхуну   аращ. 

Иджырей технологиехэм жыджэру зеужь, ди щIалэгъуалэри нобэ гъащIэм ­къы­­щекIуэкIхэм щыгъуэзэн, дэбэкъуэн ­хуейщ. Абы зыри пхуещIэнукъым. Я зэраныгъэ къызыхэкIынум пэIэщIэ тщIы­уэ, зэрытхузэфIэкIкIэ дадэIэпыкъуу, гъуэгу захуэм зэрытедгъэувэным дыхущIэкъу зэпыту дадекIуэкIмэ нэхъыфIщ са­бий-хэм. Сыт хуэдэ пэубыдыныгъэми фIы къызэримышэри зыщыдгъэгъупщэ хъу­нукъым адэ-анэм. Телефонхэм я къэгъэсэбэпыкIэм теухуауэ иджыпсту ды­зыгъэпIейтей Iуэхухэм губзыгъэу хэкIыпIэ ­къахуэдгъуэтынырщ ди къалэныр», - жиIащ Хьэщыкъуейм. 
Къызэхуэсахэм упщIэ куэдкIэ хьэщIэм зыхуагъэзащ. Абыхэм псоми зэпкърыхауэ жэуап ягъуэтащ, иужькIи гукъыдэжрэ дэ­рэ­жэгъуэрэ ягъуэтауэ цIыкIухэр зэбг­рыкIыжащ, усакIуэми елъэIуащ иджыри хьэщIапIэ къахуэкIуэну. 
Я зэIущIэр гуапэу ягу къинэжын папщIэ фэеплъ сурэти зытрагъэхащ зэIущIэм и кIэухым. Нэрылъагъут абы хэта псоми я гур хэхъуэу, бзэ и лъэныкъуэкIэ яIэ зэ­фIэкIым хагъэхъуэн мурад яIэу зэрызэбгрыкIыжыр.
ТОМЭКЪУЭ  Iэдэм.

Поделиться: