Къамылэжьам хэмыгъэIэбэн

УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу КИФЩI-м щыIэ Чайкэ Юрий иригъэкIуэкIащ хабзэм къемызэгъыу мылъку зрахьэлIэн папщIэ къагъэхъу щIэпхъаджагъэхэм япэщIэ­тынымкIэ гуп зэуIум и зэIущIэ. Абы видео-конференц IэмалкIэ хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек. 

Къызэхуэсахэм и гугъу ящIащ псэупIэ-коммунальнэ ­хозяйствэмрэ гъэсыныпхъэм елэжь IуэхущIапIэхэмрэ къэрал мылъкур гъэпцIагъэкIэ щызыдыгъухэм зэрапэщIэтыпхъэ Iэмалхэм. ЦIыхухэм хуащIэ Iуэхутхьэбзэхэм я уасэр и чэзум ирагъэтыным, гъэсыныпхъэри къэзыгъэсэбэпхэм хэкIуэдыкI щымыIэу зэралъэIэсыпхъэм тепсэлъыхьащ.  
«ЩIэпхъаджащIэхэм, Iуэхутхьэбзэхэр зэбгрызытыкI IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэри яхэту, хабзэм къемызэгъыу ­мылъку зрахьэлIэн папщIэ, Iэмэпсымэхэр зэрыкъутари Iуэхутхьэбзэхэр цIыхухэм ялъэбгъэIэсыныр зэрыгугъури къагъэщхьэпэ. Апхуэдэ узыхуэсакъыпхъэхэр щIыналъэм и экономикэми зэран хуохъу, цIыхубэри зыхуей хуэзэркъым», - къыхигъэщащ Чайкэ Юрий. 
КъинэмыщIауэ, гу зылъытапхъэхэм хохьэ къэралыр яхъу­мэным текIуэдапхъэу бюджетым къыхэкI мылъкур здэкIуапхъэм унэтIын зэрыхуейр. Утыку кърахьащ бюджет ахъшэр зэрызекIуэм теухуауэ къэрал мылъку хъумапIэм 2023 гъэм ищIа къэпщытэныгъэхэм кърикIуахэр. 

Поделиться: