Лъэпкъ хъугъуэфIыгъуэхэр

«Урысей» дунейпсо гъэлъэ­гъуэныгъэ-зэхуэсым хыхьэу мы махуэхэм ВДНХ-м и 75-нэ ­павильоным къыщеджащ адыгэ, балъкъэр усакIуэхэм я Iэдакъэ къыщIэкIа усэхэм. 

Сабийхэмрэ щIалэгъуа­лэмрэ творчествэмкIэ я уардэунэм и лэжьакIуэхэмрэ гъ­э­сэнхэмрэ махуэ зыбжанэкIэ «Урысей» дунейпсо гъэлъэгъуэ­ныгъэ-зэхуэсым зыкъыщагъэ­лъэгъуащ Къэбэрдей-Балъкъэ­рым и цIэкIэ. Ди республикэм и стендыр хухахат балъкъэр лъэпкъым и къэщIэрэщIэжы­ныгъэ махуэм. Ди щIыналъэм и лIыкIуэхэм хьэщIэхэр хагъэгъуэзащ лъэпкъ хабзэхэм, щэнхабзэм, тхыдэм. Кулиев Къайсын и усэхэм къеджащ лъэпкъ зэмы­лIэужьыгъуэхэм щыщ балигъ­хэмрэ сабийхэмрэ. 
Сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ творчествэмкIэ я уардэунэм и унафэщIым цIыхубэ, методикэ лэжьыгъэхэмкIэ и къуэдзэ Хьэ­рэдурэ Лидэ зэрыжиIамкIэ, Ставрополь крайм павильоным ли- т­ературэ зэхыхьэ къыщызэрагъэпэщащ икIи Урысейм и щIы-на­лъэхэм къикIа, лъэпкъ зэ­­мы­лIэужьыгъуэхэм щыщхэр я анэдэлъхубзэкIэ усэ къыщеджэну ирагъэблэгъащ. «Кавказ пшэплъхэр» ансамблым и къэфакIуэ ныбжьыщIэ, Налшык ­къалэм и курыт еджапIэ №27-м щIэс Бекъан Тамерлан къеджащ Лермонтов Михаил итха, Тхьэ­зэплъ Хьэсэн адыгэбзэкIэ зэри­дзэкIа усэм. 
- «Урысей» выставкэр щIэщыгъуэ зэрытщыхъуам и мыза-­къуэу, ди зэфIэкIым абы щы­хэдгъэ­хъуащ. Абы щекIуэкIа мастер-классхэр къытщхьэпэнущ ди IуэхущIапIэм и творческэ гуп­жьейхэр едгъэфIэкIуэным, зыдужьыным теухуауэ, - жеIэ Хьэрэдурэ Лидэ. - Ди республикэм и щIалэгъуалэм ди лъэпкъ фэилъхьэгъуэхэр абы зэрыщагъэ-лъа­гъуэр уасэншэщ! Къалэм и щIы­пIэ дахэхэм зыщытплъы­хьащ, Кремлри хыхьэу. 
ВДНХ-м и павильон зыбжанэм щыболъагъу къэралым и щIыналъэхэм, федеральнэ министерствэхэм, къэрал IуэхущIапIэхэм ягъэзэщIа Iуэхухэм къа­рикIуа ехъулIэныгъэхэр. Гъэ­лъэгъуэныгъэм щылажьэхэм, пщэдджыжьым сыхьэти 10-м щы­­щIэдзауэ пщыхьэщхьэр хэ­кIуэтэху цIыху куэдым епсэлъэну я пщэрылъщ, абы жэуаплыныгъэ зэрыпылъри зыхащIэ.
Зэхыхьэ гуапэр гъэнщIащ зэIущIэхэмкIэ, зыплъыхьакIуэхэмкIэ, къэпсэлъэныгъэхэмкIэ, концертхэмкIэ, декоративно-приклад-ной гъуазджэм и IэпщIэлъапщIэ­хэм я мастер-классхэмкIэ. Ахэр IэмалыфIщ ди щIыналъэм щып­сэу лъэпкъхэм я хабзэхэм, щэнхабзэм нэгъуэщIхэм зыхагъэ­гъуэзэнымкIэ. 
2023 гъэм щэкIуэгъуэм и 4-м, ЦIыхубэ зэкъуэтыныгъэм и махуэм ирихьэлIэу, къызэIуаха выставкэм цIыху мелуани 6-м щIигъу еплъыну хунэсащ. Гъэлъэгъуэныгъэ-зэхуэсыр 2024 гъэм бадзэуэгъуэм и 8 пщIондэ лэ­жьэнущ. Москва кIуэну къызы­хуихуэ дэтхэнэми ВДНХ-м сыхьэт зыбжанэкIэ зыщаплъыхьмэ, гъэ­щIэгъуэн куэд ялъагъунущ. 
Выставкэр къызэзыгъэпэщахэр https://russia.ru/ сайтым щы­щIоупщIэ гъэлъэгъуэныгъэм хыхьэу нэхъ гукъинэж ящыхъуа­хэм, къыкIэлъыкIуэ зэхуэсым ар Iуэхум къыхалъытэн папщIэ. 

ТЕКIУЖЬ  Заретэ.

Поделиться: